Къэбэрдей-шэрджэсыбзэм къыхыхьа бзэщIэныгъэ псалъэщIэхэр

2-нэ Iыхьэ
Илъэс зыбжанэ хъуауэ бзэщIэныгъэ терминхэм йолэжь Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэкIэ щезыгъаджэ УнэлIокъуэ Вячеслав. 
Абы и лэжьыгъэхэм термин зыбжанэ езым адыгэбзэкIэ къигъэщIауэ дащрохьэлIэ: бзэхабзэ (грамматикэ), бзэщIэныгъэдж (лингвист), жьэмакъ (фонемэ), жьэмакъзешэ (фонемэзешэ), жьэмакъ дэкIуашэ (фонемэ дэкIуашэ), макъыдж (фонетикэ), тхыпсэбзэ (литературэбзэ), хъурыщIэ (глагол), хъурыщIафэ (глагольная форма); макъгъэпс (фонетика), псалъэгъэпс (морфологие), псалъэухагъэпс (синтаксис), кIэIунэ (точка), кIэIунабэ (многоточие), кIэIунэзэтет, кIэIунитI (двоеточие).
Мы терминхэм адыгэбзэм къезэгъ куэд яхэтщ, еджапIэ нэхъыщхьэм зэрыщырагъаджэ тхылъхэм ихуауэ, студентхэм къагъэсэбэпу. Терминхэм дащытепсэлъыхькIэ Iэмал имыIэу псалъалъэхэми дакъытеувыIэн хуейщ. Адыгэбзэм хэт терминхэр нэхъ зэщIэкъуауэ, нэгъэсауэ, щызу икIи нэхъ куэд къызэщIиубыдэу и Iэдакъэ къыщIэкIащ ЗекIуэрей Нурдин. Мы псалъалъэм термин 2500 щIигъу къыщыхьащ, псалъэхэм я мыхьэнэхэр адыгэбзэкIэ убгъуауэ щыгъэнэхуащ. БзэщIэныгъэ термину 100 щIигъу псалъалъэм ихуащ. Абыхэм щыщу термин зыбжанэ ЗекIуэрейм адыгэбзэм иригъэзэгъащ: билингвизм – бзитIкIэ псалъэныгъэ; дефис – екъуа кIэщI, многозначность – мыхьэнэ куэд, убгъуа (мыхьэнэбэ); орфоэпия – пэжырыпсалъэ; подлежащее – подлежащэ, зыхужаIэр; сказуемое – сказуемэ, хужаIэр; тире – екъуа кIыхь, тире; ударение – хэкъузэныгъэ, частица – псалъэкIэпыс, частицэ; числительное порядковое – бжыгъэцIэ зэрызэкIэлъахь; чистописание – къабзэрытхэ.
 Зэрынэрылъагъущи, бзэщIэныгъэ терминхэр адыгэбзэкIэ щызэдзэкIа лэжьыгъэхэм уащрохьэлIэ. Абыхэм къыщыхьа терминхэр зэтехуэркъым, щхьэж зэрыхуейуэ адыгэбзэм кърегъэзагъэ. Абы къыхэкIкIэ бзэщIэныгъэм епха ныкъусэныгъэшхуэ щыIэщ а терминхэр гъэтэрэзын, гъэпсыкIэ гуэрым игъэувэн зэрыхуейр. БзэщIэныгъэ терминхэр зы щапхъэ гуэрым пхуигъэувэнукъым, ауэ ахэр зэкIэлъыгъэкIуэн икIи зэхуэгъэдэн хуейт. Апхуэдэ къалэнхэр зыгъэзащIэр бзэщIэныгъэ терминхэм я псалъалъэхэращ. Апхуэдэ псалъалъэ иджыри къэс адыгэбзэм диIакъым. А псори къилъытэри, а лэжьыгъэ мытыншым пэрыуващ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтым адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БищIо Борис. 202I гъэм дунейм къытехьа «Урыс-адыгэ псалъалъэ иным» БищIом зэхилъхьа бзэщIэныгъэ термину 1200 нэс къыщыхьащ. Абы мыхьэнэшхуэ иIэщ, дауи. 
БищIо Борис а лэжьыгъэм адэкIэ пищащ. Илъэс зытхухкIэ ар зэлэжа псалъалъэр 2022 гъэм дунейм къытехьащ икIи адыгэбзэм зэи имыIауэ бзэщIэныгъэ терминхэм я псалъалъэ игъуэтащ. Псалъалъэм термину 1865 нэс итщ, ар икъукIэ куэд мэхъу. Тхыгъэжьыбзэу ябж урысыбзэм яIэ апхуэдэ псалъалъэхэм итыр куэдкIэ нэхъыбэкъым. Псалъэм папщIэ, урысыбзэм нэхъ цIэрыIуэу ябж Д.Э. Розенталь, М.А. Теленковэ сымэ я апхуэдэ псалъалъэм термину итыр 2000 нэсщ.
БищIом и псалъалъэм къыщыкIуэ терминхэр IыхьитIу гуэшащ: урысыбзэм (нэгъуэщIыбзэхэм) щыщу зэхъуэкIыныгъэ зымыгъуэтахэр (зэрыщыту къэнэжахэр); адыгэбзэкIэ зэдзэкIа хъуахэр. Япэм хиубыдэр термин 125 нос, ар мащIэ дыдэщ. ЕтIуанэ Iыхьэм хыхьэ терминхэм адыгэцIэ къащыхуилъыхъуэм БищIо Борис бгъэдыгъэкIэ нэхъыщхьитI къигъэсэбэпащ: «Япэр цIэ зыфIэсщ къэхъугъэм иIыгъ увыпIэрщ, абы игъэзащIэрщ, етIуанэр сыт хуэдэ бзэми къыщагъэсэбэп Iэмалырщ – хамэбзэ терминыр калькэ щIынырщ, н.ж. и мыхьэнэкIэ зэдзэкIынырщ». 
Илъэс куэд хъуауэ псори зэсауэ бзэм къыщагъэсэбэп терминхэр псалъалъэм зэрыщыту къыщыхьыжащ: щыIэцIэ, плъыфэцIэ, бжыгъэцIэ, цIэпапщIэ, макъ, макъзешэ, макъ дэкIуашэ, зэман, зегъэкIуэныгъэ, лъабжьэ, пкъыгъуэ, псалъэ зэпха, псалъэуха, псалъэуха зэхэлъ, псалъэуха пажэ, псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэ, пычыгъуэ, н.къ. БищIом адыгэбзэм иригъэзэгъа терминхэр куэд мэхъур. Езым зэритхащи, псори ахэр абы къигупсысакъым. Къэбэрдей-шэрджэсыбзэми кIахэбзэми терминхэм теухуауэ щыIэ къэхутэныгъэхэр, еплъыкIэхэр зэуIу ищIащ, адрейр езым и къэухькIэ адыгэбзэм иригъэзэгъащ. 
Щапхъэ зыбжанэ къэтхьынщ терминыщIэхэм щыщу: бзитIыгъэ – билингизм; гупкъуэж – подгруппа; гурытхэ – изложение; гъэзэщIакIуэ – подлежащее; гъэзэщIэкIуагъэ – предикативность; гъэзэщIэн – сказуемое; гъэнахуэ – атрибутивный; гъэнэхуакIуэ – определение; дэдзэ – интерфикс; жыджэрагъ – залог; зэпэщыт псалъэхэр – антонимы; зэхыхьэ – оборот; зыгъэIурыщIэ – подчинительный, управляющий; кIэрыув – постпозиция; лэжьыгъэцIэ мыхъейхэр – статические глаголы; лэжьыгъэцIэ хъейхэр – динамические глаголы; лъабжьэгъусэ – аффикс; лъабжьэпэ – префикс, префиксальная морфема, приставка; мыхьэнэбагъэ – многозначность, полисемия, полисемантизм; пэрыув – препозиция; пкъы – база, основа; пкъыцIэ – соматизм; псалъафэ – фразеологизм; текъузэ – ударение; тешэ – наклонение; ткIуанэ – точка; тхыпкъ – буква; тхыпкъылъэ – 1. алфавит; 2. букварь; тхыхьхэр – скобки; фIэщыгъэцIэ – термин; Iэдэж – служебный; Iэдэж псалъэхэр – служебные слова; IуантIэ – запятая; IукIэзэщхь псалъэхэр – омонимы; IупщIэIумыш – нелабиализованный, негубной; IупщIэIуш – лабиализованный, н. къ.
 Къэтхьа щапхъэхэм къызэрагъэлъагъуэщи, мы терминхэр (фIэщыгъэцIэхэр) гурыIуэгъуэу, адыгэ гупсысэкIэм къитIасэу щытщ. Пэжщ, зы еплъыгъуэкIэ, зэи ямылъэгъуа фIэщыгъэцIэхэм Iэнкун ящIын къыхэкIынущ. Зы лэжьыгъэ, псом хуэмыдэу псалъалъэ, щыIэкъым щыуагъэ зыхэмыт, ауэ япэу лъагъуэ хэпшыныр сытым дежи зэрыгугъур къыдолъытэри, БищIо Борис фIыщIэшхуэ хуэфащэщ. Адыгэбзэм елэжь дэтхэнэ зыми мы Iуэхугъуэм хилъхьэнIамэ хуитщ, адэкIэ терминхэм елэжьынухэм мы псалъалъэр лъабжьи пкъыи яхуэхъунущ. Адыгэбзэм зезыгъэужьын, езыгъэфIэкIуэн, нэхъ къабзэ зыщIын лэжьыгъэщ мыр. Мы Iуэхугъуэр зыкъомкIэ нэхъ тынш хъунут республикэм терминхэм ехьэлIауэ комиссэ диIатэмэ.
Жылэтеж Хьэжысмелрэ Лианэрэ я лэжьыгъэм къызэрыхэщщи, иужьрей илъэс щэныкъуэм щIигъум бзэщIэныгъэ терминхэр къэгъэхъуныр зэпыуащ. Абы къыхэкIыу хамэбзэ терминхэм адыгэбзэр зэщIащтэ, ар бзэм и зыужьыкIэм зэран хуохъу. А псори къилъытэщ, бзэщIэныгъэ терминхэм еувэлIари, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор БищIо Борис илъэс зыбжанэкIэ зэлэжьа бзэщIэныгъэ фIэщыгъэцIэхэм (терминхэм) я псалъалъэ дунейм къытехьащ. Къыхэгъэщыпхъэщ апхуэдэ псалъалъэ иджыри къэс дызэримыIар. Пэжщ, мыбы ихуа псори бзэм къищтэну къыщIэкIынкъым, ауэ мы Iуэхугъуэр адэкIэ езыгъэфIэкIуэну зи мурадхэм ар лъабжьэ быдэ яхуэхъунущ.

 

Зыгъэхьэзырар Тамбий Гуащэмахуэщ.
Поделиться: