Пасэу къахутар нэхъ гъэхъужыгъуафIэщКатегорие нэхъыщхьэ зиIэ дохутыр-оториноларинголог, эндоскопист Бэрокъуэ Мадинэ дыщигъэгъуэзащ ЛОР-узыфэхэр зыхуэдэм, ахэр къызыхэкI щхьэсыгъуэхэм. - ЛОР-узыфэхэм ящыщу нэхъыбэрэ цIыхухэр зыгъэсымаджэр сыт хуэдэхэра? - Нэхъыбэрэ дызрихьэлIэр синусит, гайморит узыфэхэрщ. Коронавирус узыфэ зэрыцIалэр Iэпкълъэпкъым егъэлеяуэ егуэуащ. Абы иужькIэ куэдым я тхьэкIумэм тэмэму зэхимыхыжу, нэжьгъу къупщхьэм шын ирищIауэ, нэгъуэщI дерт гуэрхэри иIэ хъуауэ зыкъытхуагъазэ. Иджыпсту нэхъ зызыубгъуар синуситырщ. Узыр хагъэтIэсауэ цIыхуи I0-м нэблагъэ къытхуокIуэ махуэ къэс. Мы узым иIэщ тыншу къыпхуэмыхутэ нэщэнэ гъэпщкIуахэр. Ахэр къыпхуэмыщIэмэ, Iэпкълъэпкъым и адрей пкъыгъуэхэми зэранышхуэ яхуэхъунущ. И тхьэкIумэм шын къикIыу иджыблагъэ къытхуэкIуащ сымаджэр, инсульт зиIэм и напэ лъэныкъуэр нэхъ къехауэ зэрыхъум хуэдэу уIуплъэрт и нэкIум. Медицинэ къэпщытэныгъэхэр езгъэкIуэкIри, узыр къызэрищIам, адэкIэ и Iуэхур къызэрекIуэкIар къезгъэIуэтэжурэ къызгурыIуащ и щхьэкъупщхьэм нэсауэ зыгуэр зэрыщыщыIэр. И нэкIу къупщхьэр КТ тщIыри, а сызэрыгугъам хуэдэу зэрыщытыр наIуэ къэхъуащ. Республикэ сымаджэщым и нейрохрургие къудамэм дгъакIуэри, абы операцэ щащIащ. Псом хуэмыдэу ди цIыхухэр еукI лъынтхуэр зэхуэзышэ медицинэ ткIуаткIуэхэр куэдрэ къызэрагъэсэбэпым къыхэкIыу, хуиту мыбэуэфу я пэр щиубыдыкI зэрыхъум (медикаментозный ринит). Пэм ирагъаткIуэ апхуэдэ ткIуаткIуэхэр цIыхухэм зэпамыгъэууэ илъэс бжыгъэкIэ къагъэсэбэп, унэм щыдэсми къыщыдэкIми Iэгъуэу яIыгъыу. Аллергие зиIэми пыхусыху зыпкърытми зрахьэлIэу щIадзэри, ипэхэм деж сэбэп къазэрыхуэхъуам къыхэкIыу, яхухыфIэмыдзэжу абы йосэ. Нэхъыбэ дыдэу ахэр къызэрыбгъэсэбэп хъунур махуи 3-5-щ. Пэм зыхищIэ щIыIэм е хуабэм елъытауэ щиубыдыкIыу хъууэ аращ, апхуэдэ щытыкIэр Iэпкълъэпкъым зэрызихъумэж Iэмалщ. «Жэщым сабийр хуиту бэуэфыркъыми, илъэситI хъуауэ ткIуаткIуэхэр къыдогъэсэбэп», - жеIэ анэм. И къыгурымыIуэныгъэкIэ и сабийм и узыншагъэм апхуэдэ щIыкIэкIэ зэран хуохъу. Дохутырым зыхуэвгъэза, и чэнджэщ фыщIэдэIуа?! Зы дохутырми къыбжиIэнукъым пIалъэ кIыхькIэ ар зэпхьэлIэн хуейуэ. Илъэс I5-кIэ медицинэ ткIуаткIуэхэр зи пэм изыгъэткIуамрэ наркоманымрэ зыкIи зэщхьэщыкIыркъым, къагъэсэбэп препаратыр мыхъумэ. Псалъэм папщIэ, наркоманым наркотик щимыгъуэтым и деж, нафтизин ткIуаткIуэр и пэм иригъаткIуэурэ, и нэм щIигъаткIуэурэ зэрыт щытыкIэ хьэлъэм къокIыф. Псом япэрауэ, а ткIуаткIуэхэр зэранышхуэ хуохъу цIыхум и гу-лъынтхуэ лэжьэкIэм. Iэзэгъуэ иIэщ абыи. Есауэ илъэс бжыгъэкIэрэ ар зи пэм изыгъаткIуэу щытар, тхьэмахуэ нэхъ дэмыкIыу нэхъыфI къохъуж. «Мыбы и Iэзэгъуэ зэрыщыIэр иджыри къэс щхьэ зэдмыгъэщIарэ?» - жаIэу я щхьэр фIаудыжу си деж щIокIыж. ТэмакъыщIэм и IуэхукIэ, псом япэу гурыщхъуэ уэзыгъэщI нэщэнэщ макъ икIар. ТхьэмахуитIым къриубыдэу къимыутIыпщыжамэ, адэкIэ умыгъэгувэу эндоскопие, КТ къэпщытэныгъэхэр егъэщIын хуейщ. Тхьэмахуэ кIуам си деж щыIа щIалэм и тэмакъыщIэр лышх хъуауэ къэтхутащ. ИлъэскIэ и макъыр икIауэ щытащ, къызэремыузым къыхэкIыу гулъытэшхуэ иримыту. «Сошхэф, собэуэф, зыри къызэузыркъым, си макъыр икIамэ, къихьэжынщ», - жаIэурэ хагъэтIасэ. ТэмакъыщIэр лышхым щиубыдам и деж узыркъым, къытызогъэзэжри, тхьэмахуитIкIэ макъыр икIауэ щытмэ, ар ущIызыщIэгупсысыжын щхьэусыгъуэщ. Къыхэзгъэщыну сыхуейт: а узыфэ шынагъуэр къывэмыуэлIэн папщIэ тутын Iугъуэ гуащIэм, щIыIэм, пщтырым фи тэмакъыщIэр щыфхъумэ. ЗыгуэркIэ ар фиIэу къахутамэ, хэвмыгъэтIасэу зэрывгъэхъужыным иужь фит. Пасэу къахута сыт хуэдэ узыфэри куэдкIэ нэхъ гъэхъужыгъуафIэщ. - Ди зэманым цIыхухэм куэдрэ къагъэсэбэп хъуащ зыгуэрым зэредаIуэ тхьэкIумэIулъхэр. Сыт хуэдэ зэраныгъэ абы иIэнкIэ хъунур? - Шэч хэмылъу, куэдрэ къэбгъэсэбэпыныр зэранщ. ПIалъэ пыухыкIа иIэн хуейщ абыи: махуэм нэхъыбэ дыдэу сыхьэтитI. Уи тхьэкIумэм и къабзагъэми егугъуу кIэлъыплъыпхъэщ. Махуэ къэс ягъэкъабзэу пIэрэ тхьэкIумэIулъхэр?! КъищынэмыщIауэ, зым и тхьэкIумэм илъар адрейм къегъэсэбэп, абыкIэ узыфэ гуэр зэрызэIэпахынкIэ хъунур ягу къэмыкIыххэу. Мис апхуэдэхэм деж тхьэкIумэр зыкуэдэ тхъуэбзащхъуэр нэхъ псынщIэу ирещIэ, абы узыфэ зэхуэмыдэхэри къыдохъей. КъищынэмыщIауэ, ину дэшеяуэ макъамэ зэредаIуэри тхьэкIумэIупсым зэран хуэхъунущ, япэщIыкIэ фIыуэ зэхимыхыжу, итIанэ дэгу хъункIи шынагъуэ щыIэщ. Мыбдежым цIыхухэм гулъытэ хуезгъэщIыну сыхуейт тхьэкIуэмэм и къабзагъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм. Зы хъыбар фезгъэдэIуэнщ. Зи ныбжьыр илъэс 55-рэ хъу цIыхубзыр и тэмакъыр узу си деж къэкIуащ. И тэмакъми, и пэми сеплъауэ, тхьэкIумэм сыщынэсым: «КхъыIэ, тхьэкIумэм уемыплъ, къызэузыркъым, илъэсиплI сызэрыхъурэ лъэныкъуэм зэрызэхимыхщ. Си тхьэкIумэр къызэузу дохутырм и деж сашэри къызэIэзащ, ауэ абы иужькIэ зэхэзмыхыу сыхъуащ», - жиIащ. АрщхьэкIэ, сэ си къалэныр сощIэж жысIэу, тхьэкIумэм сыщиплъам, слъэгъуам сыкъигъэуIэбжьат. Хущхъуэ гуэрхэр хуизгъаткIуэри, къистхьэщIыкIыжащ. Тхъуэбзащхъуэр кIэрищIэжауэ, си Iэпхъуамбэ цIыкIум хуэдиз хъууэ быдэу шыхьа бинт игъухьар тхьэкIумэм къисхыжащ. Абдеж къэхъуар фIэщщIыгъуейт - цIыхубзым и тхьэкIумэ лъэныкъуэм зэхих хъужат! Ди цIыхухэр мэшынэ я тхьэкIумэр ятхьэщIыну, къралъэщIыкIмэ, зэфIэкIа я гугъэщ. Ар къыщежьэр щысабийм и дежщ. «Уи тхьэкIумэр убыд, псы иумыгъэлъадэ», - жаIэурэ ягъэшынэ. Япэ илъэс ныкъуэращ сабийм и тхьэкIумэр щамытхьэщIыр, итIанэ щыбгъэпскIэ хуэмурэ богъэкъабзэ, иужькIэ езым и Iэпхъуамбэ цIыкIум сабын хущыпхуэурэ, здынэсым нэскIэ ибогъэIэбэри, псыкIэ къыхуботхьэщIыкIыж. АдэкIэ напэIэлъэщIкIэ богъэгъущыж. Илъэс 70 хъууэ игъащIэм си тхьэкIумэм псы изгъэлъэдакъым жызыIэхэми сарохьэлIэ.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 13:30 →
Фашизмэм и «напэр»
11.11.2025 - 13:10 →
Дахэ нэщэнэхэр къызытещхэр
11.11.2025 - 13:00 →
ЩIыуэпсым епха гъэщIэгъуэнхэр
11.11.2025 - 12:30 →
Кувейтым мэлъатэ
11.11.2025 - 12:01 →
Бахъсэн къалэр ягъэдахэ
| ||



