Хьэту Пётр и усэхэр

ТхакIуэ, усакIуэ, УФ-м и Журналистхэми ТхакIуэхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, «Илъэсым и журналист нэхъыфI» (I993 гъэ) саугъэтым и лауреат Хьэту Пётр Мацулэ и къуэр I950 гъэм мэкъуауэгъуэм и 2-м Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм къыщалъхуащ. Курыт еджапIэр къиуха нэужь, Налшык дэт щэнхабзэ-узэщIыныгъэ училищэм и режиссёр факультетыр I974 гъэм къиухащ. Краснодар ЩэнхабзэмкIэ и институтым илъэсищкIэ щеджащ. I99I-I996 гъэхэм Дон Iус Ростов Кавказ Ищхъэрэм къэрал Iуэху зехьэнымкIэ щыIэ академием пресс-менеджер, правовед IэщIагъэхэр щызригъэгъуэтащ. ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым  и актёру, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Урыс къэрал драмэ театрым режиссерым и къуэдзэу илъэс зырызкIэ лэжьащ. I976 гъэм щыщIэдзауэ I990 гъэ пщIондэ клуб лэжьыгъэ IэнатIэ зыбжанэм къызэгъэпэщакIуэ, щэнхабзэхэмкIэ унэхэм я унафэщI къалэнхэр щигъэзэщIащ, республикэм и щэнхабзэм зегъэужьыным хэлъхьэныгъэфIхэр хуищIу. Къэбгъэлъагъуэмэ, илъэс I7-кIэ щэнхабзэ IэнатIэм хуэлэжьащ. I990-I997 гъэхэм «Адыгэ псалъэ» газетым и корреспонденту, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм прозэмрэ поэзиемкIэ и къудамэм и редактору щытащ. «Нур» журналым жэуап зыхь и секретаруи, и редакторуи лэжьащ. Мы зэманым «Литературная Кабардино-Балкария» журналым жэуап зыхь и секретарщ. КъищынэмыщIауэ, республикэм и тхакIуэхэм, усакIуэхэм я тхыгъэхэр къыщыдагъэкIкIэ холэжьыхь. Пётр и усэхэм ящыщ зыбжанэ ди гуапэу тыдодзэ.

Хьэту Пётр и усэхэр

Удж-пыху
Бжьыхьэ уэфIым и макъамэр,
гур ихузми, мэIур гуакIуэу.
Сэ уэ зыр узимыIамэ,
зым щымыщт дунейм щызгъакIуэр.
Нэщхъей дыдэщ дунеижьыр, -
пщIащэпыхущи - псэр мэпыхьэ…
Уэрщ, уэращ сэ сыщIэхъыжьэр,
мы удж-пыхуми сыщIыхыхьэр…
*   *   *
Си лъагъуныгъэ, си дуней, си гуащIэ,
къыщIетхъ сыгуIэу си гум кIэрыпщIар,
сыкъигъэщIащ апхуэдэу сыгумащIэу,
гущIэгъур зиIэ, хэт сызыхищIа?
Мэхуалэ Бжьыхьэ хурыр пыгуфIыкIыу,
и нэпс щIигъэкIми гъуэжьу нэхур щыху,
си гъащIэр - уз мыхъужу - къызофыкIыр,
сфIогъуэлъ, сфIокIуасэ гъэхэр - пщIащэпыхущ…

Тхьэмпэхэр
Мэджэгур мафIэкIэ фокIадэр,
и бзий телъыджэм псэр ехьэху,
мис къыщоудж ар ди жыг хадэм, -
бзэгу-тхьэмпэ плъахэр къыпегъэху;
блолъэт - гъэ блэкIхэу - ахэр щабэу,
я псэ макъамэр мэужьыхыж…
Сэ IэгукIэ къэзубыдхэр хуабэу
къонэжыр си гум - имыхуж.

ГукъэкIыжхэр
СыныбжьыщIэ фIэкI умыщIэу,
гур къилъэту, си лъэр щIокI,
сиIэтыжу си гурыщIэм,
гъуей телъыджэм сэ сыпхокI…
ЗыпщызгъэнщIыркъым, мэз лъахэ,
сыту куэдрэ сыкъэта!..
Зэхызох макъамэ Iуахэр,
таурыхъищэм ящIэтар…
Зэи сэ спкърымыкIыжхэу,
зыгъэхуабэр си псэ жар
гукъэкIыжхэрщ… ГукъэкIыжхэм
сэ мыбдеж сыкъашэжащ.

Щихухэм загъэщIагъуэ
Ди лъахэм и дахагъэр зымылъагъур
гущIэгъур зыхуэщIыпхъэхэм ящыщщ…
НалкъутналмэскIэ къищIыкIащ лъэс лъагъуэр,
мес, шыщIэм губгъуэр зэхежыхь,  мэщыщ…
Псыхъуэжьым адкIэ мэзыр щоуфафэ,
ущIыхьэм, таурыхъищэ къыщIэпхынщ,
мыдкIэIуэ щиху сатырхэр пфIощIыр къафэу,
макъамэр, щIэдэIукIи, зэхэпхынщ.
ГуфIэгъуэр и нэгу илъу дыгъэ нагъуэм
сырымэу жэщ щхьэтепхъуэр, мес, зытрех…
Пэж дыдэу щихухэм, феплъыт, загъэщIагъуэ,
гъуэз дыжьыныфэр нуру къащхьэщех, -
акъужьыр щабэу тхьэмпэхэм ирожэ,
защимыгъэнщIу, гуапэу ядоджэгу…
А псом ятхьэкъур си псэр, сигу яхуожэ:
ди лъахэм и дахагъэр щIэтщ си нэгу…

Махуэм хощI
Нэхущыр къулъшыкъухуэплъэщ,
нэхъ щIыIэтыIи хъуащ,
гу лъыптэу махуэм хощIыр,
дакъикъэр лъапIэ хъуащ, -
бгъуэтыжкъым хущIыхьэгъуэ,
бжьыхьэкIэм гъащIэр кIэщIщ…
Зэролъэлъыж бэджыхъхэр, -
абджынэхэр солъэщI…

Письмо гъуэплъ
ЩызэIуздзым ди щхьэгъубжэр,
жьым письмо къысхущIихьащ…
Тхьэмпэр телъщ иджы си стIолым, -
ди кхъужьейм ар къигъэхьащ.
Сыкъеджащ а письмо гъуэплъым:
жыгыр Iущу къыщIэкIащ…
Сигъэджалъэу сэ сыхоплъэ, -
гум щIыхьащ къызиIуэкIар...
*   *   *
Бжьыхьэ уэфIым и нэбзийхэм
ягъэхуабэ тхьэмпэ гъуэплъыр -
къыпыхунущ… Жыг лъэдийхэм
иужь дыдэу я псэр къоплъыр…
СыкIэлъоплъыр си гур хэщIу, -
псэ зыпытыр мыуахътыншэ, -
сщIэжу щытми гъащIэ кIэщIым
тещыгъуэныр щыгугъыншэу…

*   *   *
Уэ пщIэрэ псыхъуэм сыщIыдэтыр,
псэр «стхьэщIу» мэзым сыщIыщIэтыр,
гъунэгъу захуэсщIу - слъагъуу наIуэу,
бзу ушэхэм сэ сыщIедаIуэр,
сыщIыкIэлъыплъыр жьыбгъэ щабэм,
щIысфIэфIыр сэ бжьыхьэкIэ хуабэр,
сигу щIыхигъахъуэр бгы аранэм,
щIигъэпIейтейр, щIихузыр жьанэм,
сыщIэнэщхъейр сэ щыуэлбанэм,
къэтхъэнсолыкъум, хьэцыбанэм,
зэрыджэм, тутым, хьэмкIутIейми
сащIегуэпэкIыр Iыхьэлейуэ?
Теплъызэу нэр пщыхьэщхьэ пшэплъым,
гугъэфIхэр згъэпсу, сыт сыщIеплъыр?
Сыт сыщIепэмыр сфIэтелъыджэу
пщыхьэщхьэм сэ губгъуэбалыджэм?
Сыт зэзэмызи мы щIыуэпсым
къыщIысфIыщIихур сэ си нэпсыр?
Си Уащхъуэ фIэкIи си мыгъусэу,
си фIэщ хъужауэ щIэстхри усэ?..
ЯгъэнщI а псогуэм си гухэлъыр,
пхузиIэр IэфIу - си  псэм хэлъыр,
ЩIэзмыужэгъури ахэр гъэкIэ -
уэ фIыуэ услъагъуным щхьэкIэщ.

*   *   *
Бжьыхьэ уэфIу чыцэ гъуафэм,
къысхуеха пфIэщIыну уафэм,
къыпылъэту пкIей хуэдам,
тхьэмпэ гъуэжь къэзубыдащ…
Мэз щхьэукъуэр къэзгъэпсалъэу,
содыхьэшхыр, къыщIэзгъалъэу:
«И кIэ цIыкIукIэ сIыгъщ!.. Мырелъ,   
бжьыхьэ дыщэр сэ сIэщIэлъщ!
Бдзэжьей дыщэу, си Iэгу илъщ,
езгъэщIэнщ си гухэлъищ!..»

Си уэрэд 
Мы дунейм щIыIэмыл даущыншэм 
Иритыну и гугъэу хуабагъэ, 
Къэтэджащ дыгъэ гуапэ-узыншэр, - 
И нурыбэр дахащэу мэгъагъэ…
Сыту лъэщ, сыту ин и IэщIагъэр! 

Псыр къуршыжьхэм, аузу дэгужьхэм, 
Ялъ къэвауэ фIэкIа умыщIэну, 
КъикъуэлъыкIыу я лъынтхуэм ирожэ, - 
И мурадыр мыгувэу зэщIэнущ…
Сыту фIы Iуэху хьэлэл бгъэзэщIэну! 

Псэхэлъхьэжу а псы ешкIурэхым 
Игу къихьащ и IэфIагъ-и къабзагъэр
Яритыну зыхуейхэм нэхъ щIэхыу, -
ЦIыхум, бзухэм, удз дахэ гъэгъахэм…
Сыту фIы, сыту IэфI гугъэзагъэр! 

Мис апхуэдэу сэ жысIэ уэрэдри, 
Си гурыгъу-си гухэлъхэр иIуатэу, 
Ирепсэу мащIэ дыдэу е куэдрэ, - 
Псэ къабзагъэр мы щIым щыребатэ…
Гухэхъуэшхуэщ – зыхэпщIэм улъатэу!  

КъэкIуэну махуэм и нэху
ДокIей ерыщу щихур уафэм, - 
Нэхугъэм щIэкъуу, лъагэу хокIыр, - 
Къудамэр уэгум щоуфафэ, 
И лъабжьэр куууэ щызэблокIыр.

Апхуэдэу си псэри хузохьыр 
КъэкIуэну махуэу нэху къэзыдзым.
Си лъабжьэр-щэ? Ар жыжьэ хохьэ, - 
Си лъэпкъ тхыдэжьыр къыщыщIидзэм. 

Сэ сипкъ нэмысми, псэр нэсынкъэ – 
Хъыбару, усэрэ уэрэду…
ТхыдэщIэр си псэм нихьэсынкъэ – 
Иджы сэ слъагъур плъыфэ куэду…

Нарт лъахэ
ЩыуэфIым деж телъыджэщ бжьыхьэ мэзыр, 
Таурыхъхэм я хъумапIэуи къыпфIощI – 
Мэ гуакIуэ щIэтым щхьэр егъэуназэр, 
Макъамэм гурэ-псэкIэ зыдыбощI. 

Псыхъуэжьри аращ – мо псыежэхым
АдрыщIкIэ Iэхъуэ щIалэ мывэм тесщ.
Ар хуэдэщ ежьэ пщащэ гуэрым щэхуу, 
Уеплъыпэм, Сос къыпфIэщIыр – щIалэ есщ. 

Иджыпсту дыди къыщIидзэнщ хъыбарыр – 
Сосрыкъуэ и къежьэкIэр зэрыхъуар…
Телъыджэ гуэр къэхъунущ… Уарэ! 
КъыIуохьэ Сэтэней!.. Е къысщыхъуа?..

Зыгъэхьэзырар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
Поделиться:

Читать также: