Къардэн лъэпкъым къыхэкIа лIыхъужьхэр

Ди къэралым и мызакъуэу, дунейм и щIыпIэ куэдым накъыгъэ мазэм щагъэлъэпIэнущ 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэр Совет Союзым и ТекIуэныгъэкIэ зэриухрэ илъэс 75-рэ зэрырикъур. СССР-м и цIыхубэр илъэси 4-кIэ псэемыблэжу зыщIэбэна, зыщIэхъуэпса а фIыгъуэр - ТекIуэныгъэ Иныр - къэхьыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIащ ди къэралым хыхьэ дэтхэнэ щIыналъэми, абыхэм щыпсэу лъэпкъхэми. Зи гъащIэм щымысхьу зауэшхуэм хэтахэм ящыщщ сэ сызыщыщ Къардэн лъэпкъым и щIалэхэри. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу, Къардэн унэцIэр зэрахьэу фронтым дэкIащ щIалэ 464-рэ. Абыхэм ящыщу 407-р зауэм хэкIуэдащ, цIыху 15-р хъыбарыншэу кIуэдащ. ­Хэку зауэшхуэм и губгъуэхэм икIуэда ди къуэшхэм ящыщу щIалэ 297-м я хьэдэр щыщIалъхьар иджыри белджылыкъым.

Хэку зауэшхуэм хэта къэбэрдей Къардэнхэм я щIалэ 464-м къахэкIащ Совет Союзым и ЛIыхъужьу 2, зы генерал, офицеру 16, сержантрэ старшинауэ 17. Дэфтэр хъумапIэхэм щIэлъ тхылъымпIэхэм наIуэ къызэращIымкIэ, Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэр къыфIащыну Къардэн лъэп­къым щыщу ягъэлъэ­гъуауэ щытащ цIыхуи 10, арщхьэкIэ а цIэ лъапIэр зратауэ Къардэнхэ къахэкIар цIыхуи 4-щ: тIур Къэбэрдей-Балъкъэрым, тIур - Къэрэшей-Шэрджэсым ­щыщу. Адрей щIали 8-м щIы­хьы­цIэр ялъэIэсакъым щхьэусыгъуэ зырызкIэ.

 

КЪАРДЭН Къубатий Лэкъумэн и къуэр, авиацэм и генерал-майорыр, КъБР-м и Совет районым хыхьэ Аушыджэр къуажэм 1917 гъэм къыщалъхуащ. Хэку зауэшхуэм и япэ махуэхэм къыщыщIэдзауэ зауэм хэтащ, фронт зэмылIэужьы­гъуэхэм хэту. СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ 1943 гъэм и шыщхьэуIум и 24-м къыфIащащ «Совет Сою­зым и ЛIыхъужь» цIэ ­лъагэр. 2011 гъэм дунейм ехыжащ.
 

 

 

КЪАРДЭН Къэбард Лэкъу­мэн и къуэр КъБР-м и Совет районым хыхьэ Аушыджэр къуажэм 1922 гъэм къыщалъхуащ. УФ-м и Президеным 1990 гъэм накъыгъэм и 5-м къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ, Къэбард иратыжащ 1944 гъэм къы­хуагъэфэщауэ щыта «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэ лъагэр. Абы фэеплъ 1991 гъэм щыхуагъуэващ щы­хэкIуэда Чортков къалэм (Украинэ).
 

 

 

 

КЪАРДЭН Мурат Iэсхьэд и къуэр КъШР-м и Адыгэ-Хьэблэ районым хыхьэ ВакIуэ-Жылэ хьэблэм 1916 гъэм къыщалъхуащ. Дзэ Плъыжьым къулыкъу щи­щIащ 1939 гъэм къыщы­щIэдзауэ. СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Президиумым и УнафэкIэ 1944 гъэм и бадзэуэгъуэм и 1-м къы­фIащащ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр. 1987 гъэм дунейм ехыжащ.

 

 

 

КЪАРДЭН Уэхьид Мусэ и къуэр КъШР-м хыхьэ ПсэукIэ-Дахэ хьэблэм 1924 гъэм къыщалъхуащ. 1943 гъэм и мэлыжьыхьым Дзэ Плъыжьым ираджащ. 1944 гъэм и бадзэуэгъуэм зауэм хэкIуэдащ. Абы щыгъуэ ар иджыри илъэс 20 ирикъуа­тэкъым. УФ-м и Президентым 1998 гъэм и мэкъуауэгъуэм и 30-м къыдигъэкIа Указым ипкъ иткIэ, Уэхьид фIащащ «Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь» цIэр, Хэку зауэшхуэм щызэрихьа лIыгъэхэмрэ хахуагъэмрэ пап­щIэ.

 

 

Хэлъа лIыгъэкIэ СССР-м, УФ-м я ЛIыхъужьхэу Къубатий, Къэбард, Мурат, Уэхьид сымэ къакIэрыхуркъым ­КЪАРДЭН Владимир (Генэ) Темыржан и къуэр, подполковникыр. Ар КъБР-м и Аруан районым хыхьэ Ар­щыдан къуажэм 1967 гъэм къыщалъхуащ. И лъэп­къэгъу лIыхъужьхэм я щапхъэм тету, ар хахуэу хэтащ 1992 - 1993 гъэхэм Абхъа­зым щекIуэкIа зауэм икIи 1993 гъэм абы хэкIуэдащ. Абхъа­зым и Iэтащхьэм къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ, Владимир фIащащ «Аб­хъазым и ЛIыхъужь» цIэ лъа­пIэр.

 

Ауэ щыхъукIэ, Къардэнхэ ди лъэпкъым ЛIыхъужь цIэр зыхуагъэфэщауэ цIыхуи 5 къытхэкIащ. Ди лъэпкъы­цIэр жыжьэ зыгъэIуа а лIыхъужьхэм я гъащIэр щапхъэу яхуэдгъэлъагъуэу догъасэ Къардэнхэ къытщIэхъуэ щIэблэхэр.

КЪАРДЭН Хьэдис, тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат, Къардэнхэ я лъэпкъ зэгухьэныгъэм и тхьэмадэм и къуэдзэ.
Поделиться: