Спорт хъыбархэрКубокым щIэбэнынущ Урысей Федерацэм кёкусинкай-каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Мэзкуу къалэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм медалиплI къыщахьащ. Зэпеуэм хэтащ ди къэралым и каратист, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 1200-м нэблагъэ, абыхэм ящыщу 22-р Налшык икIауэ. Илъэс 12 - 13 зи ныбжьхэм я деж домбеякъ медаль къыщихьащ Ашэхъмэт Ратмир (кг 35-рэ). А гуп дыдэм етIуанэ щыхъуащ Тхьэзэплъыж Дамирэ (кг 55-рэ). НыбжьыщIэхэм я зэпеуэм ещанэ увыпIэр щиубыдащ АфIэунэ Самирэ (кг 55-рэ). Ветеранхэм я деж апхуэдэ ехъулIэныгъэ щызыIэригъэхьащ Бахъсэн Хьэсэн (кг 90). Ди спортсменхэм иджы къапэщылъщ дуней псом и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм дыгъэгъазэм Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну. Командэр зэпеуэхэм хуагъэхьэзыращ Зэхъуэхъу Мурат, Къумыкъу Ислъам, Ахъмэт Артур, Насыплы ТIэхьир сымэ.
Иджы Болгарием къащыпоплъэ Урысей Федерацэм армрестлингымкIэ (IэпщэкIэ зэпекъунымкIэ) пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Орел къалэм щекIуэкIащ. Зэпеуэм хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 50-м я спортсмен 800-м щIигъу. Ахэр щIыналъэхэм, округхэм щрагъэкIуэкIа зэхьэзэхуэхэм щытекIуахэрщ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу абы щIали 9 щыIащ икIи абыхэм ящыщу 3-м медаль зэхуэмыдэхэр къахьащ. Илъэс 16 - 18 зи ныбжьхэм Iэпщэ ижьымкIэ зэпекъунымкIэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэм Балэ Темырлан етIуанэ увыпIэр къыщихьащ килограмм 75-рэ зи хьэлъагъхэр зыхэт гупым. Илъэс 19 - 21-рэ зи ныбжьхэм я зэпеуэм Мэршэн Темырлан (кг 60) Iэ ижьымкIэ зэпекъуахэм етIуанэ увыпIэр къащыфIихьащ. Апхуэдэ ныбжь зиIэ гупым, ауэ я хьэлъагъкIэ килограмм 80 хъухэм Iэ сэмэгумкIэ ирагъэкIуэкIа зэпекъум Бейтыгъуэн Iэмин ещанэ щыхъуащ, Iэ ижьымкIэ зэпеуахэм я деж япэ увыпIэр щиубыдащ. КIэух зэхьэзэхуэм хэтахэм Iэмал яIэщ мы гъэм фокIадэм Болгарием щекIуэкIыну дунейпсо чемпионатым я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну. Ди щIалэхэм я тренерхэр Джэтауэ Русланрэ Тхьэмыл1окъуэ Ислъамрэщ. АЛБЕРДЫКЪУЭ Iэмин.
Поделиться:
Читать также:
19.07.2026 - 12:26 →
Домбеякъыр и Iэрылъхьэщ Сэлим
16.07.2026 - 17:30 →
Псыгуэнсу щыщщ Жьанэ Мурат
15.07.2026 - 15:21 →
Лъэпкъми хэкуми я набдзэт
11.07.2026 - 14:46 →
Псынэдахэр япэ итщ, Алътудыр абы къыкIэлъокIуэ
05.07.2026 - 13:26 →
УафэхъуэпскIыу зэщIэлындащ Инал
| ||




