Дэтхэнэ хэгъэгуми езым нэхъыфIу къехъулIэу къыщIигъэкI е къигъэкI ерыскъыпхъэ иIэжщ. Апхуэдэу АР-м и напщIэ телъщ адыгэ кхъуейр, абы фестиваль щхьэхуэхэр хузэхешэ. Мы гъэм екIуэкIа зэхыхьэм щагъэлъагъуэрт лъэпкъым къуэлъ хъугъуэфIыгъуэхэр – адыгагъэр, цIыхугъэр, гуапагъэр, хабзэр, фащэр, ерыскъыр, берычэтыр, щэнхабзэр, нэгъуэщI куэди.
ЦIыху мин 70 хэтащ Адыгэ кхъуейм и махуэм, дигу къинэжын телъыджэ куэди щытлъэгъуащ. Фестивалым цIыхуу къекIуэлIар зэрыкуэдыр къалъытэри, губгъуэм шэтырхэр щагъэуват, дыгъэм щыхъума, IэфIу шха хъун щхьэкIэ. Абы щагъэува Iэнэхэм къызэхуэсахэр чэзууэ пэрытIысхьэурэ едзакъэрт, удзыпцIэм хэт итIысхьэпIэ щабэхэм зыщагъэпсэхурт.
Иджы епщыкIуплIанэу екIуэкI фестивалым и утыку нэхъыщхьэр артистхэм зыкъыщагъэлъагъуэрати, сыхьэтыр I0-м ирихьэлIэу къызэхуэса гупышхуэм фIэхъус псалъэкIэ зыхуагъэзащ ар езыгъэкIуэкI Мекъул Руслан, АхъуэджакIуэ Рузанэ, ЛIыхъужь Айдэмыр сымэ икIи дыщэ хужьым иращIэкI махуэшхуэр къызэIуихыну къэпсэлъапIэр хуит хуащIащ Адыгэ Республикэм и ЛIыщхьэ КъумпIыл Мурат.
Лъахэм исхэми и хьэщIэхэми фIэхъус псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъумпIылым икIи жиIащ адыгэ кхъуейр республкэм лъэпкъ шхыныгъуэ нэхъыщхьэу зэриIэм имызакъуэу, хамэ къэралхэм къыщацIыху бренд зэрыхъуар. ХьэщIэр къребгъэблэгъэнуи, унагъуэм щыпшхынуи, гъуэмылапхъэ пщIынуи зыхуэдэ зэрыщымыIэр къыхигъэщащ УнафэщIым.
Адыгэ макъамэ гуакIуэм щIэту я бжэхэмрэ куэбжэхэмрэ къызэIуахащ АР-м и щIыналъэхэм Дахэ губгъуэ хуитышхуэм иращIыхьа пщIантIэхэм. Ахэрат Iуэхум и курыхымрэ и фIыпIэмрэ зыгъэлъагъуэр, ахэрат унэгуащэхэм гухъур щаIыгъа, лIыхэм шыгукIэ къыщакIухьа лъэхъэнэ лъандэрэ адыгэм къикIуа гъуэгуанэмрэ нобэ абы игъуэта псэукIэ зэпэщымрэ нэрылъагъу пщызыщI ерыскъыхэмрэ хьэпшыпхэмкIэ узэда псэуалъэхэр зыухуар. АР-м и ЛIыщхьэ КъумпIыл Мурат къикIухьыурэ зригъэлъэгъуащ къалэхэмрэ районхэмрэ ягъэува пщIантIэхэр. Абыхэм къаIэта ерыскъым едзэкъащ, къафэхэмкIэ, уэрэдхэмкIэ ирагъэблагъэурэ нэжэгужэу яхэтащ.
Бгъэныщхьэ унэ, кхъуей теплъэу щIа унэ, ятIагъуэкIэ яйя лъапсэ, гуэн, гуэщ – берычэтыр щIэзрэ цIыху нэфIэгуфIэ хьэлэлхэр щызэхуэса пщIантIэхэр ягъэщIагъуэу къызэхакIухьырт цIыхубэми, къулыкъущIэхэми. А махуэм адыгэмэ зыщымыуа зы ерыскъыи, зы хьэпшыпи щыплъагъунутэкъым Iэгъуэблагъэм. Зи махуэр кхъуейрати, ар цIынэу, гъэгъуауэ, гъэжьауэ, IэшкIэу, матэу, упщIэтауэ, хъурейуэ, ухуэнауэ, благъэу, шыхьауэ, зэкIуэцIылъу, плъыжьу, хужьу, гъуэжьу, уеблэмэ, таж тегъэсауэ нэм къыщIидзэрт. Адыгэ кхъуей хэлъу морожнэ, ар зыхэлъ кIэнфет, печенэ, адыгэ кхъуей зыдэлъ хьэлывэ, шыпс, пIастэ, лы-лэпс, лыбжьэ, мэлыл, куэд дыдэт кърахьэжьар. Дэтхэнэ зы пщIантIэми цIыху 200-м нэс зэригъэшхэн ерыскъы щапщэфIырт, щIэупщIэ зиIэр адыгей хьэлывэрати, шыуанышхуэкIэ ихъуреягъым зэпымыууэ щагъажьэрт. МыIэрысэр зи дамыгъэ Мейкъуапэ и пщIантIэм мыIэрысэ теплъэ зиIэ Iэнэхэмрэ шэнтхэмрэ щегъэувэкIат, IэпэIэсэхэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэрт, мыIэрысхэр матэхэм илъу щагуэшырт, киллограм 500 къашауэ. Махуэшхуэр къыщIызэрагъэпэщар цIыхухэрати, ягъатхъэрт. Ауэ дэтхэнэ районми зэрызигъэхьэзырар къэзыпщытэ гупи зэхашати, щхьэж зыхуэкъулеймрэ зыхуэхьэзырымрэ дахэу я пащхьэ ирахьэрт.
Хуабжьу гъэщIэгъуэнт бгъэдыхьэкIэ зэмылIэужьыгъуэхэр яIэу, цIыхухэм нэхъ яфIэгъэщIэгъуэнын Iэмалхэр къэлъытауэ Мейкъуапэ къалэ, Мейкъуапэ районым, Адыгэкъалэ, Щэуджэн, Тэхъутэмыкъуей, Теувэж, Куэшхьэблэ, Красногвардейскэ, Джыджы щIыналъэхэм утыку кърахьахэр, фестивалым щызэпеуащ адыгэ кхъуеймрэ шэхэкIхэмрэ зыщI IуэхущIапIэхэри.
ЩIыпIэ хэха яIэу я IэдакъэщIэкIхэр утыку кърахьащ республикэм ис бзылъхугъэ IэпэIэсэхэмрэ фэм, гъущIым, пхъэм елэжь IэщIагъэлIхэмрэ. Апхуэдэу Гумэ Ларисэ, Акъуш ФатIимэ, Пэрэныкъуэ Рузанэ, Бэджокъуэ Бэллэ, Мыгу Рузанэ сымэ я фащэхэмрэ зэрызагъэщIэращIэ хьэпшыпхэмрэ зэхыхьэр ягъэдэхащ. Адыгэ шыфэлIыфэмрэ дамыгъэхэмрэ къызытещ хьэпшып, щыгъын щIынкIэ Адыгейм япэ ищыфын хэгъэгу щыIэу къыщIэкIынкъым.
Бзылъхугъэ IэпэIэсэхэми цIыхухъу IэпщIэлъапщIэхэми утыку кърахьахэм ди лъэпкъ псэукIэр уи нэгу къыщIагъэхьэрт. ЦIыкIуи-ини щызэблэкIырт дыщэидэм, хэдыкIым, дэным зыщыхуагъасэ щIыпIэхэм.
ЛIышэ Ахьмэд 1990 гъэ лъандэрэ ещI пхъэм къыхэщIыкIауэ адыгэхэм къагъэсэбэпу щыта хьэпшыпхэмрэ лъэпкъ дамыгъэхэр къызытещ зэрыпщафIэ, зэрыIэбэ Iэмэпсымэхэмрэ. «Сэ пасэрей IэщIагъэр зэрысхъумэнум иужь ситщ, ауэ 2I-нэ лIэщIыгъуэм дыщыщыпсэукIэ абы щIэ гуэр хэслъхьэным, нобэрей зэманым екIуу сщIыным согугъу», – жеIэ Ахьэмэд. ПщэфIапIэм къыщагъэсэбэп хупхъэ, бэлагъхэм я деж щыщIэдзауэ республикэм, лъэпкъым и дамгъэхэр зытет саугъэтхэм я деж щиухыжу Ахьмэд и Iэм имыщI щыIэжкъым. Иорданием и пащтыхьыкъуэ Алий щхьэгъусэ къыщишэм адыгэ фащэ яхуэзыдар Сэралъп Мадинэмэ, унагъуэщIэм къахэхъуа сабийр зэрылъыну гущэр зыщIар ЛIышэ Ахьмэдщ. Мис апхуэдэ гъэщIэгъуэн куэд къыщытщIащ фестивалым.
Уеблэмэ, дыуэршэру дыздэщытым ди пащхьэм зы гъэщIэгъуэн къыщыхъуащ. Адыгэ пщIантIэхэм ящыщ зым дыдэту адыгэ фащэкIэ зыщыхуэпыкIа щIалэщIэ гуп къыдыхьащ, напIэдэхьеигъуэм зым иIыгъа щIакIуэм пщащэ цIыкIур кIуэцIигъэджэразэщ и плIэм дилъхьэри, ирахьэжьащ. КIэщIу абыхэм я лыкIуэу пщIантIэм дэтхэм къыхыхьащ ХъуэкIуэн Хьэмед. Абы жиIащ щIалэмрэ пщащэмрэ зэрызэрыцIыхур, унагъуэщIэ зэдаухуэнуи зэрызэгурыIуар, хабзэм тету псори дахэу къызэрекIуэкIынур, куэд мыщIэу хьэгъуэлIыгъуэр къызэрыдахынур.
АпщIондэхукIэ нэгъуэщI пщIантIэм пшынэ макъ къыщоIу. Абы нэчыхь щыхуатхырт Адыгэкъалэ щыщ щIалэмрэ пщащэмрэ. ЦIыху мин 70 хэту а махуэм екIуэкIащ зы хьэгъуэлIыгъуэ, фестивалым унагъуэщIэ къыщыунэхуащ. ЗэрыжаIамкIэ, щауэмрэ нысащIэмрэ нэгъабэ екIуэкIа зэхыхьэм щызэрыцIыхуат.
ЕтIуанэ махуэри гухэхъуэт, республикэм и къулеягъыр Дахэ губгъуэшхуэм и куэщIым илът. Шыуан пщIы бжыгъэхэр щегъэувэкIауэ, унэгуащэ пщафIэхэмрэ лэгъупэжьхэмрэт а махуэр зыхухэхар. Матэ кхъуей хэхынымкIэ, хьэлывэ гъэжьэнымкIэ зэпеуэр пщэдджыжьым щегъэжьауэ пщыхьэщхьэ хъуху екIуэкIащ. А махуэми утыкум итащ АР-м и артистхэр, концертыр ирагъэкIуэкIащ Мекъул Русланрэ ди лэжьэгъу, «Адыгэ макъ» газетым и журналист Ансыкъуэ Иринэрэ. Фестиваыр ягъэдэхащ «Налмэс» къэфакIуэ къэрал ансамблым, «Ислъэмей» гуп цIэрыIуэм, «Мыст» лъэпкъ уэрэджыIакIуэ гкпым. КъБР-м икIа «Бзэрабзэ» гупым Лосэн Тимур и пшынэ макъым щIэту уэрэдхэр жаIащ. Дзыбэ Мухьэмэд, Лъашэ Альберт, ЛIыбзу Аслъэн сымэ хэтащ.
АР-м щызэхэт Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзн зи пашэ къэпщытакIуэ гупым лэжьыгъэшхуэ яIащ. Тынштэкъым, кхъуейм и нэхъыфIри, пщIантIэм и нэхъ дахэри, хьэлывэм и нэхъ IэфIри къыхэпхыну. Ауэ зэпеуэ щыхъукIэ, текIуахэри, егугъуахэри, гугъу ехьахэри къыхэгъэщын хуейти, псоми лъэныкъуэ зырызкIэ я цIэр къраIуащ. Нэхъыщхьэрати, фестивалым и къалэну щыт зэныбжьэгъугъэр, зэIузэпэщыныгъэр гъэзэщIа хъуащ. Экономикэм лъабжьэ хуэхъу мылъкум щыщ IыхьэфI адыгэ кхъуейм къызэрилэжыр, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр зэригъэбагъуэр, адыгэ щэнхабзэм зэрызригъэужьыр, зыплъхьакIуэхэр хэгъэгум къызэрыришалIэр, адыгэ хэкум и цIэмрэ и шхыныгъуэмрэ ди къэралым мыхъуу, хамэ къралхэм къазэрыщригъэцIыхур зи джэлэсу щыта фестивалыр екIуэкIащ нэм илъагъумкIэ псэм зимыгъэнщIу.