Я щхьэ хуэлэжьэжхэм къахохъуэДызэрыт илъэсым фокIадэм и 1-м ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым я щхьэ хуэлэжьэжыну налог хэзых IэнатIэхэм зыщезыгъэтхахэм я бжыгъэр мин 90-м щIигъуащ икIи зыпэрыт IэнатIхэм жыджэру ахэр щолажьэ. 2024 гъэм и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 116,8-кIэ нэхъыбэщ ар.
Я щхьэ хуэлэжьэжыну зезыгъэтхахэм я нэхъыбэр къэзэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэхэм, цIыхухэм Iуэхуэтхьэбзэхэр яхуэщIэным, таксим, IТ-IэнатIэм, хъэлъэ гъэIэпхъуэным, репетитор Iуэхугъуэхэм, таксим, фэтэрхэр бэджэнду тыным, ерыскъыхэкIхэмрэ хьэпшыпхэмрэ къыщIэгъэкIынымрэ щэнымрэ, нэгъуэщIхэми пыщIа лэжьыгъэхэрщ зыпэрытыр.
Республикэм я щхьэ хуэлэжьэжыну зыщезыгъэтхахэм къэрал дэIэпыкъуныгъэхэр щрагъэгъуэт зэпытщ. Абы хохьэ жэрдэмхэр, программэ щхьэхуэхэр, егъэджэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр, чэнджэщхэр, мылъкукIэ защIэгъэкъуэныр, нэгъуэщIхэри.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
13.09.2026 - 11:18 →
ГъащIэр лъапIэщ
13.09.2026 - 09:58 →
Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
| ||




