Тхуми медаль къахь

Студентхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я урысейпсо зэхьэзэхуэ Владикавказ къалэм щекIуэкIащ. «Спорт бэнэкIэ лIэужьыгъуэхэмкIэ студентхэм я лъэпкъ лигэм и чемпионат» зыфIаща абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэхэм я бэнакIуи I00-м нэблагъэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу абы щIалитху щыIащ икIи, ди гуапэ зэрыхъущи, псоми медаль зырыз къахьащ. Я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Щауэ Сэлимрэ (кг 63-рэ) КIэмпIарэ Маратрэ (кг I30-рэ). 
Тэркъан Казбек (кг 55-рэ), Мэлбахъуэ Алан (кг 97-рэ), Хъупэ Астемыр (кг 67-рэ) сымэ домбеякъ медалхэр къахьащ. 
ЩIалэхэм ядэлажьэр Щокъал Олег, КIыщ Мурат, Къардэн Анзор, Щокъарэ Мурат сымэщ.
 
«ЛОКОБОЛ»-м и зэпеуэ
 
ФутболымкIэ XIX урысейпсо зэхьэзэхуэм и щIыналъэ Iыхьэм и кIэух зэхьэзэхуэр, «ЛОКОБОЛ-2025-РЖД» фIэщыгъэр зезыхьэр, Налшык къалэм щрагъэкIуэкIащ иджыблагъэ, КъБР-м ФутболымкIэ и федерацэр къадэIэпыкъуу. 
Япэ увыпIэр къихьащ Налшык къалэм и «Спартак-Налшык-I» командэм. ЕтIуанэ хъуащ республикэм и къалащхьэм и курыт еджапIэ №3I-м и топджэгу ныбжьыщIэхэр, ещанэр Прохладнэ къалэм и курыт еджапIэ №2-м и гъэсэнхэрщ. 
Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм саугъэтхэр иратыжащ КъБР-м ФутболымкIэ и федерацэм и унафэщI Мэшыкъуэ Аслъэнрэ «Спартак-Налшык» футбол командэм и унафэщI Заруцкий Александррэ. Абы къыдэкIуэу, «Спартак-Налшык-I» командэм и топджэгу ныбжьыщIэхэм Iэмал ягъуэтащ щIыналъэхэм футболымкIэ я зэпеуэу Новороссийск къалэм щызэхэтынум республикэм къыбгъэдэкIыу хэтыну.
Нэхъ лъэщыр зэхагъэкI
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ Шэджэм къалэм и спорт комплексым щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм сумомкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ КъБР-м и спортсмен 50-м щIигъу.
Я хьэлъагъымрэ ныбжьымрэ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Вэрокъуэ Андемыркъан, Вэрокъуэ Темыркъан, Тау Ибрэхьим, Iумыхъ Башир, Мэкъуауэ Резуан сымэ. 
Зэхьэзэхуэм япэ увыпIищыр къыщызыхьахэм медалхэр, кубокхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ.
 
Махуэшхуэм и щIыхькIэ
ТекIуэныгъэм и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ кикбоксингымкIэ щIыналъэхэм я зэхьэзэхуэу Невинномысск къалэм щекIуэкIам Къэбэрдей-Балъкъэрым и спортсменхэм медаль 68-рэ къыщахьащ. Ди республикэм нэмыщI, зэIущIэм хэтащ Ставрополь, Краснодар крайхэм, Астрахань, Ростов областхэм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Осетие Ищхъэрэ – Аланием я лIыкIуэхэр, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэгъусэу, 500-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэси 10 - 25-хэм къриубыдэу. 
КъБР-м дыщэ медалхэр къыхуахьащ Алътуд Эмир, Тырку Асир, Локъуэ Алихъан, Куэшей Алберд, Алътуд Дамир, Къэгъэзэж Къантемыр, Урыс Къантемыр, Таз Рашид, ЛIэужь Алим, Молэ Данил, Мэсей Къантемыр, ФIыцIэ Алан, Толасовхэ Сослъэн, Назир, Полинэ, Абдурахмановэ Дианэ, Пэрыт Каземир, Бэлэтокъуэ Имран, Хъуран Елдар сымэ. 
Командэм и тренерхэр БецIыкIухэ Хьэзрэтрэ Ибрэхьимрэ, Апажэ Рашид, Шешев Арсен, Къудей Алим сымэщ.
АЛЫДЖЫКЪУЭ Руслан.
Поделиться:

Читать также: