Бэдрэжан бэгъуар кърахьэлIэж

 Къэбэрдей-Балъкъэрым и губгъуэхэм мы махуэхэм къыщрахьэлIэж бэдрэжаныр. А лэжьыгъэхэм щоужьэрэкI Бахъсэн щIыналъэми. Дызэрыт илъэсым хадэхэкIхэм псори зэхэту гектар 1554-рэ щыхухахащ районым, абы щыщу бэдрэжаныр гектар 32-м нэблагъэм щащIащ, къитащ КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм.

Дунейм и щытыкIэмрэ мэкъумэшыщIэхэр хадэхэкIхэм   зэрегугъуамрэ я фIыгъэкIэ, илъэс къэси хуэдэу, мы гъэми ар яхуэбэгъуащ. НобэкIэ тонн 840-рэ бэдрэжану къыщIачыжащ, я фIагъым утемыгузэвыхьми хъуну.

 Районым и мэкъумэшыщIэхэм я лэжьыгъэм жыджэру къыщагъэсэбэп иджырей технологиехэр, хасэри жылэ лъэпкъыфIхэрщ икIи абыхэм къагъэкIа хадэхэкIхэм, ди республикэм имызакъуэу, къэралым и адрей щIыналъэ куэдми щIэупщIэхэр щаIэщ.

  ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

Поделиться: