Насып жыхуаIэр

ЕгъэджакIуэр сабийм и ущиякIуэ къудейкъым, ар абы сыт и лъэныкъуэкIи и щапхъэщ. Абы къыхэкIыу а IэщIагъэр къыхэзыхым къыгурыIуэн хуейщ щIэблэр щIэныгъэм дригъэхьэхыным и мызакъуэу, и гъэсэныгъэми зэрыхуэсакъыпхъэр. 
Зи гугъу фхуэтщIыну Пэунэж Залинэ 2005 гъэм КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ и къудамэр къиухри, Къубэ-Тэбэ къуажэм дэт курыт школ №1-м лэжьэн щыщIидзащ. Мы зэманым ар зыхунэсари мащIэкъым. Бахъсэн районым адыгэбзэкIэ щезыгъаджэхэм я зэхьэзэхуэм 2015 гъэм япэ увыпIэр абы къыщыхуагъэфэщащ, а илъэс дыдэм «2015 гъэм и егъэджакIуэ нэхъыфI» цIэр къыфIащащ. Пэунэжыр «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэ зэпеуэм жыджэру хэтщ. ЕгъэджакIуэм етIуанэ увыпIэ къыщихьащ анэдэлъхубзэр курыт школхэм щезыгъэджхэм я щIыналъэ зэпеуэу Мэхъэчкъалэ щекIуэкIам, адыгэбзэр езыгъэджхэм я зэфIэкIыр щагъэлъагъуэ урысейпсо мастер-классым япэ увыпIэр къыщыхуагъэфэщащ. IэщIагъэм зэрыбгъэдэтым, я лэжьыгъэр къызэрызэрагъэпэщым, я ехъулIэныгъэхэм теухуауэ мыращ Залинэ жиIэр.
- Сэ сыегъэджакIуэщ. Абы сропагэ. Сытым дежи еджэным сыдихьэхыу, щIэ гуэрхэм сыхуэпабгъэу сыщытащ. Ауэ IэщIагъэр къыщIыхэсхам сыщегупсысыжкIэ, ар зи фIыщIэу къэслъытэр адыгэбзэмрэ литературэмкIэ сэ езым си егъэджакIуэу, си ущиякIуэу щыта Щыгъэлы Женэщ. Ар пщIэшхуэ иIэу илъэс куэдкIэ и IэнатIэм пэрытащ, и ехъулIэныгъэхэмкIэ республикэ псом къыщацIыхуу. Абы дэтхэнэ сабийми бгъэдыхьэкIэ къыхуигъуэтырт икIи цIыху щыпкъэ куэд игъэсауэ жыпIэ хъунущ.  
Сыт хуэдэу гугъуу щымытми, егъэджакIуэ IэщIагъэр си дежкIэ хьэлъэкъым. Сабийхэр фIыуэ зэрыслъагъум псори сщхьэщихыжу къыщIэкIынщ. Си гупсысэр зытеухуар зыщ: си къэухьымкIэ еджакIуэхэм садэгуэшэнырщ, фIым хуэпабгъэ щIэблэ къэзгъэтэджынырщ. Дэ сабий зэхэгъэж тщIы хъунукъым, нэхъыщхьэжращи, дэтхэнэ зыми и фIэщ тщIын хуейщ абы цIыху нэс къызэрыхэкIынур. 
Псом япэу, егъэджакIуэм дэтхэнэ зыми и зэфIэкIыр здынэсыр къихутэн, икIи абы елъытауэ и лъэжьыгъэр зэтриухуэн хуейщ. Адэ-анэм нэхъ лъапIэ дыдэу яIэр - я быныр - ди IэмыщIэ къралъхьэр. АтIэ ахэр дгъэщIэхъу хъуну? Хъунукъым. 
  Сэ сызэреплъымкIэ, егъэджакIуэм лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIын хуейщ классым щIыхьэу, «Фи пщэдджыжь фIыуэ!» жиIэн ипэкIэ. Дэ куэдрэ «анэ етIуанэкIэ» къыдоджэ. А псалъэр дгъэпэжыпхъэщ. Зы щIыпIэ дежи ущыткIий къэхъунщ, щабэу сабийм уащыбгъэдэти щыIэнщ. 
ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэр къызэрехъулIэм и зы нэщэнэу собж абы еджакIуэ цIыкIухэр къежьэныр. Си дежкIэ насыпщ дерсым сыщыкIуэкIэ ахэр къызэрыспежьэр, махуэр зэрагъэкIуамрэ я щэху гуэрхэмрэ къызэрызжаIэр.
 ЕгъэджакIуэр зы лэжьэкIэм къытенэ хъунукъым. Абы зэпымыууэ зиужьын, зэманым зыдригъэкIун хуейщ. АбыкIэ сэбэпщ зэIущIэ зэхуэмыдэхэм ухэтыныр, къэхутэныгъэщIэхэр ебгъэкIуэкIыныр, компьютерымрэ егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIэ абы иIэ Iэмалхэмрэ къэбгъэсэбэпыныр, нэгъуэщIхэри. 
Урыс тхакIуэшхуэ Толстой Лев жиIэгъащ: «ЕгъэджакIуэм и лэжьыгъэр фIыуэ илъагъумэ, ар егъэджакIуэфIщ. Ауэ егъэджакIуэм сабийр и быным хуэдэу фIыуэ илъагъумэ, тхылъ псори щIэзыджыкIам нэхърэ нэхъыфIыжщ. Сабийми лэжьыгъэми хуиIэ лъагъуныгъэр зы зыщIыфа егъэджакIуэм къытекIуэн щыIэкъым». Сэ сыхущIокъу апхуэдэ егъэджакIуэ сыхъуным.
Анэдэлъхубзэм щIэблэр дегъэхьэхыным теухуауэ Залинэ щылажьэ школым куэд щрагъэкIуэкI. Абыхэм ящыщщ сочиненэ тхынкIэ, усэ къеджэнкIэ, ди тхакIуэхэм я сурэт щIынымкIэ, тхыгъэ зэджар теплъэгъуэкIэ къегъэгъэлъэгъуэжынымкIэ, адыгэ уэрэдыжьхэр жаIэнымкIэ зэпеуэхэр къызэрызэрагъэпэщыр.
ЕгъэджакIуэхэм дерс зэIухахэр ят, лэжьыгъэм теухуауэ зочэнджэщ, зэдоIэпыкъу. НыбжьыщIэхэр районми республикэми щекIуэкI конференцхэм, зэпеуэхэм жыджэру зэрыхэтыным хуагъэхьэзыр. ЕгъэджакIуэхэр, шэч хэмылъу, щогуфIыкI я еджакIуэ цIыкIухэм я ехъулIэныгъэхэм. Апхуэдэ дакъикъэхэм нэхъ зыхыуагъащIэ къыхэпха IэщIагъэм и мыхьэнэр. 
БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: