Мелуан ныкъуэм нэблэгъэну мэгугъэ

ДызыхуэкIуэ щIымахуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зыплъыхьакIуэ, нэгузегъэужьакIуэ къэкIуэнухэр мин 500-м нызэрыхьэсыну къалъытэ икIи нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм къриубыдэу ди деж щыхьэщIахэм я бжыгъэм нэхърэ проценти 6-8-кIэ нэхъыбэ хъунущ ар. КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр Быф Аскэр ар щыжиIащ «Это Кавказ» ТАСС-м и хъыбарегъащIэ порталым ирита интервьюм.

«Къэбэрдей-Балъкъэрым къакIуэ туристхэм я бжыгъэр 2030 гъэм ирихьэлIэу мелуани 2,5-м нэдгъэсын мурадхэр диIэщ. 2024 гъэм ди деж щыIахэр мелуан 1,7-м щIигъуащ. Абы ипэ ита илъэсым щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 16,4-кIэ нэхъыбэщ ар», - къыхигъэщащ министрым.

Апхуэдэуи, абы зэрыжиIамкIэ, «Бгылъэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр» турист гъуэгуанэм хиубыдэу экологие лъагъуэу 60-м нэблагъэ хашащ: языныкъуэхэр хьэщIэхэм фIыуэ яцIыху, адрейхэм зэкIэ щыгъуазэкъым. ЦIыху нэхъыбэ къыдэхьэха хъунымкIэ а щIыпIэхэм щыIэ Iэмалхэр етIанэгъэ къапщытэнущ икIи абыхэм тещIыхьауэ ахэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрагъэпэщынущ.

Быфым жиIащ, арт-объектыщIэхэм я проектхэр къыхэлъхьэнымрэ ахэр ухуэнымрэ ехьэлIа лэжьыгъэхэр нобэ зэрекIуэкIыр икIи гугъэ щыIэщ, ахэр хьэщIэхэм ягу ирихьу, КъБР-м къакIуэ туристхэм я бжыгъэм къыхэхъуэну.

Абыхэм къадэкIуэу, министрым къызэрыхигъэщамкIэ, республикэм иджыпсту жыджэру щагъэзащIэ хьэщIэщыщIэхэмрэ шхапIэщIэхэмрэ къызэIухыным хуэунэтIа пэхуэщIэхэр. ЖыпIэнурамэ, 2030 гъэм ирихьэлIэу «Iуащхьэмахуэ» курортым и лэжьыгъэм къыхыхьэнущ турист хуэIухуэщIэхэм хуэгъэпса IуэхущIапIэ мини 4-м щIигъу, я зэфIэкIхэмрэ инагъкIэ зэщхьэщыкIыу. Абыхэм яхэтынущ СПА-центрхэр, шхапIэхэр, зыплъыхьыпIэхэр иIэу «Гарабаши» станцым къыщызэIуахыну ресторанри хыхьэу.

Апхуэдэу Быфым жиIащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIымахуэм зыщызыгъэпсэхуну хуейуэ ди хьэщIэщхэм зыщезыгъэтхахэм пэшхэм я процент 30-р нобэкIэ зэраубыдар.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.

 

 

 

 

Поделиться: