Нэхущ Мухьэмэд и Нэхущ вагъуэр

Адыгэ усыгъэм зи лъагъуэ ­бгъуфIэ щыпхызыша лирик гъуэ­зэджэхэм ящыщщ Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ Нэхущ Мухьэмэд.

1944 ГЪЭМ Нэхущыр къыщалъхуащ цIыху телъыджэхэмкIэ быныфIэ Хьэгъундыкъуей къуа­жэм. Мухьэмэд дунейм къы­щы­техьа илъэсым хэкIуэдауэ щытащ Хэку зауэшхуэм къэмылэнджэжу хэта и адэ Нэхущ Джэуад.
1951 - 1962 гъэхэм япэщIыкIэ ку­рыт еджапIэм, иужькIэ Кара­чаевск къалэм дэт еджапIэ-интернатым щеджащ. Абыхэм щыщIэса лъэхъэнэм и япэ усэхэри итхащ. И ныбжьэгъухэм зэрыжаIэжымкIэ, зы­къомрэ зэлэжьа и IэрыкI нэхъыфIхэр иту Мухьэмэд дэфтэр Iувышхуэ зэрихьэрт.
1963-1966 гъэхэм Нэхущым армэм къулыкъу щищIащ, а зэманым ГДР-м щыIа ди дзэхэм яхэту. Штабым щрихьэкI къалэнхэр зэригъэзащIэм къыдэкIуэу, щIалэщIэм   усэ тхынми зэман хухихыфырт. Абы щыгъуэ Мухьэмэд зэхилъхьэу ­га­зетхэм къытрыригъэдзахэм ящыщщ «Анэм деж», «Сып­хуэзэшт», «Арагъэнщ», «ЩIакхъуэ фIыцIэ» усэхэр, нэгъуэщIхэри.
Нэхущым и къулыкъур хъарзынэу и кIэм нэсат икIи япэу къаутIыпщыж гупым яхэту къэкIуэжу, институтым щIэтIысхьэну зигъэ­хьэзырт. Ауэ къулыкъум щыIэу къыщыщIа насыпыншагъэм фэбжь хихри, и нэхэм зыри ямылъа­гъужу, мазэ зыбжанэкIэ сымаджэщым щIэлъащ, псэзэ­пылъ­хьэпIи итащ. Пэжщ, дохутырхэм абы и нэхэр къагъэплъэжащ, ауэ и узыншагъэр зэтес яхуэщIыжакъым.
Мухьэмэд зыкъиужьыжу и лъэ теувэжа нэужь, Хьэбэз район ра­диом лэжьапIэ уври, 1973 гъэм нэсыху редактор къалэнхэр игъэ­зэщIащ. А зэманым абы и Iэдакъэм къыщIэкIащ усэфI куэд.    Ахэр шэрджэс усакIуэ, тхакIуэхэм   я Iэрытххэр щызэхуэхьэса тхылъ­хьэу «Гъуэгу къабзэ», «Гранатэ закъуэ», «Зэкъуэшхэм я макъ», «Жьы хъуркъым бгыхэр» зыфIащахэм, «Ленин нур» газетым, «Iуащхьэмахуэ» журналым къыте­хуащ. Аращ а илъэсым Къэрэшей-Шэрджэс тха­кIуэ организацэм Нэхущыр Мэзкуу дэт Ли­тературэ институтым еджа­кIуэ щIигъэкIуар.
Къалащхьэм щыIэхункIэ Нэхущ Мухьэмэд и зэфIэкIми хигъэ­хъуащ. А лъэхъэнэм абы итхахэм ящыщщ «Лъэпкъым», «Адыгэ нэпсхэр», «Лермонтовым деж», «Адыгэ пейзаж» усэ гъуэзэджэхэр, нэгъуэщI куэдхэри. Къищы­нэ­мы­щIауэ, абы Iэзэ дыдэу адыгэбзэм къригъэ­зэгъащ: Пушкин Александр и ­«Моцарт и Сальери» трагедиер, Лермонтов Михаил и «Горные вершины», Фет Афанасий и «Чудная ­картина», Ахматова Аннэ и «Сколько просьб у любимой всегда», Гамзатов Расул и «Журавли», «Я спросил у ­маленькой речушки», Кулиев Къайсын и «Наставленье предков», «Умберто Саба» и «Озеро», Исикавэ Такубоку и «Слезы», «Сугроб», «Образ матери» усэхэр.
Литинститутыр къиуха иужькIэ, Мухьэмэд Къэрэшей-Шэрджэсым игъэзэжри, 1994 гъэ хъуху газетым щылэжьащ икIи и IэдакъэщIэкI­-хэмкIэ цIыхухэр игъэгуфIэурэ къе­кIуэкIащ. А лъэхъэнэм абы нэгъуэщI усакIуэ зытIущ щIыгъуу къыдигъэ­кIащ «Гъатхэ гъуэгу», «Ди гупсысэхэр» тхылъхэр, «Iуащхьэмахуэ» журналым къытридзащ «ФатIимэт» Iуэ­тэжымрэ «Шагъдийхэр пшэплъым щIоплъыр» новеллэмрэ. Ауэ адэкIэ ищIэным хунэмысу, и зэ­фIэ­кIым ­зиужьу хуежьа къудейуэ, 1994 гъэм и гъэмахуэм дунейм ехыжащ.
И нэIуасэу щытахэм жаIэж Нэхущ Мухьэмэд цIыху щабэу, гуапэу зэ­рыщытар. Абы игу хьэрэмыгъэншэм малъхъэдисым хуэдэу езым хуэдэ цIыхуфI куэд зыбгъэдишэрти ныбжьэгъу ищIт.
Нэхущ Мухьэмэд и тхылъ щхьэхуэу къыдэкIар «Адыгэ нэпсхэм» я закъуэщ. Ари, усакIуэр дунейм ехыжа иужькIэ, абы и ныбжьэгъу щыпкъэу щыта Уэхъутэ Александр и мылъкукIэ дунейм къытригъэхьауэ аращ.
УсакIуэр тотхыхь лъэпкъым и блэ­кIамрэ нобэмрэ, адэжь лъахэм, анэм, лIыгъэмрэ щыпкъагъэмрэ, адыгагъэмрэ цIыхугъэмрэ, ныбжьэгъухэмрэ жагъуэгъухэмрэ, лъагъуныгъэмрэ гъащIэмрэ, усыгъэмрэ усакIуэхэмрэ. Ауэ Нэхущым и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэр, и усэхэм я нэхъыбэр зытеухуар къэзылъхуа лъэпкъымрэ хэкумрэщ, къыдалъхуа и лъэпкъэгъухэрщ. Абыхэм Мухьэмэд яхуиIэ лъагъуныгъэр щIэншэщ икIи мардэншэщ.
Адыгэ щIалэм и усыгъэхэм увыпIэшхуэ щаубыд лъэпкъым и тхыдэ хьэлъэ блэкIамрэ абы пыщIа гупсысэ гугъухэмрэ. Аращ зытеухуар Нэхущым и усэхэу «Адыгэ нэпсхэр», «Лъэпкъым», «Маржэ, адыгэхэ!», «Ди щIыхуэ къатенакъым», «Гуауэм дегъагъ», «Адэжь лъахэ», «Лермонтовым деж», «КъыптекIуэр Iуэхукъэ», нэгъуэщI­хэри.
 

ИНЭРОКЪУЭ Данэ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