Дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ сабийхэмрэ зэпещIэАдыгэ сабий литературэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуищIащ Гъубжокъуэ Лиуан (1937 - 1988). Абы и тхыгъэхэм къыщиIэт Iуэхугъуэхэр, ахэр зыхуэгъэпсар купщIафIэу зэпкърихащ филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор ХьэкIуащэ Мадинэ. «Ди къуажэ щIалэ цIыкIухэр» сборникым белджылы ищIащ дыкъэзыухъуреихь дунейм и щэхухэм тхакIуэр куууэ зэрыщыгъуазэр, псэущхьэхэмрэ къэкIыгъэхэмрэ лъагъуныгъэ ин зэрахуиIэр. Абы къыдэкIуэу Гъубжокъуэ Лиуан адрей тхакIуэхэм къащхьэщокI сабийм и гурыгъу-гурыщIэхэмкIэ и тхыгъэр гъэнщIауэ зэрыщытымкIэ. ТхакIуэм Iэзэу къегъэлъагъуэ цIыкIухэм я хьэл-щэн зэхуэмыдэхэр. Апхуэдэщ, псалъэм папщIэ, «Темыркъан и фоч» рассказыр. Абы тхакIуэм щызэпкърех лIакъуэхэм яку дэлъ зэпыщIэныгъэр, унагъуэм илъ хабзэм псоми я ехъулIэныгъэр зэрепхар. Хьэбалэ и адэ Темыркъан щакIуэ цIэрыIуэт. ЩIалэ цIыкIур иропагэ и адэм: Зэ тхьэкIумэкIыхь къеукI, зэ бажэ, зэ губгъуэ бабыщ. Абы и фочым темыхуэ ищIэркъым. Хьэбалэ и адэм и Iэзагъыр илъагъуурэ езыри нэщанэ еуэным дихьэхащ. Зэгуэрым Хьэбалэ нэщанэ еуэнымкIэ зэхьэзэхуэм япэ увыпIэ къыщихьат. Ауэ адэм ар игу дыхьэртэкъым, абы къуэм хуигъэдахэр фIыуэ еджэнырщ. Апхуэдэурэ Iуэху мыщхьэпэ къылъыкъуэкIащ: зыпэрыт хъушэм бгъэм щынэ хихащ. Абы щIалэ цIыкIум къыхуигъэнат щIакIуэм кIуэцIышыхьа и фочыр. Хьэбалэ къэдзыхакъым, бгъэм кIэлъыжэщ, джабэм щетIысэхым зригъэхьэлIэри, ар къиукIащ, щынэ цIыкIури псэууэ къригъэлащ. Мис апхуэдэу Хьэбалэ и адэм и Iуэхури и Iэзагъри зэрыригъэлъэгъун лIыгъэ зэрихьащ. «ЩакIуэ банэ» рассказым жыг хадэм щекIуэкIа теплъэгъуэ къыщеIуэтэж, сабий гупым цыжьбанэм жызум и гъуэм ирихьэу зэралъэгъуар. Ауэ жыг хадэм щылажьэ лIыжьым абыхэм ярегъэлъагъу цыжьбанэм щхъухь зезыхьэ блэ зэриукIар. Псэущхьэхэм теухуа а теплъэгъуэхэр художественнэ бзэ къулей, шэрыуэкIэ зэрытхам къыуегъащIэ авторымрэ къэзыIуэтэжымрэ къэзыухъуреихь дунейм и дахагъым зэрыдихьэхыр, фIыуэ абы зэрыщыгъуазэр. ТхакIуэм къэзыухъуреихь дунейм хуиIэ щытыкIэр тхылъеджэм бгъэделъхьэ, абы мыухыж къулеягъэ зэрыбгъэдэлъри къиIуэтэжхэмкIэ наIуэ пщещI. Мис апхуэдэ къэмыгупсыса Iуэхущ бзухэм лъагъуныгъэ хуиIэр къыщигъэлъэгъуэжа «ПцIащхъуэ» рассказыр зытеухуар. ЩIалэ цIыкIухэм пцIащхъуэ шырыр джэдум къыIэщIахащ. Ахэр абы еIэзэурэ ягъэхъужащ, иужькIэ ар еджапIэм къахьащ. ЕгъэджакIуэм хьэфэ мывэдз къызытриха щIалэ цIыкIум упщIэкIэ зыхуегъазэ: «Уэ зэгуэрым IэкIэ пIыгъа бзу псэу?... Уэ хьэфэ мывэдзкIэ къыумыудыхар?» абыи и Iэгум пцIащхъуэ кърагъэлар иригъэтIысхьащ. Нэрылъагъущ, псэ зыIут ущыхуэзэм деж, гурыщIэ хэха зыхыбощIэ. Аращ Мухьэз, хьэфэ мывэдзыр зей щIалэ цIыкIум, пхужымыIэну ар щIызэхищIар: «Мухьэз иджыри куэдрэ щытащ, зыгуэр игъэщIагъуэ хуэдэу…» Авторым псэущхьэхэм я дунейм дызыщымыгъуазэу хэлъ щэху куэд къытхузэIуех, икIи цIыхухэм къадекIуэкI гуэрхэм хуэдэ абыхэм я дунейм узэрыщрихьэлIэр умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Гъубжокъуэ Лиуан и рассказхэр гум дыхьэ сурэт щIэращIэщ, сабийм и псэр зыгъэпIейтейщ. Апхуэдэу, «Мыщэ-билетхэхым» ущеджэкIэ, уи нэгум наIуэу къыщIоувэ мыщэ, цIыху езыхужьахэм яIэщIэкIыну вагон нэщIым ипкIэу станцым нэс кIуар, итIанэ ар абы нэгъуэщI цIыхухэм къыщрахри, зоопаркым иратащ. ГушыIэкIэ гъэнщIауэ къыпщыхъу мы хъыбарым ныбжьыщIэри балигъри игъэнэщхъеин хузэфIокI: мыщэм и унэр трахащ, яубыдащ, иджы ар гъущI хъар зэв шынагъуэм щопсэу, цIэщIэу «Билетхэх» иIэу… ГушыIэ жанрым хуэпхь хъунущ «Мысост дадэ и тIы» рассказри. Мысост-дадэ зэгуэрым тIы пыджэрей къищэхури, и мыIэрысейм ирипхащ. Абы къилъэгъуащ мыIэрысэ дыгъуэ къежьа гъунэгъу щIалэ цIыкIу Жыраслъэн. Абдежым тIым щIалэ цIыкIум хуиунэтIащ, «и пщэр къыдишарэ и бжьакъуэхэр, жызумыжь къудамэ хуэдэу гъумхэр, игъэпIийуэ. Жыраслъэн джэлащ, мывэм и лъэгуажьэр триуду. Къэтэджыжыну хунэмысауэ - аргуэру удын». Абы лъандэрэ Жыраслъэн мыIэрысэ ишхыжыркъым. Гъубжокъуэ Лиуан и рассказхэм тIы пыджэрейм къыдэкIуэу ущрохьэлIэ жэм пыджэрейми. Жэм къуэлэн Джэмыдэ пыджэрейти, и бжьакъуэхэр памыхыу хъуакъым. Ауэ зэгуэрым пщIантIэм къыщилъэгъуа хъыджэбз цIыкIум - хъыбарыр къэзыIуэтэж щIалэ цIыкIум и шыпхъум - и нэкIум ебзеящ, и шкIэ цIыкIум зэребзейм хуэдэу. ТхакIуэм «ди шынэхъыщIэхэр» фIыуэ зэрилъагъур къыдгуригъаIуэу Хужь и жэмым и щапхъэкIэ зыхыдегъащIэ и быным пэIэщIэ хъуа анэм и гухэлъым и кууагъыр. Хужь и шкIэ цIыкIур къыщIача иужь хъуэкIуэн щигъэтащ, махуэ къэси и шкIэр зыдэт щIыпIэм къакIуэрт. Хужь шхэфыртэкъым, гъур хъурт, ерагъыу и лъэм зэрихьэжу арат. Жэмыр кърагъэлын щхьэкIэ, шкIэр иратыжын хуей хъуащ. Хужьи занщIэу зыкъиужьыжащ… КъызэрыгуэкIыу къэгъэлъэгъуами, унагъуэ, мэз псэущхьэхэм я гъащIэм къыхэха хъыбархэр гукъинэ пщохъу, пэжыгъэ нэс зэрахэлъымкIэ. Ар тотхыхь псэущхьэхэм я дунейм фIыуэ щыгъуазэ сабийхэм, IэщIагъэлIхэм а ныбжьыщIэхэм хуэдэу хащIыкI языныкъуэ псэущхьэхэм я зэхэтыкIэ-зэхущытыкIэхэм. Апхуэдэу, Мухьэдин цIыкIур куэдрэ псалъэмакъыншэу кIэлъыплъащ джэдкъазхэм, абы хузэфIэкIащ джэдхэр зыдыгъу бажэр къихутэн. И набдзэгубдзаплъагъымрэ бзухэм яхуиIэ лъагъуныгъэмрэ и саулыкъукIэ абы къихутащ гуэгушым и абгъуэ, бажэм щигъэпщкIуу мэзым щищIар къигъуэтыжын. Мухьэдин абгъуэри гуэгушри къригъэлащ. ЩIалэ цIыкIум и нэгу щIэкIащ теплъэгъуэ хьэлэмэт, джэдкъазым бзаджагъэкIэ хьэкIэхъуэкIэр и шырхэм къазэрыбгъэдишыфар. Абы лъандэрэ Мухьэдин «Джэдхэм я старостэкIэ» (рассказым и цIэщ) йоджэ. Куэд къызэщIэзыубыдэ, удэзыхьэх сюжетым авторым хегъэхьэ бжьыхьэ мэзым и дахагъыр: «ФщIэрэ фэ бжьыхьэм ди мэзхэм я дахагъыр? Бжейхэр ихъуреягъкIэ къыпхузэщIэмыубыдэу ину щытхэщ, хуэму щIы псыIэм тхьэмпэ гъуэжьыфэхэр трагъэщащэу. Пхъэдакъэхэр къэдабэ удзыфэпсым ещхь жыглыцымкIэ зэщIэкIащ. Дыгъэ мыпщтырыр, мамырыр жыг лъэдийхэм къыпхроплъри, бэджыхъ мин бжыгъэу мэз псор зыщIэзыщтам хоцIуукI».
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 15:00 →
Унэхэр
10.11.2025 - 13:30 →
И лIыгъэр ноби ящыгъупщакъым
08.11.2025 - 12:52 →
Гупсысэ щIэщыгъуэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр
08.11.2025 - 11:51 →
МЭЗЫТХЬЭ КЪЫДЭУИ!
06.11.2025 - 12:26 →
Литературэ зэпеуэхэм я нэхъ иныр иухащ
| ||



