ЕужьэрэкIыу йолэжь![]() КъБР-м Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту республикэм щылажьэ «Къуажэхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал программэм ипкъ иткIэ Бахъсэн щIыналъэм и Бахъсэненкэ къуажэм Бэрэзджымрэ Тхьэкъуахъуэмрэ я цIэхэр зезыхьэ и уэрамхэм псы къабзэ зэрыкIуэ бжьамийхэр къыщагъэщIэрэщIэж.
Проектым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, илъэсипщI бжыгъэ хъуауэ щIым щIэлъ бжьамиижьхэр щIэхэмкIэ зэрахъуэкIынущ. НобэкIэ лэжьыгъэхэр щызэфIэкIащ Тхьэкъуахъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым икIи, зэрыжаIэу, абы щыпсэу цIыхухэм яIуэтэжащ: псы къабзэр зэпымыууэ къаIэрыхьэ хъуащ. Бэрэзджым и цIэр зезыхьэ уэрам датIыкIам дальхьа бжьамийхэр иджыпсту зэпащIэ. Ар зэрызэфIэкIыу щIыр датхъуэжынурэ ахэр псым падзэжынущ.
Псори зэхэту уэрамитIым щаукъуэдия бжьамийхэм километр 13 я кIыхьагъщ, къагъэсэбэпыр иджырей мардэм къитIасэ, зэмыкIуэкIыу илъэс куэдкIэ щIы щIагъым щIэлъынухэм хуэдэщ. Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу унагъуэ 600-700-м псы къабзэр яIэрыхьэнущ.
Мыдрейуэ, апхуэдэ Iуэхугъуэхэр щрагъэкIуэкI Дзэлыкъуэ щIыналъэм и Чыщбалъкъ къуажэми. Ахэр кърахьэжьащ «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэ «Коммунальнэ инфраструктурэр егъэфIэкIуэн» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Мыбдежми щызэрахъуэкIынущ жьы хъуа, псори зэхэту километри 9,3-рэ зи кIыхьагъ бжьамийхэр. Лэжьыгъэхэр зэрызэфIэкIыу къуажэдэс 280-м псы къабзэр ирикъуу яIэрыхьэнущ.
Прохладнэ районым и Граничное жылэри псы къабзэкIэ мыгувэу къызэрагъэпэщынущ. Мыбдежым къыщIэшыпIэр щаубру, бжьамийхэри щаукъуэдий. ЩIыналъэм и Къэрэгъэш къуажэми щызэрахъуэкI псори зэхэту километри 8 зи кIыхьагъ бжьамийхэр. Лэжьыгъэм и нэхъыбэр нобэкIэ зэфIагъэкIащ.
Шэрэдж районми псы къабзэр ирикъуу ямыIэу гугъу ехь жылэхэр щыIэщ. Абы хохьэ Балъкъэр Ипщэмрэ Жэмтхьэлэмрэ. Лэжьыгъэхэм пэрагъэувэнум ехьэлIауэ къызэрыхах зэхьэзэхуэр ирагъэкIуэкIри, ар пщэрылъ зыхуащIынур наIуэ къэхъуащ. Иджы абы къыпэщылъщ Жэмтхьэлэм псори зэхэту километри 4,4-рэ зи кIыхьагъ, жьы хъуа бжьамийхэр щызэрихъуэкIыну. Абы иужькIэ къуажэдэс 490-р псы къабзэкIэ къызэгъэпэща хъунущ.
Балъкъэр Ипщэ къуажэм и бжьамийуэ псори зэхэту километри 6,6-рэ зэрахъуэкIынущ. Мыбдежми, иужькIэ цIыху 780-м нэблагъэм псы къабзэ яIэрыхьэн щIадзэнущ.
Поделиться:
Читать также:
13.08.2026 - 10:50 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
13.08.2026 - 10:01 →
Лъэпкъым къыдекIуэкI хъугъуэфIыгъуэхэр
13.08.2026 - 09:05 →
КЪЭБЭРДЭЙ-БАЛЪКЪЭР РЕСПУБЛИКЭМ И ПРАВИТЕЛЬСТВЭМ И УНАФЭ
12.08.2026 - 17:40 →
«Уи лъэпкъ хуэпщIэфынур хуэпщIа?»
12.08.2026 - 14:30 →
ЛъэужьыфIэ
| ||





