ЩIалэгъуалэм зэрадэлажьэрУрысеймрэ дунеймрэ я зэхущытыкIэм, къекIуэкI политикэмрэ шынагъуэншагъэмрэ, щIалэгъуалэр экстремизм, терроризм гупсысэхэм пэIэщIэ щIыным ди зэманым гулъытэ ин яIэщ. А Iуэхухэм теухуауэ къэралым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI, абыхэм я хэкIыпIэхэм щIэх-щIэхыурэ щытопсэлъыхь. Къэрал лэжьакIуэ зыбжанэм я Iуэху еплъыкIэхэм фыщыдгъэгъуэзэнщ.
КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Ахметов Артур: «Дунейр зэтезыIыгъэ лъапIэныгъэхэр тфIэмыкIуэдын щхьэкIэ, псом япэу иджыпсту гулъытэ зыхуэтщIыпхъэр щIалэгъуалэрщ. Мы зэман мытыншым ди къэкIуэнур зыхуэдэ хъунур абыхэм куэдкIэ елъытащ икIи ди хабзэфIхэр щIэблэм едгъэхъумэн хуейщ».
Сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ хэкупсэу гъэсэнымкIэ Урысей центрым къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ и IэнатIэм и унафэщIым и къуэдзэ Епихин Александр: «ЩIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ федеральнэ агентствэм япэ иригъэщ лэжьыгъэхэм ящыщщ щIэблэр Iуэху мыхъумыщIагъэм щыхъумэныр. Дэ ди пщэрылъщ псэуныгъэм зэран хуэхъу мыхъумыщIагъэхэр, псом хуэмыдэу терроризмэмрэ экстремизмэмрэ епхахэр, къэмыхъун щхьэкIэ хэкIыпIэхэм зэпымыууэ ди нэIэ тетыныр. Абы теухуауэ сыт щыгъуи дызэчэнджэщын, зэгъусэу дызэлэжьыпхъэхэр дгъэбелджылын хуейщ.
Философие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, доцент, ЖэрдэмхэмкIэ IуэхущIапIэм и эксперт Бессонов Евгений: «IэщIагъэлIхэр щIалэгъуалэм зэпымыууэ ядэгъэлэжьэн хуейщ, щыIэкIэ-псэукIэм зэрызихъуэжамрэ щIэпхъаджащIэхэм IэмалыщIэхэр къагъэсэбэп зэрыхъуамрэ къэлъытауэ. ЩIалэгъуалэм ядэлажьэхэм яIэн хуейщ ди зэманым мыхъумыщIагъэхэм зэрыпэщIэтыпхъэр къыщыгъэлъэгъуа тхылъхэр. Нобэ, бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмалхэм я лъэхъэнэм, къыдгурыIуэу щытын хуейщ хъыбархэмкIэ щызэхъуажэ «хъым» и зэхэлъыкIэр. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым Интернетыр фIыкIи IейкIи къыпхуэгъэсэбэп Iэмэпсымэу зэрыщытыр. ЖысIэнуращи, хъыбарегъащIэ терроризмэм дыпэщIэтыфу зедгъэсэн хуейщ, ар зыхуэунэтIар жылагъуэр Iейм, зэгурымыIуэм, зэрышх-зэрылIым хуэшэнырщ. Абы теухуауэ щIалэгъуалэм зэпымыууэ даIущIэн, депсэлъэн, Iуэхум и пэжыпIэхэм щыдгъэгъуэзэн хуейуэ къызолъытэ».
«Безопасность и профилактика» щIалэгъуалэ центрым и методист Тихонов Артём: «ЩIалэгъуалэм я гупсысэр къагъэлъэгъуэфу, къэIу хъыбархэр зэпкърахыфу егъэсэным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Гугъуехьхэм дытепсэлъыхь къудей мыхъуу, хэкIыпIэу щыIэри къэгъуэтын хуейщ. ЦIыхум шынагъуэ зыпылъ Iуэхугъуэхэри илъагъуу, лъэпощхьэпохэр къызэрызэринэкIыфу дгъэсэным дыпылъыну ди къалэнщ. Дэ егъэджакIуэхэм, адэ-анэхэм, щIалэгъуалэм дадолажьэ, икIи дыхущIокъу абыхэм я деж нэтхьэсыну терроризмэм езым пэщIэтынымрэ абы епха гупсысэхэм пэувынымрэ зэрызэщхьэщыкIыр. Дэтхэнэ цIыхуми ахэр ищIэн хуейщ, и щхьэмрэ и Iыхьлыхэмрэ ихъумэжыфын папщIэ. Нобэ экстремизмэр дэни носыф, псом хуэмыдэу социальнэ сетьхэр къегъэсэбэп. ФщIэж къыщIэкIынщ «Синий кит» джэгукIэм кърикIуауэ щытар. Ар щIалэгъуалэм хуэунэтIа Iэщэ лIэужьыгъуэщIэу арат. Балигъхэр «дыкъэушу», мыпхуэдэ Iуэху гугъухэм щхьэихауэ дытепсэлъыхьын щIэддзэну къытхуихуащ. Шынагъуэ къэунэхухэм дызэгъусэу фIэкIа дапэщIэтыфынукъым».
Къэухь IэрыщIыр ди гъащIэм къызэрыхыхьам, ар хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм къызэрытезэрыгуэм, социальнэ сетьхэр шынагъуэншэу къызэрыбгъэсэбэпыным, нэгъуэщI Iуэхугъуэ куэди нобэ дызэгупсысын къытхуегъэув.
Поделиться:
Читать также:
16.11.2025 - 12:05 →
Къэбым зэхуишэсахэр
16.11.2025 - 11:18 →
Экономикэмрэ зыужьыныгъэмрэ
16.11.2025 - 11:03 →
ТекIуэныгъэм и паркыр
16.11.2025 - 10:01 →
Дэфтэр нэхъыщхьэм хоплъэ
16.11.2025 - 10:00 →
Зи чэзу къалэнхэр щызэпкърах
| ||



