Адыгэ литературэм къыхыхьэ зэхъуэкIыныгъэхэрАдыгэ лъэпкъым къыхэкIа тхакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ КIыщокъуэ Алим коммунистхэм къызэрагъэпэща икIи илъэс 70-м щIигъукIэ зэтраIыгъа къэралым къулыкъу хуищIащ, компартым и идеологиемрэ и политикэмрэ зэи нэрылъагъуу пэувакъым, «тоталитаризмэм ебэну» щытауэ зи цIэ къраIуэхэм зэи яхэтакъым. Абы совет властыр фIэкъабылу, компартым и политикэри игъэзахуэу дунейм тетауэ щIыжыпIэн щхьэусыгъуэ куэд бгъэдэлъщ, езыми ар зэи щIихъумакъым. Ауэ цIыху куэд къэзыхьэхуф идеологием и телъхьэу къэувхэр сыт щыгъуи гупитIу бгуэш мэхъу: япэр ар зыфIэкъабылу, гуащIэу яIэр абы хуэгъэтIылъыныр псэкIэ къэзыщтэхэращ, етIуанэр «зи хущхьэ хъуам и бзууэ» къару нэхъ зыгъуэтымкIэ зезыгъабэу зи щхьэ Iуэху дэзыгъэкIхэращ. Алим 1941 гъэм зауэр къэхъеяуэ, Совет къэралым и Iуэхур псэзэпылъхьэпIэу, КПСС-м хыхьауэ щытащ. Къэралым шынагъуэ ямылейр къыщыщхьэщыхьэм, коммунистхэр гъэунэхупIэ хьэлъэ щихуэм щыгъуэ, партым хыхьа, зи къарумрэ талантымрэ щхьэузыхь Хэкум хуэзыщIа тхакIуэр япэ гупым зэрыщыщым шэч хэлътэкъым. Ар компартым хыхьэри, зыхыхьам и IэщакIуэ пэжи хъуащ, игурэ и псэкIэ партым и идеехэр къыдищтэу хуэусащ. Ауэ мыбдежым гу зылъытапхъэу Iуэху зыбжанэ щыIэщ. Япэрауэ, зэман дэкIыу, нэгъуэщI Iуэху еплъыкIэ гуэрхэм я тепщэгъуэ хъуа нэужь, КIыщокъуэм хуэдэхэм уахущIэбжэныр тынш дыдэщ. Гугъур нэгъуэщIщ, а КIыщокъуэм къызэпича гъуэгуанэм удытеувэу абы лIыгъэкIэ, акъылкIэ, таланткIэ къихьар зыхуэдизым хуэфэщэжын пщIэ хуэпщIынырщ. Ар зыхузэфIэкIым, дауи, къыгурыIуэнщ адыгэ усакIуэшхуэм къыхиха гъуэгур цIыху захуэм и гъуэгуу зэрыщытар. ЕтIуанэрауэ, етIощIанэ лIэщIыгъуэм и щэщI гъэхэм репрессиехэм зи къарур щIилъэсыкIа лъэпкъ литературэ зэпцIагъащIэм, нэхъ пажэу къэунэхугъа ЩоджэнцIыкIу Алий зыфIэкIуэдам, зегъэIэтыныр, зегъэшэщIыныр пщэрылъ зыхуэзыщIыж усакIуэм дежкIэ нэгъуэщI гъуэгу щыIэтэкъым: жыIапхъэу къыппаубыдыр ядыжыпIэурэ уэ уи лъэпкъым хуэпщIэну мурад пщIахэр гъэзэщIэн хуейуэ арат. КъыжытIаитIым ещанэщ мыри: КIыщокъуэ Алим сыт хуэдэ къулыкъушхуэ имыIыгъами, сыт хуэдэу хэIэтыкIауэ компартымрэ абы и гъуазэхэмрэ яхуэмыусами, ар зэи парт-къэрал Iуэхузехьэ хъыжьэхэм я дежкIэ цIыху тынш цIыкIуу щытакъым. Ар зэи ящыщ хъуакъым ищхьэкIэ щащIа унафэр мыгупсысэу зыгъэзэщIэну хьэзырхэм. Ар нэуфIыцIщхьэрыуэу ежажьэртэкъым, ящIа закъуэмэ, сыт хуэдэ унафэри игъэзэщIэну хьэзыру. Ди литературэр щызэфIэувэм КIыщокъуэм япэ ита щыIами (усакIуэшхуэ дыдэхэр яхэту), адыгэбзэ тхыгъэр, псом хуэмыдэу лирикэр, роман лIэужьыгъуэхэр, дунейпсо литературэ щапхъэхэм изыгъэтIысхьар, изыгъэувар, дунейпсо утыку изышар Алим и гуащIэрщ. КIыщокъуэм и жьауэм щIэту лъэщу бэкъуащ литературэр. Алим и жьауэм щIэту абы иухащ ди лIэщIыгъуэ къуабэбжьабэр». Автобиографие повестым кIуэцIрышауэ образ нэхъыщхьэу хэтыр авторырщ. Ар гурыIуэгъуэщ, авторыр и гъащIэм топсэлъыхь, зрихьэлIа къэхъукъащIэхэр къеIуэтэж. Дэ зэрытщIэщи, КIыщокъуэр иужьрей илъэсхэм Мэзкуу щыпсэуащ. Абы икъукIэ къехьэлъэкIырт щалъхуа щIыналъэм зэрыпэIэщIэр, и нэ къикIырт зэ нэхъ мыхъуми Щхьэлыкъуэ дыхьэжыну, абы и гум щызу щыбэуэну. Арауэ къыщIэкIынщ абы и иужьрей усэ тхылъми «Щхьэлыкъуэ» щIыфIищар. Мэзыхьэ Борис игу къегъэкIыж: «зыпищI щымыIэу фIыуэ илъагъурт Алим къыщалъхуа къуажэр. Абы щыгъуэми, и жылэжьым зэрыхуэзэшыр, илъагъуну и нэ къызэрикIыр и макъым къыхэщ, и нэхэм къыщIих зэпытт». Щалъхуа и къуажэм, и адэ-анэр зыщIэлъ кхъэм щыщIалъхьэжыну пасэу уэсят къэзыщIа тхакIуэшхуэм фIэлъапIэ дыдэт и жылэжьыр. Илъагъужакъым КIыщокъуэм, слъэгъужащэрэт жиIэу, и нэ къызыхуикIар, ауэ ар и куэщI иралъхьэжащ и псэм пищI щIыналъэм икIи я гъусэ хъужащ «ди щхьэр зэхуэмызами, ди псэр зэхуэзэнкъэ» зыжриIа и адэ-анэм. Литературэм образкIэ къегъэлъагъуэ гъащIэм къыщыхъункIэ уи фIэщ зыщI псэукIэр, цIыху зэхущытыкIэр. ГъащIэмрэ литературэмрэ я зэпыщIэныгъэр налъэ куэду зэхэлъщ. Абыхэм лъэхъэнэхэм зыдахъуэж, ауэ а зэхъуэкIыныгъэхэри «къыхэIущIыкIам» ещхьу литературэ процессым хыхьэркъым. Ди зэманым тхакIуэм и хуитыныгъэхэр ещхьыжкъым совет лъэхъэнэм иIахэм. Абы щыгъуэм, псом хуэмыдэу, 20–40 гъэхэм, баштекъузэкIэ тхакIуэхэр хуагъэлажьэрт партым и идеологием. Нобэ зыри хагъэзыхьыркъым къаIэт темэкIи, гъащIэр къызэрагъэлъагъуэ IэмалхэмкIи. Ар фIыуэ къыдэкIуащ 90 гъэхэм къэунэхуа политикэм, псэукIэщIэм. А илъэсхэм къыздахьа хуитыныгъэхэм ящыщщ «буржуазием и идеологием» дагъэкIуауэ щыта литературэ щIэныгъэм и Iэмалхэр еджагъэшхуэхэм къагъэсэбэп зэрыхъуари. Зи гугъу тщIыр гъуазджэм и унэтIыныгъэхэу модернизм, авангардизм, постмодернизм теорием щыщ нэгъуэщI пкъыгъуэхэрщ. Сыт хуэдэ къэралми, лъэпкъми я гъащIэм лъабжьэ хуэхъур экономикэмрэ жылагъуэ зэхэтыкIэмрэщ. 1917 гъэм щыIа Октябрь революцэм уней мылъкур игъэкIуэдри, псоми зэдай мылъкум хуигъэкIуат. Капитализмэр IэщIыб ящIри социализм, коммунизм жылагъуэ зэхэтыкIэм цIыхубэр тригъэлэжьащ илъэс 74-кIэ. А илъэсхэм совет унафэщIхэм IуэхуфI куэд зэфIахащ, ауэ щыуагъэу ящIари нэхъ мащIэкъым. ИкIэм-икIэжым къэрал унафэщIхэри цIыху къызэрыгуэкIхэри хуэмыхьэзыру къыщIидзыжащ «дуней жэнэткIэ» зэджэ коммунизмэр ухуэным. ФIым, цIыхухэр зэхуэдэ щIыным, псори зэкъуэту гъэсэным теухуа къыхуеджэныгъэхэр хьэуам къыхэнэри, Совет Союзыр лъэлъэжащ. Мылъкур щхьэзакъуэм щыхуэкIуэжым, цIыхухэр я псэукIэкIэ зэхуэмыдэ хъуащ. Хуитыныгъэмрэ демократиемрэ я фIагъыр псоми зэхуэдэу екIакъым. А зэхъуэкIыныгъэхэр зыкъомкIэ литературэми къыжьэхэмыуэу къэнакъым. Псом япэрауэ, тхакIуэхэм я союзым и къалэнри, и зэфIэкIри мащIэ дыдэ хъуащ. Литературэм и декадэ екIуэкIыу щытахэр зэпыуащ. ЩIыналъэ щхьэхуэхэм щыпсэу тхакIуэхэми Мэзкуу дэсхэми зэпыщIэныгъэ щIагъуэ яIэжкъым. Жанр и лъэныкъуэкIэ къапщтэмэ, мы лъэхъэнэм усэми, прозэми, драматургиеми зэщхьэщыкIыныгъэшхуэ ямыIэу заужьу жыпIэ хъунущ. ИщхьэкIэ зэрыжытIауэ, тхакIуэхэм я бжыгъэм хэщIами, литературэм щIалэгъуалэу къыхыхьэм я бжыгъэм кIэрыхуами, къэбэрдей-шэрджэс литературэр и пIэ иткъым, абы арэзы укъэзыщI тхыгъэхэр къыхохъуэ. Псом япэу къыжыIэн хуейщ усакIуэхэм жылагъуэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэм псынщIэу зэрыпэджэжыр. Къэралышхуэр щылъэлъэжым къыкъуэкIа ныкъусаныгъэхэр, цIыхухэм я нэхъыбэр тхьэмыщкIэ зэрыхъуар, лъэпкъхэм яку къаугъэ къыдэхъуэ зэрыхъуар къыхыхьащ лъэпкъ усакIуэхэм я творчествэм. Ахъумашэ Аидэ, КъБКъУ-м и Социально-гуманитар институтым Адыгэ филологиемкIэ и къудамэм и магистратурэм и 1-нэ курсым щеджэ.
Поделиться:
Читать также:
11.11.2025 - 15:00 →
Унэхэр
10.11.2025 - 13:30 →
И лIыгъэр ноби ящыгъупщакъым
08.11.2025 - 12:52 →
Гупсысэ щIэщыгъуэхэр къызыхэщ тхыгъэхэр
08.11.2025 - 11:51 →
МЭЗЫТХЬЭ КЪЫДЭУИ!
06.11.2025 - 12:26 →
Литературэ зэпеуэхэм я нэхъ иныр иухащ
| ||



