Сом мелардитIым щIигъу2024 гъэм Шэджэм щIыналъэм и бюджет зэхэтым ахъшэу ягъэкIуар сом меларди 2-м щIигъуащ икIи ар процент 25-кIэ нэхъыбэщ абы ипэ ита илъэсым яхузэфIэкIам нэхърэ. Апхуэдэу щыхъукIи, районым езым и хэхъуэр сом мелуан 816,7-рэ хъуащ. 2023 гъэм елъытауэ налогымрэ налогым хэмыхьэ ахъшэу къыхахыну илъэс блэкIам ятелъа къалэным хуэдищкIэ щIрагъэгъуащ нэгъабэ икIи ар сом мелуани 190-м щIигъуащ. «Шэджэм щIыналъэр илъэсым къриубыдэу езым иIа хэхъуэм и куэдагъымкIэ республикэм и районхэм я деж щыпэрытщ. Абы и фIыгъэкIэ муниципалитетым игъэзэщIащ социальнэ Iуэхуу къыпэщылъамрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек и унафэхэмрэ, абыхэм къарикIуэуи, ди цIыхухэм я псэукIэр нэхъыфI хъуным ахэр шэсыпIэ хуохъу», - жиIащ Шэджэм щIыналъэ администрацэм и унафэщI Борсэ Юрэ. ЖыпIэнурамэ, щIыналъэм щылажьэ лъэпкъ пэхуэщIэхэмрэ къэрал программэхэмрэ япкъ иткIэ 2024 гъэм Шэджэм къалэм щаухуащ иджырей курыт еджапIэ зэпэщ, еджакIуэ тIысыпIэу 820-рэ иIэу. Егъэджэныгъэм пыщIа ухуэныгъэхэм ящыщу районым ар щынэхъ ин дыдэщ. Апхуэдэуи Щхьэлыкъуэ къуажэм щаухуащ спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэм зыщыхуэбгъасэ хъуну комплексрэ стадионрэ. Мыбдежми зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ нэсу къызэгъэпэща хъуащ ахэр. Абыхэм нэмыщI, Звезднэ жылэм иджырей мардэм къитIасэ, къызыхуэтыншэу зэгъэпэща амбулаторэ къыщызэIуахащ. Апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ Яныкъуей къуажэм дэт дохутыр амбулаторэми. Иджыпсту Щхьэлыкъуэ, Нартан, Шэджэм Ищхъэрэ къуажэхэм, Шэджэм къалэм я сымаджэщхэри зэрагъэпэщыж. ЩIыналъэм и жылэхэр зэIузэпэщ щIыным, цIыхухэр куэду щызэхуэс я щIыпIэхэр зыхуей хуэгъэзэным ехьэлIа лэжьыгъэхэр зэпагъэуркъым. Иджыпсту районым къыпэщылъ къалэнхэм щынэхъыщхьэр цIыхухэр псы къабзэкIэ зэпымыууэ къызэгъэпэщынырщ. Абы къыхэкIыуи, жьы хъуа бжьамийхэр дэнэ щIыпIэкIи щызэрахъуэкI. Псалъэм къыдэкIуэу, 2024 гъэм апхуэдэ лэжьыгъэхэр щрагъэкIуэкIащ Шэджэм Ипщэ, Щхьэлыкъуэ къуажэхэм, Шэджэм къалэм. Псори зэхэту километри 8-м щIигъу бжьамий мы щIыпIэхэм щызэрахъуэкIащ. Дызэрыт илъэсым зэлэжьэну IэнатIэхэр иджыпсту яубзыху, зыхуэныкъуэну Iэмэпсымэхэмрэ абыхэм ирахьэлIэнухэмрэ къащэху. Эльтюбю жылэм, Шэджэм къалэм Лениным и цIэр зезыхьэ, Советскэ уэрамхэм цIыхухэм псы къабзэ зэраIэрыхьэ я бжьамийхэр щызэрахъуэкIынущ. Псори зэхэту абыхэм километри 6-м щIигъу я кIыхьагъщ. «Псы къабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ, Шэджэм щIыналъэм и мылъкукIэ иужьрей илъэситхум псы къабзэ къызэрыщIаш ухуэныгъэу II ящIащ, жьы хъуа бжьамийуэ псори зэхэту километри 100-м щIигъу зэрахъуэкIащ.
Поделиться:
Читать также:
07.06.2026 - 09:30 →
Гугъуехьхэм къапимыкIуэту псэуа
06.06.2026 - 12:26 →
Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж
05.06.2026 - 18:43 →
ХъуэпсапIэр уи фIэщ хъумэ…
05.06.2026 - 16:51 →
УсакIуэшхуэм и цIэр иджыри мэIу
05.06.2026 - 16:29 →
Урысыбзэм и махуэр щIэлъапIэр
| ||




