ЦIыкIухэм фIыуэ ялъагъу дохутыр

Гугъуэт Миланэ сабийхэм я дзэм еIэзэ дохутырщ, «Дента Лэнд» дзэ клиникэм щолажьэ. НыбжькIэ щIалэ пэтми, гурэ псэкIэ къыхиха IэщIагъэм и Iэмалхэмрэ щэхуу хэлъхэмрэ къигъэIэрыхуащ. ЦIыкIухэм я узыншагъэм укIэлъыплъыным къалэн къыпщещI ахэр фIыуэ плъагъуныри, къыдэпхьэхыфынри. Миланэ абыи полъэщ. Зи дзэ игъэхъуж цIыкIухэр дохутырым и деж кIуэну яфIэфIщи, сурэтхэр хуащIурэ хуахь, усэщIэ зэрагъэщIамэ къыхуоджэ, хьэпшыпыщIэ къахэхъуами ирагъэлъагъу. ИтIанэ, дохутыр Iэпэ щабэм и «псэлъэгъу» цIыкIухэм я дзэхэр щIэрыпс яхуещIыжри, гуфIэу щIегъэкIыж. Миланэ зэрыцIыкIу лъандэрэ ехъуапсэрт халат хужь щыгъыу лэжьэну. Сабий сад нэужьым и анэр щылажьэ сымаджэщым здишэрти, абы щIэтхэм яхэплъэрт, ехъуапсэрт. 
- Ар къежьапIэ хуэхъуауэ къысщохъу си IэщIагъэр къыхэсхыным. Курыт еджапIэр къыщызухым, сызыхуеджэнум теухуауэ си адэ-анэм сыхагъэзыхьакъым, «Уэ езым уи гум нэхъ пIэпихыр IэщIагъэ пхуэхъунщ», - жаIэри. Медицинэрат си нэ къызыхуикIри, сытрагъэгушхуащ. Курыт еджапIэр (Налшык гимназия №I3 - р) 20I6 гъэм къызэрызухыу, КъБКъУ-м медицинэмкIэ и факультетым стоматологиемкIэ и къудамэм сыщIэтIысхьащ. ИлъэситхукIэ седжэри, 202I гъэм ординатурэм сыкIуащ. 2023-гъэм ари къэзухащ, - жеIэ Миланэ. 
ЕджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьэри, зыхэс гупым я старостэ ящIащ. Тхылъыр и Iэпэгъут, библиотекэм куэдрэ щIэст. НэгъуэщIуи хъунутэкъым.
- Медицинэм ухуеджэным, ар IэщIагъэ пщIыуэ уи гъащIэр еппхыным жэуаплыныгъэ хомылъхьэу хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, цIыхум и узыншагъэм теухуащ а IэщIагъэр. Гугъущ, дауи, уеджэнри улэжьэнри. Ауэ сыдихьэхыу седжащ, тхылъыр псом япэ изгъэщащ, - жеIэ. 
Дзэ узыр цIыхур егъэлеяуэ зыгъэгуауэщхьэуэхэм ящыщщ. Апхуэдэ узыр цIыхум щхьэщыпхыфыныр, и узыншагъэм теухуауэ сэбэп ухуэхъуфыныр куэд и уасэщ. Абы хэлъщ щIэныгъи, гуапагъи, гущIэгъуи. Миланэ зэрыжиIэмкIи, цIыхум сэбэп зэрыхуэхъуфырщ къыхиха IэщIагъэм и IэфIыр. Дохутырым къару хуохъу сабийхэр игъэгуфIауэ, и дзэхэм зэрыхуэсакъын зэрыхуейр бзэ IэфIкIэ ягуригъэIуауэ, езы цIыкIухэр къыхуэарэзыуэ щыщIигъэкIыжым деж. Зэпыу имыIэуи адэ-анэхэм я бынхэр къыхуашэ, дзыхь къыхуащI. 
Гугъуэт Миланэ сабийхэрщ зэIэзэну къыхихар. 
- Ординатурэм сыщIэтIысхьа къудейуэ, Налшык «Денталенд» клиникэм лэжьэн щыщIэздзащ ассистенту. Илъэсрэ ныкъуэрэ сабийхэм я дзэм елэжь дохутырым и дэIэпыкъуэгъуу сыщытащ. Дохутырым сыдэлэжьэху сабий зыблэкIхэм садэуэршэрурэ, згъэджэгурэ, садэгушыIэурэ сыкъыдахьэхащ. «Мис мы псэ къабзэхэращ сэ сызэIэзэну сыхуейр», - жысIащ сигукIэ. 2023 гъэм ординатурэр къызэрызухамкIэ дипломыр къызэрысIэрыхьэжу, сабийхэм я дзэ дохутыру лэжьэн щIэздзащ. Сабийхэм садэлэжьэнымкIэ сэбэп къысхуэхъуахэщ дзэ клиникэр зыгъэлажьэхэу Ало Элянэрэ Бахъсэн Дианэрэ, зи дэIэпыкъуэгъуу сыщыта Быф Дианэ сымэ я щапхъэр, - жеIэ абы. 
