Ахъшэр къратыжКомпенсацэм и куэдагъыр цIыху къэс тещIыхьауэ щхьэхуэу къабж икIи ар елъытащ псэупIэм и инагъыр зыхуэдэм (метр зэбгъузэнатIэу зэрыхъум), абы щыпсэууэ щатха цIыху бжыгъэм, ЖКХ-м и Iуэхутхьэбзэхэм я мардэм, абыхэм щхьэкIэ ягъэува тарифхэм. Къыхэгъэщыпхъэщ: дэIэпыкъуныгъэ зратыр псэупIэ-коммунальнэ IуэхутхьэбзэхэмкIэ щIыхуэ зытемылъхэрщ. Ахъшэр къратыжын щхьэкIэ дэфтэрхэр зэ зэхуахьэсу аращ икIи льготэ зиIэ гупхэм цIыхур хиубыдэху, абыхэм къару яIэнущ. Компенсацэм щхьэкIэ лъэIур МФЦ-м щIалъхьэ е интернеткIэ ягъэхь хъунущ. ХЬЭЩОКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:
Читать также:
15.12.2025 - 11:37 →
Щыпсэу щIыналъэм къыщалъыхъуэ
15.12.2025 - 11:30 →
Хэкур зыхъумэхэм Iэрагъэхьэнущ
15.12.2025 - 11:21 →
«Адыгэ» фIэщыгъэ зиIэхэр
15.12.2025 - 11:15 →
Куэдым хунэс зэгухьэныгъэ
12.12.2025 - 15:30 →
ЗэхъуэкIыныгъэр ягу ирихьащ
| ||




