Спорт хъыбархэр

 Ингушым щобанэ

УФ-м алыдж-урым бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Ингушым и Назран къалэм щекIуэкIащ, Урысейм и ЛIыхъужь Калиматов Алихъан и фэеплъу. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм я бэнакIуэ 300-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэс 24-м щIимыгъуахэу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу зэхьэзэхуэм спортсмени 7 щыIащ икIи абыхэм ящыщу 3-м домбеякъ медалхэр къахьащ. Ахэр БищIо Астемыр (кг 72-рэ), КъуэщIысокъуэ Нурдин (кг 97-рэ), Гъубж Аскэр (кг 130-рэ) сымэщ.
Ди щIалэхэр зыгъасэр БищIо Валерэ, Къардэн Анзор, Къурмэн Мурат, Хъуран Мурат, Урысмамбэт Алим сымэщ.

Террорым и бийуэ

«Спортыр террорым и бийщ» къыхуеджэныгъэм щIэту алыдж-урым бэнэкIэмкIэ республикэ зэхьэзэхуэ Шэджэм къалэм щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ бэнакIуэ 66-рэ, 2007 - 2009 гъэхэм къалъхуахэу.
Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Уэдыжь Имран (кг 55-рэ), Дзу Аслъэн (кг 60), Бэвыкъуэ Казбек (кг 63-рэ), Джатэгъэжь Темырлан (кг 67-рэ), Чыл Алихъан (кг 72-рэ), Вэрокъуэ Идар (кг 77-рэ), Атэбий Къасболэт (кг 82-рэ), Шопарэ Инал (кг 87-рэ), ПщыукI Темырлан (кг 97-рэ), Хъурзокъуэ Дамир (кг 130-рэ) сымэ. 

Гуп зэпеуэм щытокIуэ

Урысей Федерацэм универсальнэ зауэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Санкт-Петербург къалэм щекIуэкIащ. Абы хэтащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 37-м я спортсмен, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 500-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 16 – 20-хэм къриубыдэу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и пщIэр яIэту абы щыIащ бэнакIуипщI икIи я хьэлъагъхэмрэ зыкъыщагъэлъагъуэ лIэужьыгъуэхэмрэ елъытауэ япэ увыпIэхэр къахьащ Безыр Азэмэт (кг 55-рэ), Къэмгъуэт Муртаз (кг 65-рэ), Лу Арсен (кг 70), Къущхьэ Астемыр (кг 60) сымэ. 
ЕтIуанэ хъуахэщ Къуэдзокъуэ Марат (кг 60), КIэбышэ Елдар (кг 65-рэ), Гъуэтыж Алан (кг 75-рэ), Хьэгъэбанэ Батырбэч (кг 55-рэ) сымэ. 
Сэхъурокъуэ Ислъамрэ (кг 60) Нэгъуей Албэчрэ (кг 85-рэ) ещанэ увыпIэхэр къахьащ.
Гупхэм я зэпеуэм Къэбэрдей-Балкъэрым и командэр япэ щыхъуащ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ КИФЩI-мрэ УФ-мрэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм зэхашэну зэIущIэхэм.

Нартсанэ зыхуагъэхьэзыр

Ингуш республикэм ММА-мкIэ и чемпионат зэIуха Магас щекIуэкIащ икIи ар щытащ УФ-м и чемпионатым хэтынухэр къызэрыхах зэхьэзэхуэу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм ящыщу Къэзан Руслан, Степанян Арташ, Чеченцев Данил сымэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ. Бжьыней Ислъам, Вэрокъуэ Рэмэзан, Мэзыхьэ Хьэсанш сымэ етIуанэ хъуащ. Джабаев Амур, Бациев Самир, Нарбаев Анар сымэ ещанэщ. 
ЩIалэхэм ядэлажьэр Азизов Хъанларщ. 
Япэ увыпIитIыр мы зэпеуэм къыщызыхьахэм Iэмалхэр ягъуэтащ УФ-м ММА-мкIэ и чемпионату мы гъэм накъыгъэм и 17-м Нартсанэ къалэм щекIуэкIынум я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну.  

 

АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться: