ТекIуэныгъэ - 80
1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и нэпкъыжьэ къызытемына зы унагъуи щыIэу къыщIэкIынкъым. ТекIуэныгъэр къахьыным хуэпабгъэу, куэдым я щхьэр халъхьащ гущIэгъуншэу, лъапсэрыхыу екIуэкIа зауэ гуащIэжьым.
Хэкур къыщеджэм зылI и быну зэдэтэджащ Къулъкъужын Ипщэ щыщ Къумыкъухэ Хьэбыж, ХьэкIашэ, Исуф, СулътIан, Хьэзиз, ФэтIихь, БетIал сымэ. Ахэр щхьэмыгъазэу бийм пэщIэтащ, лIыгъэм и щапхъэ къагъэлъагъуэу. Псэууэ къэзыгъэзэжар БетIал и закъуэт. Адрейхэм 1942 гъэм зэуапIэ губгъуэм я щхьэр щагъэтIылъащ.
ТIэибрэ Дарихъанрэ я къуэ БетIал 1922 гъэм гъатхэпэм и 22-м Къулькъужын Ипщэ къуажэм къыщалъхуащ. НыбжьыщIэм зыдэплъеин иIэт: и къуэш нэхъыжьхэу Цунэ, ФIыцIэ, Уэлий сымэ и щапхъэт. Езым къыкIэлъыкIуэ Данили губзыгъэу, жыIэдаIуэу къэхъурт. Зэшитхум я шыпхъу закъуэ ЛъапIэ абыхэм я гъэфIэнт.
Ауэрэ сабиигъуэр йокI. БетIали курыт еджапIэр къеух. Илъэс 18 ирикъуу и ныбжь щынэсым, хы Хуэм флотым къулыкъу щещIэ. Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди Хэкум къытеуа иужь, кхъухьым ису 1942 гъэм и щIышылэ пщIондэ БетIал бийм япэщIэтащ. ИужькIэ Iуэхум хуагъэхьэзырри, и ныбжьэгъухэр и гъусэу, лъэсыдзэ-фочауэ бригадэм хагъэхьащ, зэхэуэ гуащIэхэм хэтащ.
Апхуэдэу къэмылэнджэжу зэуапIэ губгъуэм иту, 1943 гъэм и гъэтхэпэ мазэм БетIал уIэгъэ хьэлъэ хъуащ. Абы фэбжьышхуэ игъуэтат, и Iэ, и лъакъуэ ижьхэр къыдэбзыжыртэкъым, ныкъуэдыкъуэу къэнэнкIэ шынагъуэ щыIэт. И насып текIуэри мо щIалэ Iэчлъэчыр уIэгъэм пэлъэщащ, мазитI иримыкъум и узыншагъэр зэтеувэжри, зыхэта гупым яхыхьэжащ.
ИужькIэ мызэ-тытIэу БетIал уIэгъэ хъуащ, къыщигъэзэжами абыхэм куэдрэ зыкърагъэщIащ, гугъу ирагъэхьащ, зэрыпсэужа илъэс 50-м къриубыдэу и щхьэ къупщхьэм лагъым къутахуэ хэлъу кърихьэкIащ. ЛIыгъэ лей зэрихьауэ зэи зыкъыщыхъужакъым.
БетIал къигъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ къыпэкIуэу, абы къыхуагъэфэщауэ щытащ орденхэмрэ медалхэмрэ и гуащIэр къызэралъыта щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр.
Зауэ нэужьым Iэщ дохутыру еджэри, колхоз унафэщIхэри къуажэдэсхэри къыхуэарэзыуэ илъэс 40-м щIигъукIэ а IэщIагъэм ирилэжьащ. БетIал цIыху щабэт, гущIэгъулыт, адэ гумызагъэт набдзэгубдзаплъэт. Абырэ и щхьэгъусэмрэ бынибл зэдагъуэтащ, ягъэсащ, гъуэгу захуэ трагъэуващ.