Монголиер къахохьэ2025 гъэм гъатхэ губгъуэ лэжьыгъэхэр ирагъэжьэным ипэ къихуэу республикэм и мэкъумэшыщIэхэм нартыху жылапхъэу тонн зы миным нэблагъэ къэралым и адрей щIыналъэхэмрэ хамэ хэкухэмрэ хурагъэшащ. Россельхознадзорым и щIыналъэ къудамэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэ управленэм и IэщIагъэлIхэм апхуэдэ хъыбархэр иджыблагъэ къатащ, жылапхъэхэм я фIагъыр зыхуэдэр къапщыта иужь. Къэбэрдей-Балъкъэрым тонн 850-рэ къэралым и адрей щIыналъэхэм яхуригъэшащ. Нэгъабэ нэхърэ процент 15-кIэ нэхъыбэщ ар. Тонни 150-м щIигъур хамэ къэралхэм ярищащ. Ди продукцэр зыщэхухэм Монголиер мы гъэм япэу къыхыхьащ. Абыхэм хурагъэшащ пасэу хъу нартыху лъэпкъыфIхэм я жылэхэр. Жылапхъэхэр ди щIыналъэм ирашын ипэ къихуэу Россельхознадзорым и IэщIагъэлIхэм къапщытащ УФ-ми, хамэ къэралхэми щыIэ фито-санитар мардэхэм ахэр къызэритIасэр икIи абыхэм щыхьэт техъуэ тхылъхэри иратащ.
Поделиться:
Читать также:
20.01.2026 - 16:56 →
Къэдмыгъэсэбэпыж хабзэхэр
20.01.2026 - 13:15 →
Адыгэбзэм дэни сынехьэс!
20.01.2026 - 10:01 →
ПэхуэщIэхэр мэлажьэ
19.01.2026 - 20:04 →
Тутыныр зэранщ
19.01.2026 - 19:01 →
Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу
| ||




