Бэдрэжаным йогугъуКъэбэрдей-Балъкъэрым и консерв заводихым бэдражанхэм жыджэру нобэ щолэжь. КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, гъэм зэрыщIидзэрэ бэдрэжан пIытIа зэрылъу банкI мелуан 35,6-рэ траIуэнтIащ, кетчупхэмрэ соусхэмрэ иужькIэ къызыхащIыкIыжынухэр, чейхэм иралъхьащ, банкI мелуани 6,2-р - фIэIугъэщ. Хабзэ зэрыхъуауэ, консерв заводхэм къыщIагъэкI продукцэхэм езы IуэхущIапIэхэм я цIэхэр е УФ-м щыцIэрыIуэ брендхэм ейхэр зэрахьэ. Республикэм и мызакъуэу, ахэр щащэ къэралым и нэгъуэщI щIыналъэхэм я сату щIыпIэ инхэми интернет тыкуэнхэми. БЭБЭЧ Башир.
Поделиться:
Читать также:
10.07.2026 - 15:26 →
Ари зы Iуэху еплъыкIэщ
10.07.2026 - 15:25 →
Вагъуэ гуэрэнхэр щызэлъэIэскIэ
10.07.2026 - 15:23 →
Псышхуэ абрагъуэу хъуэпсэгъуэ
10.07.2026 - 15:07 →
Хьэрш хъыбархэр къезыхьэлIэ
10.07.2026 - 15:06 →
Кхъухьлъатэзехуэ
| ||




