Спорт хъыбархэрХабзэхъумэхэр зэпоуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм хыхьэхэм дзюдомкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 15-м я бэнакIуэ, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 200-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуахэу икIи ахэр щIэбэнащ медаль комплекту 14-м. Зэхьэзэхуэр ирагъэжьэн ипэ къихуэу спортсменхэмрэ зэIущIэм кIэлъыплъыну къэкIуахэмрэ захуигъэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и унафэщI Крючков Вячеслав. «Хэку зауэшхуэм дызэрыщытекIуэрэ мы гъэм илъэс 80 зэрырикъумрэ Хэкум и хъумакIуэм и илъэсу ягъэувамрэ гъэлъэпIэным хуэунэтIауэ щытынущ нобэрей зэхьэзэхуэри абы иужькIэ едгъэкIуэкIынухэри. Дэтхэнэ зыми лэжьыгъэшхуэ фщIащ икIи зывгъэхьэзыращ. Псоми сынывохъуэхъу текIуэныгъэ къэфхьыну», - жиIащ министрым. Апхуэдэу псалъэ гуапэхэр къызэхуэсахэм жраIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ, Олимп джэгухэм я чемпион Къардэн Муратрэ республикэм спортымкIэ и министрым и къуэдзэ Анаев Аслъэнрэ. МахуитIкIэ екIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ бэнакIуэ 28-кIэ хэтащ икIи абыхэм щыщу 5-м медаль зэхуэмыдэхэр къахьащ. Килограмм 81-рэ зи хьэлъагъхэм я деж щыбанэ Мамий Аскэр япэ щыхъуащ. Дыжьын медалыр къихьащ Соблыр Атмир. Ар щыбанэр килограмм 73-рэ зи хьэлъагъхэр зыхэт гупырщ. Ещанэ увыпIэр къахьащ Уэсмэн Алихъан (кг 60), Шыкълъашэ Елдар (кг 66-рэ), Балъкъыз Залым (кг I00+). Зэхьэзэхуэм щытекIуахэр «Динамо» спорт зэгухьэныгъэм и щIыхьыр яIэту хэтынущ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм мэлыжьыхьым Волгоград къалэм щекIуэкIыну зэIущIэм. Пщыбий Амир къахожаныкI Испанием и Малага къалэм щекIуэкIащ Европэм и Кубокыр дзюдомкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэрал 25-м я бэнакIуэ 580-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 23-м щIимыгъуахэу, къитащ КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм. Урысей Федерацэм и командэ къыхэхам хэту абы щыбэнащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ спортсмен Пщыбий Амир икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, килограмм 60 зи хьэлъагъхэм я деж ещанэ увыпIэр къыщихьащ. Ди щIалэм и тренерыр Куп Эдуардщ.
Медалу 77-рэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм универсальнэ зэзауэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Ставрополь крайм, Дагъыстэным, Осетие Ищхъэрэ - Аланием я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 300-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 12-м къыщыщIэдзауэ 18-м нэсыху хъууэ. Ди республикэм и командэр цIыхуи 108-рэ хъурт икIи абыхэм ящыщу 77-м медаль зэхуэмыдэхэр къахьащ, абыхэм къадэкIуэу, гупхэм я зэпеуэми япэ увыпIэр щаубыдащ. КъБР-м и спортсменхэр зэпеуэм хуагъэхьэзыращ Бейтыгъуэн Руслан, Щомахуэ Казбек, Тхьэщыгъуей Анзор, Куэцэ Мурат, Къардэн Елдар, Джаппуев Алий, Къуэдзокъуэ Ислъам, Дзэгъэл Аслъэнбий, Гериев Хъусен, Хьэщыкъуе й Артур сымэ. Зэхьэзэхуэм япэ увыпIищыр къыщызыхьахэр хэтынущ УФ-м пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм гъатхэпэм и 21 -23-хэм Санкт-Петербургрэ УФ-м и чемпионату мэкъуауэгъуэм Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэмрэ щрагъэкIуэкIыну зэIущIэхэм. ТОМЭКЪУЭ Iэдэм.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2025 - 16:28 →
Медалищ къахьащ
17.03.2025 - 17:00 →
ТекIуэныгъэ Иным и щIыхькIэ
17.03.2025 - 15:40 →
МинитIым щIигъу зэхуэсат
17.03.2025 - 15:00 →
Суздаль медалищ къраш
11.03.2025 - 13:35 →
Спорт хъыбархэр
|