ЦIыкIухэм я дзэхэр хъума хъун папщIэ, абы и деж къакIуэхэм чэнджэщхэр ярет:
- Сабийм и япэ дзэр къыщыхэжам щегъэжьауэ, абы хуэсакъын, кIэлъыплъын хуейщ. Япэ дзэхэр зырызыхэу лъэщIын хуейщ. Iэмэпсымэ тыншхэри щыIэщ мы зэманым абы папщIэ. Iэпхъуамбэм палъхьэ селиконрами, дзэр зэрагъэкъабзэ хъыдан хужь цIыкIухэрами хъунущ къэбгъэсэбэп. Сабийм и дзэр махуэм тIэу лъэщIын хуейщ. Пхъэщхьэмыщхьэхэр, гъэшхэкIхэр нэхъыбэу ебгъэшхыу, IэфIыкIэр ебгъэгъэмащIэмэ нэхъыфIщ. Си деж къашэ цIыкIухэм яжызоIэ дзэ зэхуакум зэрыдэIэбэ Iуданэ псыгъуэм хуэдэ махуэ къэс къагъэсэбэпыну. Мазищ къэсыху дзэ дохутырым деж пшэну щхьэпэщ сабийр, - жеIэ Миланэ. 
Хъыджэбзым езым и сабиигъуэм и гугъу щищIкIэ япэу и нэгум къыщIохьэж Къармэхьэблэ, Зеикъуэ къуажэхэм яшэжу зэрыщытар. 
- Къэрмэхьэблэ джэбащхьэм си адэшхуэм сыдишырти, удз гъэгъа дахэхэр зэхуэсхьэсырт, псыежэхым сишэрт, губгъуэм зыщызигъэплъыхьырт. ИтIанэ, дадэ и хъыбархэр, и чэнджэщхэр, и ущиехэр ящыщ гукъэкIыж хуабэхэм. Сэ сыдохутыр хуэдэу, дадэ сымаджэрэ ар згъэхъужу сыджэгуу зэрыщытар си гум IэфIу илъщ. 
  Зеикъуэ Миланэ и анэш къуажэщ. Абы щигъакIуэ зэманри гухэхъуэт. Нэхъыжьхэр кърагъэтIысэкIырти, ахэр Iэгу къахуеуэу, и анэ дэлъхум и къуэхэм ящIыгъуу къафэхэрт, теплъэгъуэхэр ягъэлъагъуэхэрт. И анэшхуэм хадэ дахэу зэрихьэрти, ар яфIэдахэу, хадэхэкIыу итхэм тепсэлъыхьурэ телефонкIэ видео цIыкIухэр трахырт. 
- Си сабиигъуэ гукъэкIыжхэм ящыщщ курыт еджапIэм сызэрыщIэсари. АдыгэбзэмкIэ зэпеуэхэм сыхэту щытащ куэдрэ. 8-9 классхэм сыщеджэхэм «Джэгурэш» зэпеуэм сыхигъэхьэрт егъэджакIуэм. Егъэлеяуэ сегугъуу зыхуэзгъэхьэзырт, ди бзэм теухуауэ гъэщIэгъуэн куэдым гу лъыстэрт. Адыгэ шхыныгъуэхэр пщэфIынымкIэ зэгуэр зэпеуэ сыхыхьати, си анэшхуэм щIыгъуу пасэрей шхыныгъуэ зыбжанэ сыпщэфIауэ щытащ. Абы щыгъуэ сигу изубыдащ си анэшхуэм «кIэрахъуэ тегъауэ» жыхуиIа адыгэ шхыныгъуэр. Дзажэ гъэгъуар мафIэ дэпкIэ игъажьэрти, абы къыщIэжа дагъэр мэрамысэ хуабэм щIикIэрт. ЩIакхъуэ зэтеупIэщIыкIым и пщэфIыкIэми сригъэсауэ щытащ си анэшхуэм, - игу къегъэкIыж Миланэ. 
 «Насыпыр сыт уэркIэ?» жытIэри деупщIат Миланэ. 
  - Сэ насыпыр къызэрызгурыIуэр мыращ: уи нэхъыжьхэр пхуэузыншэу къыпщхьэщытмэ, цIыхухэм я Iуэхухэр ефIакIуэмэ, дунейр щIэращIэмэ, мамырыгъэр диIэмэ, гуапагъэ ди зэхуаку дэлъмэ, уигу къыдыхьэ лэжьыгъэ IэнатIэм уузыншэу упэрытмэ, цIыхухэм сэбэп уахуэхъуфмэ, ар насыпщ. 
НАФIЭДЗ Данэ.
Поделиться: