Нэгъабэрейм нэхърэ нэхъыбэу![]() 2025 гъэм и щIышылэм – бадзэуэгъуэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым къыщыщIагъэкIащ Iусыпхъэу тонн мин 75,2-рэ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам нэхърэ хуэдэ 1,5-кIэ нэхъыбэщ ар, къитащ иджыблагъэ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм. Iэщымрэ джэдкъазымрэ я Iусыпхъэхэр абыхэм халъхьэ пкъыгъуэхэр республикэм къыщыщIагъэкI хьэрычэт IэнатIэ мащIэм хыхьэ мэкъумэш, уней IуэхущIапIэ 11-м икIи, езыхэм къызэрагъэсэбэпым къыдэкIуэу, нэгъуэщIхэми иращэ. ЖыпIэнурамэ, ди республикэм къыщыщIагъэкIа Iусыпхъэхэм щIэупщIэ щаIэщ УФ-м и нэгъуэщI щIыналъэхэми, хамэ къэралхэми.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
13.09.2026 - 11:18 →
ГъащIэр лъапIэщ
13.09.2026 - 09:58 →
Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
| ||





