Балигъ хъууэ, унагъуэ зыухуэу бын зыгъуэта дэтхэнэ цIыхуми гъащIэм щиIэфыну насыпыр, и хъуэпсапIэ псори и жьэгу пащхьэм ирепх. Ауэ егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэзыхахэм я апхуэдэ гуращэхэм гуэхыпIэ имыIэу щIагъу нэгъуэщI зы хъуэпсапIи - бын пэлъытэ яхуэхъу сабий цIыкIухэм я текIуэныгъэ, ехъулIэныгъэ ялъагъуныр абыхэм я дежкIэ фIыгъуэшхуэщ. Апхуэдэ си гупсысэхэр нэхъри щIигъэбыдащ иджыблагъэ сызыхуэза егъэджакIуэм дезгъэкIуэкIа псалъэмакъым.
Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Вэрыкъуэ (Апэжыхь) Iэминат Азэрбий и пхъур и IэнатIэм зэрыпэрытрэ илъэс 40-м нэсащ. А зэманым къриубыдэу Iэминат зэи къыхуихуакъым къыхиха и IэщIагъэ хьэлэмэтым щыхущIегъуэжа.
- СызэрыцIыкIурэ ди анэдэлъхубзэр фIыуэ слъагъуу сыкъэхъуащ. Абы и лъабжьэр ди унагъуэм пщIэшхуэ зэрыщиIэрт, - и IэщIагъэр къыхиха зэрыхъуам топсэлъыхьыж Вэрыкъуэр. - АдыгэбзэмкIэ къыдэкI ди газет закъуэр - «Адыгэ псалъэр» (абы щыгъуэм «Ленин гъуэгур») - къаIэрыхьэу абы ит хъыбархэмкIэ зэдэгуэшэным хуэпIащIэрт ди унагъуэри ди гъунэгъухэри. Дэ, сабийхэри, апхуэдэ щытыкIэм дыщIапIыкIати, анэдэлъхубзэр ди псэм хэлът.
Школ кIуэгъуэ ныбжьым нэса нэужь, Iэминат адыгэбзэм хуиIэ лъагъуныгъэр зыкIи нэхъ кIащхъэ хъуакъым. Анзорей дэт курыт школ №2-м адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмкIэ ар щезыгъэджа СэвкIуий (Безыр) ШэIимэт егъэджакIуэ IэщIагъэм къыхуалъхуа жыхуаIэм хуэдэт, абы зэчиишхуэ хузиIэ цIыхут.
- ФIагъыу бгъэдэлъ псомкIи къыддэгуэшащ ШэIимэт, гъуэгугъэлъагъуи тхуэхъуащ. ЗыкъомкIэ аращ зи фIыщIэр адыгэбзэр, лъэпкъ литературэр нэхъ куууэ джыным сызэрытегушхуар, - жеIэ Iэминат.
Курыт еджапIэр фIы дэдэу къэзыуха адыгэ пщащэ цIыкIур КъБКъУ-м и студент нэхъыфIхэм хабжэу илъэси 5-кIэ щеджащ абы и тхыдэ-филологие факультетым. IэщIагъэ зэрызригъэгъуэтам щыхьэт техъуэ дипломыр къызэрыIэрыхьэжу, лъэпощхьэпо лъэпкъ хэмылъу лэжьыгъэ IэнатIи къигъуэтащ. ЕгъэджакIуэ ныбжьыщIэм гуапэу къыIущIащ Лэскэн ЕтIуанэм дэт курыт школым и лэжьакIуэ гупыр. А лъэхъэнэр игу къыщигъэкIыжкIэ, Iэминат псом япэ зи цIэ къриIуэр абы щыгъуэ школ директору щыта Тхьэзэплъ Неллэщ. Зи лэжьыгъэм япэ лъэбакъуэхэр щызыч егъэджакIуэм унафэщI щыпкъэр сыт и лъэныкъуэкIи дэIэпыкъуащ, чэнджэщ щхьэпэхэр, ущие Iущхэр къриту. Мы еджапIэращ Вэрыкъуэм япэ ехъулIэныгъэр щызыIэригъэхьари, лэжьыгъэм нэхъри тезыгъэгушхуэ япэ фIыщIэ, щытхъу псалъэхэр къыщыхужаIари. Лэскэн ЕтIуанэм зэрыщыIа илъэси 5-м къриубыдэу Iэминат егъэджакIуэфI хъуащ. ИужькIэ и лэжьыгъэм щыпищащ Нарткъалэ курыт школ №2-м. IуэхущIафэ дахэхэмкIэ цIэрыIуэ еджапIэм и гупым щIэхыу яхэзэгъащ Вэрыкъуэр икIи абы и пщIэр нэхъри зэриIэтыным хущIэкъуу и къалэнхэм яужь ихьащ.
Куэд дэмыкIыу абы и гъэсэнхэр район, республикэ зэхьэзэхуэхэм я утыкум къихьэрэ я ехъулIэныгъэмкIэ я егъэджакIуэр ягъэгуфIэу хуежьащ. Iэминат ящыщщ «Си бзэ, си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэм япэ дыдэу хыхьахэм. Абы жыджэру зэрыхэтам папщIэ, егъэджакIуэм къыхуагъэфэщауэ щытащ «Адыгэ псалъэм», Дунейпсо Адыгэ Хасэм, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм, КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм къабгъэдэкI щIыхь тхылъхэр, тыгъэ лъапIэхэри ящIыгъуу. Иужьрей зэпеуэм егъэджакIуэ Iэзэм хуигъэхьэзыра докладыр нэхъыфI дыдэу къалъытащ, абы и гъэсэнхэм ящыщ зым Аруан куейм япэ увыпIэр, республикэм ещанэр къыщихьащ. Апхуэдэу Вэрыкъуэм и еджакIуэщ ШколакIуэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр зыхуагъэфэщари.
- Си еджакIуэхэм срогушхуэ. А ныбжьыщIэхэм яхэтщ куэд зыхузэфIэкIыну сызыщыгугъхэр. Iэмал имыIэу ахэр псори адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ хъун хуейуэ аракъым - щалъхуа я щIыналъэм и цIэр фIыкIэ ягъэIумэ, абы и зыужьыныгъэм гурэ псэкIэ хуэлажьэмэ, ар си дежкIэ ехъулIэныгъэшхуэщ, - и гурылъхэр къеIуатэ егъэджакIуэм. - Адэ-анэ псоми я хъуэпсапIэхэр я унагъуэхэм, я бынхэм ирапх, сэ абыхэм гъусэ яхузощI си гъэсэн цIыкIухэм сазэрыхуэхъуапсэри.
Вэрыкъуэм и лъэр жан зыщIыр и нобэрей еджакIуэхэм яIэ ехъулIэныгъэхэм я закъуэкъым. Апхуэдэу ар ирогушхуэ икIи иропагэ и нэIэ тету балигъ гъащIэм хыхьауэ щхьэж и лъагъуэ щыпхызыш и гъэсэнхэм. Апхуэдэщ унэтIакIуэм и лъэужьым ирикIуэхэу Шагъыр Риммэ, АфIэунэ Эллэ, Шыбзыхъуэ Джульеттэ, Тэрчокъуэ Оксанэ, нэгъуэщIхэри. Категорие лъагэ илъэс куэд лъандэрэ зиIэ егъэджакIуэ гумызагъэр зыщылажьэ школым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щезыгъаджэ IэщIагъэлIхэм я методикэ зэгухьэныгъэм и унафэщIщ. Ар я ущиякIуэщ икIи я чэнджэщэгъущ егъэджакIуэ ныбжьыщIэхэм.