БыдапIэр къалэ мыхъу щIыкIэ

Иджыблагъэ къытIэрыхьащ адыгэ псоми я ней зыщыхуа Бекович-Черкасский Федор «Кавказ узэщIакIуэ щэджащэу» къэзыгъэлъагъуэ, Осетие Ищхъэрэ-Алание республикэм Абаевым и цIэр зэрихьэу дэт гуманитар, социальнэ щIэныгъэхэмкIэ институтым тхыдэмкIэ и къудамэм и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Айларовэ Светланэ и тхыгъэ: «Бекович-Черкасскэм къалэ ухуэныгъэм теухуауэ къыхилъхьа жэрдэмхэм яз». КъызэрыщIэкIымкIэ, быдапIэу къежьа Налшык жылэм къалэ къыхэщIыкIыныр зи жэрдэмыр Бековичырщ, абы урыс тетыгъуэм фейдэуэ къыхуихьынухэр щызэпкърих тхыгъи иIэщ.

1827 гъэм къэбэрдеипщхэмрэ уэркъхэмрэ Къэбэрдейм щыIэ генерал Дибич зыхуагъэзауэ щытащ, щIыналъэр зэрыт щытыкIэм иригузавэу. Къэзакъ псэупIэхэм ирагъэубыда щIыпIэхэр къыдэфтыж, Мэчэм хуиту дывгъакIуэ, лъэпкъ хабзэхэм, диным, хуитыныгъэм фыкъемыбгъэрыкIуэ – апхуэдэ лъэIукIэ зыхуагъэзат пащтыхь тетыгъуэм ди лъэпкъэгъу жыжьэхэм. Бекович-Черкасскэр а тхыгъэм кърагъаджэри, и гупсысэхэр къигъэнэIуэну унафэ къыхуащIати, «Къэбэрдей адыгэхэм я лъэIумрэ абыхэм я псэукIэр егъэфIэкIуа зэрыхъунумрэ» зыфIища тхыгъэ игъэхьэзыращ. Аращ нэхъыбэу зытепсэлъыхьыр ищхьэкIэ зи гугъу щытщIа Айларовэр.

«Къэбэрдейм щыпсэу лIакъуэхэм ящыщу, зыми и щIым мылъку къыхуищIыркъым, адрей къэралхэмрэ щIыналъэхэмрэ ещхьу, - итхырт Бековичым. – Абы къыхэкIыу, щIы зи IэмыщIэ илъ цIыху къэс езым къылъысыр, тетыгъуэм и пащхьэм къалэну щихьыр, мэкъумэшыщIэхэм яхуищI унафэр здынэсыр, езыхэри пщы-уэркъхэм зэрахущытыпхъэр гурыIуэгъуэу зэхэмыкIауэ, хъунщIэнымрэ зэуэнымрэ кIэ иIэнукъым, абы хуэунэтIауэ къащтэну унафэ псори пщIэншэу къэнэнущ».

ЩIэныгъэмрэ гъэсэныгъэмрэ мыхьэнэшхуэ зэраIэр гурыIуэгъуэ пэтми, абы нэмыщI, Бековичыр зэреплъымкIэ, адыгэхэр европей зэхэтыкIэм, узыхуей бгъуэту упсэуным къихь фейдэмрэ гъащIэ тыншымрэ егъэхъуэпсэн хуейуэ къилъытэрт. «Адыгэхэр псом япэ гъащIэ дахэм дегъэхьэхын хуейщ, - зригъэужьырт абы и гупсысэм. – Зы щIыпIэм уису упсэуныр зэрынэхъыфIыр наIуэ хъун папщIэ, Къэбэрдейр зэрыщыту екIуалIэу, Налшык быдапIэм деж къалэ щыухуэн хуейщ. Адыгэхэр а къалэм Iэпхъуэным ехъуэпсэн папщIэ, абы япэщIыкIэ муслъымэн тэтэрхэр дэгъэтIысхьапхъэщ, Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу адрей лъэпкъхэри абы щыпсэуным тегушхуэн хуэдэу. Къалэдэс гъащIэр къыхахын папщIэ, Iэпхъуэну зыдэ псоми илъэс 15 хуэдизкIэ къэралми щIыналъэми къытралъхьэ уасэхэр ящхьэщыхын хуейщ».

