ЩIэныгъэлI, тхакIуэ, узэщIакIуэ, егъэджакIуэ, Сириеми Урысей Федерацэми я ТхакIуэхэм я союзхэм хэт Къумыкъу Мамдухь пщэдей къыщалъхуа махуэщ, и ныбжьыр илъэс 85-рэ ирокъу.
Къумыкъу зэщхьэгъусэхэу Мамдухьрэ Сихьэмрэ (Щоджэнхэ япхъущ) Сирием и КъунейтIрэ куейм хыхьэ Хъышней къуажэм щыпсэуащ, езыхэри я бынхэри къыщалъхуар аращ. Абы дэт курыт еджапIэр къиухри, Дамаск муслъымэн диным щыхурагъаджэ институтым, итIанэ университетым и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. Мамдухь илъэс куэдкIэ хьэрып къэрал зыбжанэми Къэбэрдей-Балъкъэрми егъэджакIуэу щылэжьащ, Дамаск щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и Iуэхухэми зэщхьэгъусэхэр жыджэру хэтащ. 1992 гъэм Хэкум къагъэзэжауэ, зэрыунагъуэу Налшык щопсэу.
Къумыкъу Мамдухь и тхыгъэхэр хьэрыпыбзэкIэ дунейм къыщытехьащ Дамаски Аммани. Хэхэс адыгэхэр лъэпкъ щэнхабзэм, IуэрыIуатэм, литературэм хигъэгъуэзэнымкIэ Къумыкъу Мамдухь лэжьыгъэшхуэ зэфIигъэкIащ. Апхуэдэу ди тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкI куэди (псалъэм папщIэ, КIыщокъуэ Алим и роман цIэрыIуэхэр, IутIыж Борис и «Тыргъэтауэ» драмэр) нарт хъыбархэри хьэрыпыбзэкIэ зэридзэкIауэ къыдигъэкIащ. Абы къыпызыщэ лэжьыгъэ хъарзыни и IэдакъэщIэкIщ Мамдухь. КъуэкIыпIэ гъунэгъум щыпсэу лъэпкъыжьхэм я эпосым, IуэрыIуатэм иригъапщэурэ, зэпкърех адыгэ нарт хъыбархэр. АдыгэбзэкIи хьэрыпыбзэкIи зэгъусэу итхын щIидзауэ кIыхьлIыхьыIуэ хъурти, нэхъ псынщIэу и гупсысэр къызэрыхуэIуатэ хьэрыпыбзэм къытеувыIэри абыкIэ итхащ. «АдыгэбзэкIэ зэздзэкIыжыну сыхуейщи, къысхузэпищамэ фIыт», - къыхегъэщ Мамдухь.
КъищынэмыщIауэ, ар Дамаск къыщыдэкI газетхэми журналхэми жыджэру ядэлэжьащ. «Сыт псыхъуэ цIыкIум жиIэр» тхылъыр и анэдэлъхубзэкIэ адэжь щIыналъэм дунейм къыщытехьащ. А тхылъым ихуа Iуэтэжхэм нэмыщI нэгъуэщIхэри ныкъуэтхыу иIэщ, зэм-зэм ахэри дунейм къытригъэхьэфыну дыщогугъ.
«Кавказымрэ КъуэкIыпIэ гъунэгъумрэ папщIэ зэпэщIэувэныгъэ инхэмрэ шэрджэсхэмрэ. XIII лIэщIыгъуэм и кум къыщыщIэдзауэ XXI лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэм нэс» къэхутэныгъэ лэжьыгъэм зэманышхуэрэ къарурэ тригъэкIуэдащ Мамдухь, ар и художественнэ гупсысэм зэран хуэмыхъуауэ, тхыгъэхэр дунейм къытегъэхьэныр имылъэхъауэ пхужыIэнукъым. Ауэ Iуэху гуэрхэр къигъэнами, хущIегъуэжыркъым. А лэжьыгъэм щIэныгъэлIым къыщиIэтам хуэдизым зи Iэ техуа къэгъуэтыгъуейщ. АдыгэбзэкIи щыIэхэм еджэурэ, хьэрыпыбзэкIэ тхахэри щIищыкIыурэ зэхуихьэсащ, дэфтэркIэ щIэмыгъэбыдауи зы псалъэ иткъым. «Хэкурысхэр хамэ къэралхэм къыщыдэкIхэм щыгъуазэкъым, нэгъуэщI щIыналъэм щыпсэухэм адыгэбзэкIэ тхахэр ящIэркъым, аращи, я тхылъхэр тIэкIу лъэныкъуабэ мэхъу», - жеIэ Мамдухь. Аращ мы къыдэкIыгъуэм уасэ щIимыIэри.
Адэжь щIыналъэр ди плъапIэт
- ХЭКУМ къэкIуэжыныр ди къалэну къэтлъытэу дыкъэхъуащ дэ, хэхэсым я щIэблэр. Ар къызыхэкIар дыщыпсэу Хъышней къуажэ цIыкIум дэсхэр адыгэбзэкIэ псалъэу, адыгэ хабзэ щызекIуэу, адыгэ нэмыс дэлъу, Хэкум и гугъу куэдрэ щащIу къызэрыгъуэгурыкIуэр арагъэнт, - жеIэ Мамдухь. - ЕтIуанэ дунейпсо зауэм щыгъуэ я щIыналъэм икIыу Европэм кIуахэу иужькIэ Сириемрэ Иорданиемрэ хэщIапIэ зыщIахэми Хэкум и хъыбар куэд къахьат. Ущыпсэу мыхъуххэну, адыгэхэри хэшыпсыхьыжауэ щымыIэжурат абыхэм яIуатэр. Совет Союзым епцIыжу нэмыцэм и гъусэу икIахэм сытыт-тIэ нэгъуэщI жаIэнур?! Къыхэзгъэщыну сызыхуейращи, Хэкум къыщхьэщыжу абы пщIыхь дахэ хуэзылъагъухэри щыIэт, и Iей зыгъэIухэри мащIэтэкъым. Сирием и къуажэ пхы-дза цIыкIухэм нэгъунэ щыужьыхыртэкъым ди щIыналъэ дахэм и хъыбархэр. Мис апхуэдэурэ абы дыкъыщIэтэджащ, хуэм-хуэмурэ зыкъэдужьащ, латиныбзэкIэ тхауэ тхылъ закъуэтIакъуэ щыIэхэр къытIэрыхьэри, абыхэмкIэ деджащ, бзэмкIэ тхэкIэ-еджэкIэ зэдгъэщIащ. Хрущёв Никитэ и зэманыр къэсри, письмохэр, Хэкум никIыу тхылъхэр къытIэрыхьэ хъуащ. Абыхэм деджэм и мызакъуэу, щIэблэм курсхэр къыхузэдгъэпэщурэ тхэфу, еджэфу зэрыдгъэсэным дыпылъащ. ИужькIэ Хасэхэм апхуэдэ курсхэр нэхъыбэ ящI хъуащ. Апхуэдэу екIуэкIыурэ дыкъэкIуэжыфыну къыщытхуихуэм, Хэкужьыр зэдгъэгъуэтыжащ.
Хэхэсу ущытыныр тыншкъым
Илъэс 33-рэ мэхъу Мамдухь и унагъуэм къызэригъэзэжрэ. Ахэр, дауи, матэщIэдзауэ щытакъым, гугъуехь мымащIэхэм зэрыIууари гурыIуэгъуэщ.
- Ипэ илъэсхэр тыншауэ схужыIэнукъым, ауэ адыгэбзэр тщIэрт, адыгэ хабзэм фIыуэ дыщыгъуазэти, нэхъ псынщIэ къытщащIащ лъэпкъым хэсыхьыжыныр. «Мы хэгъэгу пхыхуам фыкъыщIэкIуэжар сыт, сытым фыкъихужа?» - Iэджэми къыджаIэрт. Ар хэкурысым къыгурыIуэнукъым, пэIэщIэ хъуакъым и лъахэми. Хэхэсу ущытыныр тыншкъым, псэми дэгъэхуэгъуейщ.
Дэр-дэру лэжьапIи къызэдгъэпэщащ, ди бынхэм, зэрыжысIащи, адыгэбзэр ящIэрти, къыин къыхэмыкIыу еджахэщ, урысыбзэри зрагъэщIэфащ. ЩIалэми хъыджэбзитIми щIэныгъэ нэхъыщхьэ яIэщ.
Iуэхур къыбдаIыгъмэ
Мамдухь и гур мыбыкIэ щыIэкIэ зэфIэкIрэт, щхьэгъусэм къыбдиIыгъын хуейтэкъэ? Хэкум кIуэжын хъыбарыр Сихьэм и дежкIэ телъыджэлажьэтэкъым, ищIэр фIы дыдэу къызыгурыIуэ и щхьэгъусэ губзыгъэм иужь итт.
- Сэри Хасэм сыхэтт, Хэкур зи пщIыхьэпIэм хэмыкIхэм сащыщти, дызэгурыIуэу дыкъекIуэкIырт, - жеIэ Сихьэм. - Пэжщ, тIэкIу, зы илъэситI хуэдэкIэ, зызгъэгувэну сыхуейт, си пенсэ Iуэхухэр, нэгъуэщI гуэрхэр зытеуIэфIэху. Ауэ Мамдухь къытричырт, «хэкубжэр къызэIуахащ, хуащIыжынуми пщIэркъым» жиIэу. Псори къэдгъанэри, гъуэгу дыкъытехьэжащ. Тхьэм и фIыщIэкIэ, хуэм цIыкIуурэ псори зэпэщ хъуащ.
Зыми къигъэдзыхакъым
Зэса щытыкIэр, псэукIэр зыхъуэжа дэтхэнэми зэрызыхуэбгъазэ хъуну «ФыщыхущIегъуэжа къэхъуа?» упщIэм и жэуапыр хьэзырыххэщ.
- Гугъут, ауэ «дыкъэкIуэжын хуеякъым» псалъэхэр зы лъэпощхьэпоми жыдигъэIэфакъым, - къызжиIащ зэгуэрым Сихьэм. - Пэжщ, ди Iыхьлы абыкIэ къэдгъэнахэр дигу къэкIырт. 2019 гъэ хъуху си анэр схуэпсэуащ, Сирием щыIэти, сыкIуэрт е езыр къакIуэрт, сэ нэхъ щIэх-щIэхыурэ, Мамдухь нэхъ мащIэрэ. Iыхьлыхэм дазэрыпэIэщIэрат нэхъ хьэлъэр. КъыщыдгъэзэжагъащIэм ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ уэрамым щыдиIа фэтэрым щызигъунэгъуахэр хъарзынэ дыдэт. Тхьэм ищIэнщи, абыхэми куэдкIэ я фIыгъэщ ди лъэпкъым дызэрыхэзэгъэжар. Егъэлеяуэ гъунэгъуфIти, си благъэ дыдэу фIэкIа зэи къэслъытакъым, езыхэ-ри къызэрытхущытар апхуэдэущ.
Насыпымрэ ар къызыдэкIуэмрэ
Насыпщ гъащIэм лъэ быдэкIэ хэува и бынхэм, пхъурылъхухэм я ехъулIэныгъэхэм зэрыхэплъэр. Урысейпсо зэхьэзэхуэхэм щытекIуэу, Европэм и утыкухэм ихьэу тхэквондо спорт лIэужьыгъуэр къэзыгъэIурыщIа Амиррэ Ланэрэ дадэ-нанэр ягъэгушхуащи, я зэфIэкIыр нэхъ лъагэж хъуну, нэхъыжьхэр я щIэблэм я ехъулIэныгъэм щыгуфIыкIыу, нэхъыщIэхэри зи жьауэм щIэтхэр я гъуазэу псэуну Тхьэм жиIэ!