Мэзыхьэ Борис 1982 гъэм къыщыщIэдзауэ илъэс 15-кIэ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэу лэжьащ. Ари ирикъунт зылI и къалэну епхьэкIыну. Ауэ Борис а гъэ дыдэм щегъэжьауэ а къалэным и гъусэу зэрихьащ ди республикэм и Журналистхэм я союзым и унафэщI къулыкъури. Емышу и гуащIэ хилъхьащ жылагъуэ лэжьыгъэми.
Газетым и редакцэм щыщылэжьа зэман мымащIэм, илъэс 28-м, Мэзыхьэм къаруушхуэ ирихьэлIащ республикэ мыхьэнэ и пщалъэу адыгэбзэкIэ къыдэкI ди газет нэхъыщхьэр егъэфIэкIуэным, и бзэр узэщIыным, хэкум Iуэхугъуэшхуэу къыщыхъу псоми жану пэджэжу ар къыдэгъэкIыным. А зэманырщ зыхуэзэр ди бзэр тэмэму джыным, къэгъэсэбэпыным, ди хабзэ дахэхэр къэгъэщIэрэщIэжыным пыщIа Iуэхугъуэшхуэхэм газетым и гупэ нэхъ щыхуигъэзар. Пэжщ, къэралым къыщыхъуа зэхъуэкIыныгъэ инхэр а псоми я лъабжьэщ. Ауэ газетым и унафэщIыр, журналист гупыр а зэхъуэкIыныгъэм хуэмыхьэзыру къыщIэкIамэ, зэрыхъунур гурыIуэгъуэт.
Пэжщ, бзэм телажьэр газетым и закъуэкъым, ауэ республикэм адыгэбзэкIэ къыщыдэкI газет закъуэм абы и хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ зэфIигъэкIыр къыпхуэмылъытэнщ. ГъащIэм къигъэув упщIэ куэдым я жэуап щыбгъуэту, гъэсэныгъэм, щIэныгъэм, узыншагъэм, экономикэм, политикэм, тхыдэм, щэнхабзэм теухуа тхыгъэ купщIафIэхэр сытым дежи абы и напэкIуэцIхэм иту къогъуэгурыкIуэ ар лIэщIыгъуэ псо хъуауэ. Ахэр адыгэбзэ шэрыуэкIэ, дахэкIэ, къулейкIэ тхауэ щытыным мыхьэнэшхуэ иритырт Мэзыхьэм.
ИщхьэкIи къызэрыщыхэдгъэщащи, IуэхугъуэщIэхэм я зэхэублакIуэт Борис. Мэзыхьэ-редакторырщ зи фIыщIэр зэкъуэш республикищым – Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым - адыгэбзэкIэ щытрадзэ газетхэм я номер зэхэтхэр пIалъэ-пIалъэкIэрэ къыдэкIыныр хабзэ зэрыхъуари. Къыпхуэмылъытэн хуэдизщ, хамэ къэралхэм я мызакъуэу, ди къэралми, ди Кавказ Ищхъэрэ дыдэми щикъухьа адыгэ лъэпкъыр зэшэлIэжын, я псэукIэкIэ, я лэжьыгъэкIэ, я культурэкIэ нэхъ зэрыщIэ хъун папщIэ, а номер зэхэтхэм мыхьэнэуэ яIэр.
Адыгэхэр нэхъ зэгъэуIуауэ щыпсэу республикищым - Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгей Республикэм, Къэрэшей-Шэрджэсым - ди бзэкIэ дунейм къыщытехьэ газетхэр зэгъусэу къыдэгъэкIыным илъэс зыбжанэкIэ егупсысат Мэзыхьэр. 1982 гъэм, СССР-м и Журналистхэм я союзым и X съездым кIуауэ, абы теухуауэ епсэлъат «Социалистическэ Адыгейм» и редактору щыта Андырхъуей Жантемыр, ауэ Iуэхур къыдищтакъым, «националист» къытфIащынщ, жиIэри. А лъэхъэнэ дыдэм «Ленин нурым» и редактору лэжьа Шурдым Кушыкуи зытригъэхьатэкъым…
Ауэ а зэман дыдэм къигъэуват гъащIэм зэпэIэщIэ ищIа лъэпкъыр зэрызэрыцIыхужын, гурэ псэкIи, псалъэкIи, IуэхукIи зы хъужын щхьэкIэ Iуэхугъуэ гуэрхэр щIэн хуейуэ. Театрхэр, филармониехэр, джэгуакIуэ щхьэхуэхэр зэкIэлъыкIуэу, загъэлъагъуэу щытми, нэгъуэщI зэпыщIэныгъэ яIэтэкъым. Уеблэмэ, зэкъуэш тхакIуэхэм, журналистхэм ныбжьэгъугъэ яку дэлъыпхъэу къалъытэртэкъым. ЗызэпащIэну зэрыхуейр, зэрыпсэур, зэрыщыIэр ягу къихауэ зэхуаIуатэу зэрыгъэпсыпхъэр Мэзыхьэм игу хуигъэхуртэкъым. Абы хьэкъыпIэкIэ къыгурыIуэрт лъэпкъыр зэришэлIэжыным къару куэд ехьэлIэн, ар къыдэзыщтэн иIэн зэрыхуейр. Ар зыхузэфIэкIынур, псом япэрауэ, цIыхубэ хъыбарегъащIэ Iэмалхэрат - газетхэрат.
Аргуэру Мэзыхьэм захуегъазэ Адыгей Республикэмрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ къыщыдэкI адыгэ газетхэм я редактору ягъэувахэм – Мэрэтыкъуэ Рэмэзанрэ Къардэн Мухьэмэдрэ. Борис и жэрдэм дахэр дащтащ редакторыщIэхэми ахэр зи пашэ гупхэми. Апхуэдэу псыпэр ирашэжьащ. Япэ «летучкэхэм», журналистхэм фIэкIа зыхэмытахэм, къакIэлъыкIуащ лэжьакIуэ гупхэр, щIыпIэхэм щыIэ власть органхэм я унафэщIхэр къыздекIуалIэхэр. Абыхэм зэпсэлъэныгъэ, зэдэуэныгъэ куухэр ирагъэкIуэкIырт, Iуэхум хуэщхьэпэну гукъэкIхэр щащIырт. Журналистхэр зэхуэсхэм щытепсэлъыхьырт дунейм къытехьа къыдэкIыгъуэщIэр къазэрехъулIам, къадэмыхъуахэм, дяпэкIи гулъытэ зыхуащIыпхъэхэм.
«Сэ лъэпкъ газетым илъэс 28-кIэ сыщылэжьащ, корреспондент нэхъыщIэу сыуври, редактор нэхъыщхьэм нэс гъуэгуанэр зэпысчащ, абы къыхэкIыуи «Адыгэ псалъэм» нэхърэ сэркIэ нэхъ лъапIэ газет щыIэкъым. ЩыIэкъым, си къару куэд есхьэлIащи, лъапIэщ, цIыху дахэ куэдым сащрихьэлIащи, гуапэщ, сыт хуэдэцIэ зэрихьами, лъэпкъым хуэлажьэу къокIуэкIри. СегъэгуфIэ дэ къетхьэжьа Iуэхугъуэ зыкъомым, хыфIимыдзэжауэ, ноби газетым зэрыпищэр. Абы къикIращи, нэхъапэм редакцэм щIэса журналист нэхъыжьхэм я гуащIэр псыхэкIуадэ хъуакъым, абыхэм къакIэлъыкIуахэм я Iуэхум дэгъуэу пащэ, япэкIэ ягъэкIуатэ. ЛIакъуэхэм я къуэпсыр зэпычакъым», - щыжиIауэ щытащ Мэзыхьэ Борис и ныбжьыр илъэс 75-рэ щыхъум итауэ щыта инервьюм.
Борис зыцIыхуу щытахэм къыдэлэжьахэм зэрыжаIэжымкIэ, ар гъэсэныгъэ дахэ, хабзэшхуэ зыхэлъ, пщIэ зиIэ, цIыхур зылъытэу щытащ. «Мэзыхьэ Борис бгъэдэлът цIыхугъэ щытыкIи, лэжьакIуэ хьэл-щэни, ныбжьэгъугъэ пэжи. ШыIэныгъэшхуэ хэлът абы. Псом хуэмыдэу ар наIуэ къыщыхъуар унафэщI къулыкъум щыпэрытарщ. И унафэм щIэтым зыгуэркIэ лэжьыгъэр къызэпиудамэ е щхьэусыгъуэ гуэркIэ игу зригъэбгъамэ, макъ зегъэIэт къыхэмыкIыу, хуабжьу пкърыхьэ жыIэкIэкIэ зригъэцIыхужырт – игъэукIытэрт, ауэ губжьыр зэи зытригъэкIуакъым. И зыIыгъыкIэ къудеймкIэ пщIэ зыхууигъэщIырт, сыт щыгъуи нэщхъыфIэт, и унафэ щIэтхэм я лъэр игъэжану. Гудзакъэ зиIэ редактор нэхъыщхьэу щытащ, удэлэжьэнуи укъыдекIуэкIынуи егъэлеяуэ цIыху тыншт», - къыхощыж абы къыдэлэжьахэм я гукъэкIыжхэм.
Мэзыхьэ Борис езым и псалъэхэмкIэ жытIэнщи, зэгуэр «гурыщIэ пщтыр зыхуищIа «пщащитIым» - литературэмрэ журналистикэмрэ – зыр адрейм япэ иримыгъэщу хуэпэжащ, ахэр егъэфIэкIуэнымкIэ хузэфIэкIыр ищIэу псэуащ. И гъащIэр хуигъэпсащ адыгэ литературэмрэ журналистикэмрэ я зыужьыныгъэм, абыхэм ятригъэкIуэда гуащIэдэкIырщ лъэпкъ тхыдэм и абы цIэр къыхэзынари.