Апхуэдэ къалэм къэбэрдей адыгэхэр псынщIэу дихьэхынурэ, езыхэм я унэ кIыфIхэр яригъэбгынэнущ, я унагъуэхэр я гъусэу къалэм къэIэпхъуэн гукъыдэж ягъуэтынущ. Хуэмурэ щэн-щэхуэным дихьэхынурэ, я псэукIэри гъащIэри ирагъэфIэкIуэным зратынущ. Налшык адыгэ псоми я екIуэлIапIэ хъунурэ, пщы-уэркъ щIалэгъуалэм гъэсэныгъэ яхипщэнущ.

Налшык быдапIэм «къэбэрдейхэм щIэныгъэ яIэн папщIэ», урысыбзэр, хьэрыпыбзэр, персыбзэр щрагъэджу, зэкIэ цIыху 15 хуэдиз зыщIэс еджапIэ къыщызэIуахын хуейуэ жиIэрт генералым. Къэралым иригъаджэхэр мазэм зэ фIэкIа я деж ямыгъэкIуэжу, абы илъэсищкIэ щеджа нэужь, Урысейм яшэнщи, я щIэныгъэр абы щыхагъэхъуэнщ. Урыс къалэхэм щеджэу къэзыгъэзэжахэр адрейхэм къулыкъурэ хуитыныгъэкIэ къыхагъэщмэ, пщы-уэркъхэм я дежкIэ ар зэпеуэ хуэдэу хъунурэ, я пщIэр драгъэуеин папщIэ, я бынхэр еджапIэм хуиту яутIыпщынущ».

«XIX лIэщIыгъуэм Къэбэрдейм щыпсэуа жылагъуэ лэжьакIуэ, узэщIакIуэ Бекович-Черкасскэм урысей тетыгъуэм и пащхьэм социально-политикэ зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр зэрахузэфIэкIын Iэмалхэр я пащхьэ ирилъхьат, адыгэхэм я щэнхабзэми, псэукIэми, лэжьэкIэми фIы и лъэныкъуэкIэ зригъэхъуэжыну, - етх Айларовэм. – Абы игъэхьэзыра программэм мыхьэнэшхуэ щиубыдырт «щIэныгъэ IэмалкIэ хьэл пхъашэхэр егъэфIэкIуэн» Iуэхум. Пщы-уэркъ гупсысэкIэм и гъунапкъэм имыкI пэтми, Бекович-Черкасскэм къыхилъхьахэр ягъэзэщIамэ, ар Кавказ Ищхъэрэм и экономикэми и щэнхабзэми хэлъхьэныгъэшхуэ хуэхъунут».

А псоми адыгэхэр нэхъ Iэсэ, жыIэщIэ, Iэуэлъауэншэ ящIын хуейуэ арат. Ауэ зи гугъу тщIы лIыр цIэрыIуэ щыхъуар мы жэрдэмхэр утыку кърихьэн ипэкIэщ, 1825 гъэм. Къарэмырзей къуажэм «щызэрихьа лIыгъэм» папщIэ пащтыхь Александр тыгъэ къыхуригъэщIыну Ермоловым лъэIу тхылъ итха щхьэкIэ, пащтыхьым идакъым: «Япэу зэратеуамкIэ саугъэт къилэжьауэ щытми, - хуитхыжащ императорым лъэIу къезыгъэхьа Ермоловым, - зи гугъу пщIым къилэжьар зыIэщIигъэкIыжащ, я нэхъыбэр цIыхубзрэ зэуэкIэ зымыщIэ сабийуэ, унагъуэ 300 зыри къахимынэу зэрызэтриукIам къыхэкIыу».

Тхыдэр щIаджыр дерс къыхахын папщIэщ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: