Лъэхъэнэжьым и фэеплъхэрЯзыныкъуэ жыг лIэужьыгъуэхэр цIыхум нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэрэ мэпсэу. Ауэ куэдым ящIэу пIэрэ цивилизацэ зыбжанэм я къэунэхугъуэмрэ кIуэдыжыгъуэмрэ зи «нэгу щIэкIа», илъэс мин бжыгъэ зи ныбжь жыгыжьхэр нобэм къызэрысар?! НобэкIэ ботаникэм ецIыху зы ныбжьыр илъэс миным щхьэдэха жыг тхущI! Пэжу, цIыхум и лъэр тыншу здынимыхьэсыф, къэпщытэныгъэхэр щебгъэкIуэкIынкIэ щIыпIэ гугъусыгъухэм щокI ахэр. Арауэ къыщIэкIынущ ди зэманым къыщIэсари, цIыхур лъэIэсыфатэкъыми… А жыг 50-м нэхъыжь дыдэу яхэтыр Калифорнием и къуэкIыпIэмкIэ щыIэ Инио мэзым илъэс мини 5-м щIигъуауэ щыкI Мафусаил жыхуаIэ псейрщ. Ар жыгыу щыIэм я нэхъыжьу зэрыщытыр къыщахутар 1957 гъэрщ. Америкэм и къухьэпIэ щIыналъэхэм я жьыуэпсыр (климатыр) зыдж Шульман Эдмунд къигъуэтауэ щытащ. ЩIэныгъэлIым зэрымыщIэкIэ къигъуэта жыгым илъэс 4723 и ныбжьу къибжат. Дауи, ар къызэрызэтенам и щэхур къатIэщIыну хуейуэ, ботаникхэм яджын щIадзат псейр. КъызэрыщIэкIамкIи, а псей лIэужьыгъуэм и банэхэр илъэс 20-30-кIэ мэпсэу, пымыгъукIыжу. Ауэ щыхъукIэ, псейм илъэс 30-кIэ зигъэпсэхуну, и къару ихъумэжу «жеину» Iэмал иIэщ. А зэманым къриубыдэу псей банэ щхъуантIэхэм фотосинтезыр зэпымычу ирагъэкIуэкI, псейр ягъэбауэ. Жыгым удын гуэр игъуэтамэ, ар зытехуар гуогъукIри, поху, узыр псейм и «Iэпкълъэпкъым» иримыгъэгуашэу. Абы къищынэмыщIауэ, жыг щхьэфэр сагъыз IувкIэ кудащи, бактериехэмрэ вирусхэмрэ кIуэцIрыкIыфыркъым. Мафусаилыр щыкI щIыпIэр икъукIэ щIыналъэ гъущэщ, абы къэкIыгъэ куэд йокIуэдыкI. Ауэ псейр мыгъуу къызэтенащ абы и фIыгъэкIэ. ЩIэныгъэлIхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Мафусаил иджыри илъэс мин зыбжанэкIэ псэунущ жьыуэпсым къанэ щымыIэу зимыхъуэжмэ. Урысейм и гугъу пщIымэ, иджыблагъэ щIэныгъэлIхэм Якутием къыщахутащ мэз псо, зи ныбжьыр илъэс 750-885 хъу тхьэмпабэхэр щыкIыр. Илъэс мини 3-м щIигъуауэ Бразилием щокI Cariniana legalis жыгыр. Абы ихъуреягъкIэ ит мэзыр ираупщIыкIри, ди жагъуэ зэрыхъунщи, мыри дагъэкIуэнкIэ хъуну жаIэ. I968 гъэм Японием и Якусимэ хытIыгум къыщагъуэтащ илъэс 2500-7200 хъу жыг. Абы и ныбжь дыдэр къыпхуэмыщIэну и купщIэр ифыкIащ, иуэ нэхъ мащIэ дыдэу илъэс 2500-рэ зэрыхъум щыхьэт тохъуэ къуэкIыпIэ ботаникхэр. Фырэ Анфисэ.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
15.12.2025 - 11:21 →
«Адыгэ» фIэщыгъэ зиIэхэр
15.12.2025 - 11:15 →
Куэдым хунэс зэгухьэныгъэ
12.12.2025 - 15:30 →
ЗэхъуэкIыныгъэр ягу ирихьащ
| ||




