Iэмалхэр нэхъыбэ мэхъу

Уней инвестицэр хэту мэкъумэш техникэ лизингкIэ къэпщэху зэрыхъуну программэм къэралым лэжьэн щыщIидзащ. Ар ирагъэжьащ УФ-м Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэмрэ ДОМ.РФ-мрэ. 
Iуэхур зэрекIуэкIынур мыпхуэдэущ: ДОМ.РФ-м и облигацэхэмкIэ ахъшэ щIыхуэ инвесторхэм къаIихынурэ лизингым хэт IуэхущIапIэхэм адэкIэ яхуиутIыпщынущ, мэкъумэш техникэхэр къращэхун хуэдэу. ИужькIэ, УФ-м Промышленностымрэ сатумкIэ и министерствэм и субсидиер къагъэсэбэпу, мэкъумэшыщIэхэм худэчых хэлъу ахэр иращэжынущ. Гугъэ зэращIымкIэ, 2030 гъэм ирихьэлIэу уней ахъшэу программэм къыхашэнум и куэдагъыр сом мелард 330-рэ хъунущ.
«Мэкъумэш техникэр зыщэхэм дадэIэпыкъуным ехьэлIауэ щыIэ Iэмалхэм зедгъэубгъу зэпытщ. Иджырей программэщIэм и фIыгъэкIэ мэкъумэшыщIэхэм къахуэщэхунущ зыхуеину техникэу мин 47-м нэблагъэ. ДызыхуэкIуэ илъэсищым къриубыдэу УФ-м и бюджетым а Iуэхум къыхуагъэсэбэпыну сом мелард II-м щIигъу къыхэкIынущ», - жиIащ УФ-м промышленностымрэ сатумкIэ и министр Алиханов Антон. 
Къыхэдгъэщынщи, 2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэшыщIэхэм къащэхуащ мэкъумэш техникэ зэхуэмыдэу I25-рэ. Абыхэм яхэтщ лизинг Iэмалхэр къагъэсэбэпу я лэжьыгъэм къыхаша «гъущIыпэхэри». Псалъэм къыдэкIуэу, нэгъабэ къащэхуащ мэкъумэш техникэу 45-рэ, абы щыщу 26-р - «Росагролизинг»-м и деж.
 ЖыпIэнурамэ, республикэм и мэкъумэшыщIэхэр техникэхэмкIэ зэпэщщ икIи я лэжьыгъэр ныкъусаныгъэншэу ирагъэкIуэкIын папщIэ, зыхуеину хъуар щыIэщ. 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: