Хабзэхъумэхэм ятегуплIащУрысей Федерацэм и Следственнэ Комитетым и Следственнэ управленэу КъБР-м щыIэм Шэджэм районым щиIэ къудамэм уголовнэ Iуэху къиIэтащ щIыпIэм щыпсэум теухуауэ. Абы шэч хуащI УФ-м и УК-м и 318-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм къыщыхьа щIэпхъаджагъэр илэжьауэ.
Следствием къызэритымкIэ, 2025 гъэм щIышылэм и 17-м Урысей МВД-м Шэджэм районым щиIэ къудамэм и Гъуэгу плъыр къулыкъум и взвод хэхам и экипажым Щхьэлыкъуэ къуажэм и уэрамхэм язым къыщигъэувыIащ гъуэгу хабзэм ебэкъуа шоферыр зи рулым дэс машинэр. И тхылъхэр полицэм и лэжьакIуэхэм къаригъэлъагъуну щыхуагъэувым, ар къарукIэ къапэуващ инспекторитIым.
Следственнэ управленэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъу нэхъыжь, полицэм и полковник Багъ Мурат щыгъуазэ дызэрищIащи, шэч зыхуащIыр яубыдащ. Iуэхур зэхэгъэкIыным ехьэлIа лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
13.09.2026 - 11:18 →
ГъащIэр лъапIэщ
13.09.2026 - 09:58 →
Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
| ||




