Усэм пэджэж лэжьыгъэхэрКъэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ къызэIуаха «Сквер 100-летия» зыгъэпсэхупIэм хэт галереем щокIуэкI «Ах, мой Чегем…» гъэлъэгъуэныгъэр. Ар къызэрагъэпэщащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт скульптор Черкесов Тахир къызэралъхурэ илъэс 65-рэ зэрырикъум и щIыхькIэ. КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Къаныкъуэ Жаннэ гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым жиIащ иужьрей илъэсхэм скульпторым и Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэхэр зэрыарар мыбдеж щызэхуахьэсар, абы и нэхъыбапIэм IуэрыIуатэр лъабжьэ зэрахуэхъуар, и дэтхэнэ зы лэжьыгъэри зэрыгъэщIэгъуэныр, гупсысэкIэ зэрыгъэнщIар. Мы гъэлъэгъуэныгъэм утыку къыщрахьащ гипсымрэ пхъэмрэ къыхэщIыкIа лэжьыгъэ 21-рэ. Скульпторым и выставкэм и фIэщыгъэр (Ах, мой Чегем…» Кулиев Къайсын и IэдакъэщIэкIщ, скульпторым нэхъыфIу ящыщу фIыуэ илъагъу усэхэм ящыщ зыщ, езыри щыпсэур Шэджэм аузырщ). Нэхъыщхьэу къилъытэр дахагъэу и нэм къыфIэнэр и лэжьыгъэхэм къыщигъэлъэгъуэжу абыкIэ цIыхухэм ядэгуэшэнырщ. ЗэрыжиIэмкIэ, языныкъуэ и зы скульптурэхэр псынщIэу негъэс, илъэс бжыгъэкIэ зэлэжьаи иIэщ. ЗэIущIэм къыщыпсэлъахэм жаIар къызэщIэпкъуэжмэ, къыхагъэщащ скульпторым и IэдакъэщIэкIхэм узэрыдахьэхыр, цIыхумрэ щIыуэпсымрэ зэрызэпыщIа къуэпсхэр щIэщыгъуэу къызэригъэлъагъуэр, Кавказым щыпсэу цIыху къызэрыгуэкIхэр, и щIыналъэм хуиIэ лъагъуныгъэр – а псори дэтхэнэми зыхищIэфын хуэдэу зэригъэпсыр. Къэпсэлъахэр скульпторым ехъуэхъуащ узыншагъэрэ ехъулIэныгъэрэ иIэу дяпэкIи дахагъэ къигъэщIыну, республикэм и гъуазджэм хэлъхьэныгъэ хуищIыну, и лэжьыгъэхэр зигу дыхьэхэр игъэгуфIэну. Лермонтовым и цIэр зезыхьэ комитетым и унафэщIхэм ящыщ Додуев Аскэр бгъэхэIу медалыр (Кулиев Къайсын къызэралъхурэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ) Черкесов Тахир и бгъэм хилъхьащ. Скульпторым фIыщIэ яхуищIащ гъэлъэгъуэныгъэм зыкърезыгъэхьэлIахэмрэ псалъэ гуапэ къыхужызыIахэмрэ. Абы жиIащ и лэжьыгъэхэр ягу дыхьэмэ, абыхэм къыпэджэжмэ, насыпышхуэу къызэрилъытэнур, и скульптурэхэр цIыхухэм къазэрыщыхъур зыхищIэнымкIэ выставкэр зэрыIэмалыфIыр. Гипсымрэ пхъэмрэ ирилажьэ скульпторыр 1960 гъэм Шэджэм Ищхъэрэ къуажэм къыщалъхуащ. Пензэ къалэм и художественнэ училищэр 1987 гъэм къиухащ, скульптор IэщIагъэр иIэу. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2026 - 11:36 →
Лъэпкъым и набдзэ бзылъхугъэ
18.05.2026 - 11:23 →
ИНАРЫКЪУЕЙ МАФIЭС
17.05.2026 - 11:18 →
Зэрызэмыщхьырщ щIэщыгъуэ зыщIыр
17.05.2026 - 10:33 →
Адыгэ цIыхубэ уэрэдыжьхэм я пшыхь
14.05.2026 - 17:00 →
Щэнхабзэм и хъумакIуэ
| ||




