Дэтхэнэ зыми ди гум узу къинащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ
органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм
я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу цIыхухэм зэрызахуигъазэр

Си хэкуэгъу лъапIэхэ!
Жэпуэгъуэм и 13-р Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къулыкъур зыгъэзащIэу хэкIуэдахэм я фэ­еплъ махуэщ. А махуэр къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ Налшык къыщыхъуа къэхъукъащIэ шынагъуэм. Абы щыгъуэм Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм IэщэкIэ зэ­щIэузэдауэ къызэрытеуам хэкIуэдащ хабзэ­хъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэу 35-рэ, мамыр цIыхуу 14. А хьэкIэкхъуэкIагъэ щIэпхъаджагъэм, террористхэм ялэжь адрей Iуэху Iейхэми хуэдэу, къигъэлъэгъуащ терроризмэр бгъэгъункIэ Iэмал зимыIэ гущIэгъуншагъэу зэрыщытыр.
Илъэс 20 хъуауэ а къэхъукъащIэ шынагъуэр дэтхэнэ зыми ди гум узу къинащ. Дэ ди щхьэр яхудогъэщхъ террористхэм яIэщIэкIуэдахэм я фэеплъым, зи къалэныр зыгъэзащIэу, зи гъащIэ емыблэжу а насыпыншагъэм ди лъэпкъыр къезыгъэлахэм я лIыгъэм.
 Нобэ дызэрыт щытыкIэр, украинэ неонацистхэм къабгъэдэкI шынагъуэр къэплъытэмэ, дэ псоми куууэ зыхэтщIэн хуейщ бий ерум ткIийуэ дызэрыпэщIэтыпхъэр.
Шэч къытесхьэркъым къэрал къулыкъущIапIэхэми хабзэхъумэ IэнатIэхэми ди къару псори зэкъуэдгъэувэмэ, а шынагъуэм дызэрыпэщIэты­фынум, абыхэм датекIуэфынущ икIи Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэкIуэнур шынагъуэншэ тхуэ­щIынущ, мамыру зиужьыныр къыщызэдгъэпэщыфынущ.

Урысейм  и  ЛIыхъужь Красиков Александр

Красиков Александр Владимир и къуэр 1958 гъэм жэпуэ­гъуэм и 25-м Налшык къыщалъхуащ. КъБР-м щыIэ УФСБ-м 1995 гъэм лэжьэн щыщIидзащ.  И пщэрылъхэр хьэлэлу игъэзащIэу, ар хьэлэлу и лэжьыгъэм пэрытащ. «Апхуэдэ цIыхухэр пщыгъупщэ хъунукъым, я дуней тетыкIар дерс къызы­хэпхынщ», - жаIэ ар зыцIыхуу щытахэм.
IэщэкIэ зэщIэузэда бзаджащIэхэр жэпуэгъуэм и 13-м зы­теуа хабзэхъумэ IэнатIэхэм ящыщт КъБР-м щыIэ УФСБ-р. Прапорщик Красиков Александр  и хэщIапIэм щIыхьэну бзаджащIэхэм Iэмал яритакъым икIи хахуагъэрэ лIыгъэрэ къигъэлъагъуэу а зэхэуэм хэкIуэдащ.
Красиков Александр Урысейм и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ, езыр щеджа, Налшык дэт гимназие №13-м абы и цIэр зэрехьэ. Апхуэдэу и цIэр тратхащ ЗэгурыIуэныгъэм и утыкум деж щыт, къэралым и лIыхъужьхэм я цIэхэр къызытещ ЩIыхь пхъэбгъум. 

 

 

 

 

 

Къалмыкъ Руслан и лIыгъэ

Къалмыкъ Руслан ­Аслъэнбий и къуэр ­КъБР-м щыIэ МВД-м и Криминальнэ милицэм и гуп щхьэ­хуэм и командирым и ­къуэдзэт. Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм 1993 гъэ лъандэрэ щыла­жьэрт.
2005 гъэм жэпуэ­гъуэм и ­13-м сыхьэти 9-рэ дакъикъэ 20-м КъБР-м и МВД-м и Криминальнэ милицэм и ОМСН-м и лэжьакIуэхэр гузэвэ­гъуэ­кIэ къаIэтат. ­Ми­­лицэм и подполковник ­Къалмыкъ Руслан щIэпхъаджащIэхэр зы­теуа­хэм ядэIэпыкъуну,  и лэ­жьэгъу­хэр щIы­гъуу къалэм кIуащ.
«Урал» автомашинэм ису кIуэ ОМСН-м  и лэжьакIуэ­хэм Кулиевымрэ Лениным­рэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм я зэхэкIыпIэм деж, «Гном» кафем и лъэныкъуэмкIэ къикIыу автоматышэхэр къытрагъэлъалъэу щIадзащ. Зэхэуэм щIэпхъаджащIэхэм ящыщу тху хэкIуэдащ, зыр гъэр ящIащ. Къалмыкъыр зэхэуэм хахуэу хэтащ, и лэжьэгъу­хэри игъэгушхуэу. Абы зызыгъэпщкIужыну хэта бзаджащIитI иукIащ. Зэхэуэр иуха нэужь, ОМСН-м и лэ­жьакIуэхэм «Газель» автомашинэмкIэ Лениным и цIэр зезыхьэ проспектым тету ОВД №2-мрэ «Т» центрымрэ зытет Нэгумэм и цIэр зезыхьэ уэрамымкIэ яунэтIащ. ФСБ-м и Управ­ленэу ­КъБР-м щыIэм и унэмкIэ щыкIуэм, абыхэм хъыбар къа­Iэрыхьащ Республикэ библиотекэм деж уIэгъэ хъуа милиционер зэрыщылъым теухуауэ. Бронетранспортерым зыкъуигъапщкIуэурэ, Къалмыкъ Руслан уIэгъэ хъуар а щIыпIэм къригъэIэпхъукIыну мурад ищIащ. Лениным и цIэр зезыхьэ проспектымрэ Нэгумэм и уэрамымрэ я зэхэкIыпIэм тет «Сувениры» тыкуэнымкIэ «Газель»-м къыщеуэу щIа­дзэри, Къалмыкъым и бгъэгум къытехуа шэм и ажал хэлъу къыщIэкIащ.
ЛIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу зи гъащIэр зыта ­Къалмыкъ Руслан и цIэр Бахъсэн къалэм и курыт еджапIэхэм ящыщ зым зэрехьэ.

 

ЩIалэ  хахуэ

Сыжажэ Мурат Вячеслав и ­къуэр 1982 гъэм мазаем и 10-м ­къалъхуащ. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ зиIэ щIалэм Шына­гъуэншагъэм­кIэ Федеральнэ къулыкъум и органхэм 2003 гъэм лэжьэн щыщIидзащ. Унагъуэ иухуэну, дунейм гу щихуэну хунэмысу, щIалэм и гъащIэр ­иухащ.
2005 гъэм Шэджэм РОВД-м ведомствэм щIэмыт и ­хъумакIуэ ­къудамэм и лэжьакIуэ, милицэм и сержант Шакъым Щхьэ­лы­къуэ­псым и сэмэгу Iуфэм деж щыIэ «Налшык-330 квт» подстанцым и къалэныр щрихьэкIырт. Абы радиостанцымкIэ хъыбар къитащ «Газель» автомашинэр, IэщэкIэ зэщIэузэда цIыхухэр зэрысыр, Шэджэм РОВД-м и ОВО-м и лэжьакIуэхэм яхэуауэ, Шэджэм къалэмкIэ зэры­кIуэм теухуауэ.
РОВД-м и лэжьакIуэхэр Шэ­джэм къалэ дыхьэпIэм деж ­автомашинэм къыщыпэуващ. ЩIэпхъаджащIэхэр я автомашинэм ­къикIри, къалэм и ищхъэрэ лъэ­ныкъуэмкIэ щыIэ ухуэныгъэ­щIэ­хэмкIэ яунэтIащ. Хабзэхъумэхэм ахэр щIащыкIа щхьэкIэ, зыри къагъуэтакъым - щIэпхъаджащIэхэм къалэбгъум щыкI нартыху хьэсэм зыщагъэпщкIуат. Ахэр яубыдын пап­щIэ РОВД-м и лэжьакIуэ гупи 4 ягъэкIуащ.
Команднэ пунктыр яубыдыну зэрамурадыр нэрылъагъуу, щIэпхъаджащIэхэр къебгъэры­кIуэрт. Абыхэм япэу гу ялъы­зыта, УФ-м и ФСБ-м и управленэу КъБР-м щыIэм и Бахъ­сэн къалэ къудамэм и оперуполномоченнэ, лейтенант Сыжажэ Мурат Шэджэм къалэм дыхьэну хущIэкъу бзаджащIэхэм япэуващ икIи къызэмылын шэр къытехуащ. Ар IэкIуэлъакIуэу, шынэ имыщIэу Iуэхум зэрыбгъэдыхьам и фIыгъэкIэ, щIэп­хъа­джащIэ гупым щыщу 5-р яукIащ, зыр яубыдащ. ЩIалэ ­хахуэм ЛIыгъэм и орден къыхуа­гъэфэщащ. Сыжажэ Мурат и цIэр зэрехьэ щалъхуа Бахъсэн къалэм и уэрамхэм ящыщ зым.

 

 

 

 

 

 

И лъахэгъухэм я гум илъщ

Милицэм и лейтенант нэхъыщIэ Моллаев Хьэмзэт Марат и къуэр Налшык къалэ къыщалъхуащ. Курыт еджапIэ №16-р къиуха нэужь, дзэ къулыкъум ираджэри, зыхэтым щапхъэ яхуэхъуу 2000 гъэ пщIондэ къалэнхэр абы щрихьэкIащ. ­КъБР-м и МВД-м и УГИБДД-м и плъыр-пост IэнатIэм стажеру 2001 гъэм мазаем и 28-м къыщыщIидзащ, мазищ дэкIри, инспектор къалэнхэр пщэрылъ къыщащIащ, плъыр частым щылэжьащ.
Республикэм и хабзэхъумэ IуэхущIапIэхэм къащытеуам КъБР-м и  МВД-м и УГИБДД-м и гъуэгу плъырхэм Налшык къыдыхьэпIэхэм деж нэхъри щIэкъузауэ къалэнхэр щрахьэкIырт. Шэрэдж щIыналъэм хыхьэ Къэщкъэтау жылэм хуэзышэ гъуэгум тет «Хьэсэней» плъыр постым щIэпхъаджащIэхэр къыблэкIыну хущIэкъуащ ВАЗ-2016 автомашинэ ­къадыгъуамкIэ. ДПС-м и лэжьакIуэхэм гу къыщылъатэм, Налшык кIуэн мурадыр къазэремыхъулIэнур бзаджащIэхэм къагурыIуащ икIи милицэм и лэжьакIуэхэм автоматрэ гранатэдзкIэ къахэуэу щIадзащ.
А зэхэуэм хэкIуэдащ Моллаев Хьэмзэт. Абырэ и лэжьэ­гъу­хэмрэ я фIыгъэщ а гупыр Налшык къызэрымысар.
Къигъэлъэгъуа л1ыгъэмрэ хахуагъэмрэ папщIэ Моллаев Хьэмзэт Марат и къуэм   Урысей Федерацэм и Президентым и УказкIэ  ЛIыгъэм и орден къыхуагъэфэщащ (мыпсэужу). Абы и фэеплъыр сыт щыгъуи и лъахэгъухэм я гум илъынущ.

Тамерлан  и  макъыр

Республикэм и къалащхьэм къытеуа террористхэм щезауэм  и къалэныр ­игъэзащIэу  хэ­кIуэдащ ЗэщIэгъэуIуауэ ялэжь щIэпхъа­джа­гъэ­­хэм ебэнынымкIэ щIыналъэ управленэм и «Т» центрым  и пресс-къулыкъум и унафэщI, журналист IэкIуэлъакIуэ, милицэм и капитан Казиханов Тамерлан Алий и къуэр. Куэд къимыгъэщIами, абы  Iуэ­хуфIхэр къызэри­нэ­кIащ, цIыхухэм фIыкIэ ягу къинащ.
КъБКъУ-м и медицинэ факультетыр къэзыуха, Москва дэт институтым хьэрычэт Iуэхумрэ правэмрэ щыхуе­джа Казиханов Тамерлан ЗэщIэгъэу­Iуауэ ялэжь щIэпхъаджагъэм ебэны­нымкIэ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэ управленэм 1999 гъэм щыщIэдзауэ щыла­жьэрт. Шэшэн Республикэм щы­Iэу къигъэлъэгъуа лIыгъэм щхьэкIэ Тамерлан къратауэ щытащ «Хахуагъэм папщIэ» медалым и етIуанэ нагъыщэр.
2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м респуб­ликэм и щыхьэр Налшык къыдэзэры­гуат щIыналъэм мамыр псэукIэр щы­зэтезыкъутэну хущIэкъу экстремистхэр. ЗэщIэ­гъэуIуа­уэ ялэжь щIэпхъаджагъэхэм ебэнынымкIэ щIыналъэ управленэм и «Т» центрым деж щекIуэкI зэхэуэр Казихановым видеокамерэкIэ трихырт. А щIыпIэм метр 15 - 20-кIэ  нэхъ пэмыжыжьэу щыт автомашинэхэм ящыщ зым и лъабжьэм щIэлъу офицер хахуэм дакъикъийкIэ трихащ лIыукIхэр къазэрыте­уар. Ар къызэтригъэувыIатэкъым техын щIи­дза къудейуэ и лъакъуитIри снайперым уIэгъэ зэрищIам. И цыджанэмкIэ и лъакъуэ­хэр фIипхыкIри, адэкIэ пищащ. КъыкIэлъыкIуэу щIэп­хъаджащIэм и шэр щIалэм и щхьэм къыте­хуащ.
Журналист IэкIуэлъа­кIуэм триха ­фильм кIэ­щIым еплъа дэтхэнэми зыхещIэ псэм нэхъ IэфI, гъащIэм нэхъ лъапIэ зэ­рыщымыIэр -  абы гум щIыхьэу къыщоIу Тамерлан и макъыр. 
Казиханов Тамерлан Алий и къуэм къыхуа­гъэфэщащ «Урысейм и спец­наз»  медалыр. Къи­гъэлъэгъуа лIыгъэмрэ хахуа­гъэм­рэ папщIэ Урысей Федерацэм и Президентым и Указ­-     кIэ    ЛIыгъэм и орден (мыпсэужу) къратащ.

 

Поделиться:

Читать также: