Хэку зауэшхуэм хэтахэм зэрахьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ теухуауэ сыт хуэдиз псалъэ гуапэ жыдмыIэми лей хъунукъым, ТекIуэныгъэ Иныр къэзыхьахэм яхуэфащэ фIыщIэр къэIуэтэгъуейщи. Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэ Иныр ди къэралым къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъумрэ Хэкум и хъумакIуэхэм я илъэсымрэ лIыхъужьхэр дигу къыдогъэкIыж.
Псэемыблэжу бийм япэщIэта, ТекIуэныгъэр къэзыгъэблэгъахэм ящыщ Жыгун Зырамыкущ мы тхыгъэр зытеухуар. Лэскэн щIыналъэм хыхьэ Арщыдан къуажэм 1920 гъэм къыщалъхуащ ар. 1940 гъэм Дзэ Плъыжьым ираджащ. Хэку зауэшхуэм ипэ къихуэу связист IэщIагъэм хурагъэджат, нэхъ зауэлI къарууфIэхэм, щIалэ Iэчлъэчхэм ящыщу къалъытэри.
1943 гъэм и щIышылэ пщIондэ здэщыIа Ленинград фронтым ар япэу уIэгъэ щыхъуащ. Хъужа нэужь, и зэфIэкIыр къалъытэри, ар ягъэкIуащ Сумск щыIэ артиллерие училищэм, взводым и командирхэр щагъэхьэзырым. 1944 гъэм и накъыгъэ пщIондэ абы щеджащ. Лейтенант Зырамыку яхэтащ Польшэм и къалэхэр, Прибалтикэм и къэхэр бийм къыIэщIэзыхыжахэм. Псом хуэмыдэу абы бгъэдэлъ къарумрэ лIыгъэмрэ нэрылъагъу щыхъуащ Пренцлау, Варкэ, Фюрстенберг, Визенберг къалэхэр къыщащтэм, Помераниемрэ Мекленбургрэ нэмыцэхэм щаIэ быдапIэхэм щытеуэм. Белоруссием и етIуанэ фронтым хыхьэу, взводым и командир къулыкъур иIыгъыу ар нэсащ Берлин.
Хэкум и хъумакIуэ нэсым зэрихьа лIыгъэм папщIэ абы къыхуагъэфэщащ «Вагъуэ плъыжь» орденыр, «За отвагу», «За оборону Ленинграда», «За Победу над Германией в Великой Отечественной войне 1941 - 1945 гг.», «За освобождение Польши» медалхэр, фIыщIэ, щытхъу тхылъхэр, юбилей медалхэр.
ТекIуэныгъэ Иныр къахьа нэужь, къулыкъу ищIащ Ищхъэрэ гупым и зауэлIхэм яхэту. Хэкум къигъэзэжри, парт школыр къиухащ, жэуаплыныгъэ зыпылъ IэнатIэ зэмылIэужьыгуъэхэм пэрытащ, курыт еджапIэм щригъэджащ, еджакIуэхэр дзэ къулыкъум хуигъэхьэзыру. КъинэмыщIауэ, ар щылэжьащ Ерокъуэ и консерв заводымрэ Арщыдан Лениным и цIэр зезыхьэ и колхозымрэ.
Хэку зауэшхуэм и ветераныр I984 гъэм дунейм ехыжащ, и ныбжьыр илъэс 64-м иту. И щхьэгъусэ Таерэ абырэ илъэс 35-кIэ зэдэпсэуащ. Абыхэм пхъуих зэдапIащ. Абыхэм къахуэщIэжыркъым я адэ-анэм я псалъэ гуауэ зэхахауэ. Жыгун зэщхьэгъусэхэм я гъащIэр я щIэблэм я щапхъэщ.