Нобэ хуэдэ зы махуэщНэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр СССР-м къыщытеуа махуэм щегъэжьауэ Иуан Хьэсэн и Iэщэр игъэтIылъатэкъым. Дохъушыкъуей къуажэм къыщалъхуа щIалэр псэзэпылъхьэпIэ мызэ-мытIэу ихуащ, гузэвэгъуэ зыбжанэми къелащ. Абы игу илъ зэпытт адыгэ напэр ихъумэн зэрыхуейр, и нэгу щIэкIыртэкъым и адэ-анэр, и Iыхьлыхэр, и Къэбэрдейр. Арат и къарур хуэдипщIкIэ щIэбагъуэр, бий илъэгъуамэ, гужьгъэжькIэ и гур щIэятэр… Иуан Хьэсэн яхэтащ Ленинград зыхъумахэм, Прибалтикэр хуит къэзыщIыжахэм. Ар Европэм и щIыпIэ куэдми щызэуащ. Зэрихьа лIыгъэм папщIэ дамыгъэ лъапIэхэри къратауэ Германием нэсащ. 1945 гъэ, гъатхэпэ мазэ. Ди дзэхэр Берлин гъунэгъу хуэхъуат. Ауэ иджыри бийм и къару илът. «Зы совет зауэлI Одер къызэпрыдгъэкIынкъым», - жаIэу нэмыцэхэм а псым и адрыщI ныджэм зыщагъэбыдэ. Ауэ жыIэзыфIэщхэм я мурадыр къайхъулIакъым. Жэщ гуэрым Иуаным и ротэр щэхуу Одер и адрыщI ныджэм зэпрокI. Япэ ищахэм псы Iуфэм зыщагъэбыдэ. Нэху щыху увыIакъым зауэлIхэр - зыдэсыну щIытIхэр къатIащ, я Iэщэхэр бийм хуагъэпсащ. Нэху зэрыщу, Иуаным и гупым бийм еуэн щIедзэ. АрщхьэкIэ къарухэр зэхуэдэтэкъым. «ФыкъызыхэкIа псым фыхэтхуэжынщи, федгъэтхьэлэнщ», - жыхуаIэу нэмыцэхэр къобгъэрыкIуэ, ди зауэлIхэм яIыгъ щIы кIапэм, уэ къехым хуэдэу, шэр къытрагъэлъалъэ. Ауэ Иуаным и ротэм бийм худичыхыркъыми, зэхэуэр нэхъри гуащIэ мэхъу. Шэхэр мэфий, щIыр дэзджызджу гранатэхэмрэ топышэхэмрэ къоуэ. Фашисту яукIыр куэд мэхъу, ауэ совет зауэлIхэри хокIуадэ. ИтIани дыдейхэр псым къызэпрыкIыху зыIыгъын хуейт. ИкIи заIыгъащ. Абы хэту ди дзэхэр псы Iуфэм къыщитIысыкIыу хуежьати, Иуаным зыкъеIэтри, маджэ: «Ей, маржэ хъужыхэнхэ, нобэ хуэдэ зы махуэщ Хэкум дэ Iэщэ къыщIыдитар… ЗыкъэфIэт!». Командирыр япэ иту ди зауэлIхэм ебгъэрыкIуэн щIадзэ. Бийм зыхуэIыгъакъым - икIуэтащ. А пщэдджыжьым Хьэсэн и ротэм фашисту щэм нэс зэтриукIащ. ШэджагъуэхуэкIуэу ротэр нэмыцэ къуажэ гуэрым дыхьащ. ЗауэлIхэр езэшат, зэхэуфIеяхэт. Ауэ ахэр хунэсакъым загъэпсэхунуи загъэкъэбзэнуи… Ротэр, пщэдджыжьым щызэуа щIыпIэмкIэ йокIуэтыжри, бийм потIыс. Хъуреягъыр иращэкIыу езырызекIуэ машинэхэр къоблагъэ. Иуаным унафэ ещI: «Къэсыпа нэужькIэщ абыхэм дащеуэнур. Абдежым ахэр идубыдэнщ». Мис, япэ итыр езым хуэзанщIэ къохъу. Гъунэгъу дыдэу зыбгъэдегъэхьэри, Хьэсэн абы гранатэр иреутIыпщ. Машинэр къыщхьэщыхьэ щыхъум, Иуаным абы иреутIыпщ етIуанэ гранатэр. Езыми псынщIэу щIытIым зыдедзэж. Щыблэу къэIуащ уэ макъыр, щIыр игъэзджызджу… Зы зэман къызэплъэкIмэ, командирым елъагъу и гъусэ зауэлIхэр зыдэс щIытIхэм я щIыбагъ къыдыхьауэ машинэшхуитIым япэ взводыр Iисраф къызэращIыр. Абыхэм ягъэщтащи, сэлэтхэр къыщолъэт, къыщылъэтхэр нэмыцэхэм пулеметкIэ щIагъэлъэлъ. - Фи гупэр, фи гупэр яхуэвгъазэ, - мэгуо Хьэсэн икIи а лъэныкъуэмкIэ зреч. «Феуэ нэлатыр зытехуэнхэм», - мэятэ ар, и зауэлIхэм закъригъэщIэжу. Иуаным и гранатэр едзри, машинэхэм ящыщ зыр къегъауэ. ЕтIуанэми гранатэр иреутIыпщ. НэгъуэщI ар зыми хунэсыжакъым. Гъунэгъуу къыщыуа шэм и лъэр щIеуд. Хьэсэн зыкъищIэжащ уIэгъэщым щIэлъу. Абы и лъакъуэ лъэныкъуэр пытыжтэкъым. Илъэс тIощIрэ блым уиту ныкъуэдыкъуэ ухъуныр гукъеуэшхуэщ. Ауэ Иуан Хьэсэн и нэгум щIэкIат укIыгъэ Iэджэ, и ныбжьэгъу куэди хамэ щIыпIэхэм щыщIилъхьэжати, зауэм хиха фэбжьыр и щхьэ закъуэ насыпыншагъэу зэрыщымытыр къыгурыIуэрт. 1945 гъэм мэлыжьыхьым и 10-м Иуан Хьэсэн къыфIащащ Совет Союзым и ЛIыхъужь цIэ лъапIэр. 1972 гъэм Иуан Хьэсэн ТIалиб и къуэр дунейм ехыжащ. Езыр къытхэмытыжми, лъэужьыфI къэзыгъэна адыгэлI нэсыр и лъэпкъэгъухэм тщыгъупщэркъым. Зыщалъхуа Старэ Шэрэдж къуажэм щагъэуващ абы и фэеплъ. А къуажэм и зы уэрамми и курыт еджапIэми Иуаным и цIэр зэрахьэ. ЩIыхьри пщIэри къэнащ Дунейр уэфIт. Темрыкъу хы къуэпсым къыхиху акъужь гуапэр псэм йодэхащIэ. Кхъухьлъатэзехуэхэр сатыру иувыкIахэу а ныпым и пащхьэм итщ, я унафэщIхэм жаIэм йодаIуэри. Бийм зы мэскъалкIэ зэрыхудамычыхынум, ар уэгуми щIылъэми зэрыщыхагъэщIэнум теухуа псалъэмакъщ екIуэкIыр. УнафэщIхэм я ужькIэ псалъэ къещтэ Къанкъуэщ Ахьмэдхъан. Полк псор умэзэхауэ йодаIуэ и адэм къигъэхьауэ иджыпсту ар къызэджэ тхыгъэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым фашистхэм щызэрахьэ залымыгъэм теухуауэ гур зыгъэуз псалъэхэр зэрытым. Абы пищэу Ахьмэдхъан жеIэ: «Фашистхэм яукIащ си шыпхъуитI - ФатIимэтрэ Абчарэрэ, си къуэш Шэмэул. Абыхэм яукIащ совет цIыху минхэр. ИкIи си псэр пытыху, си гур къеуэху хейуэ кIуэдахэм ялъ сщIэжыну фыкъызогъэгугъэ». Адыгэ щIалэр хуэпэжащ ищIа тхьэрыIуэм. Къанкъуэщ Ахьмэдхъан папщIэ ятхырт: «Ар зэи гужьейртэкъым. Кхъухьлъатэр фIыуэ зэрызэрихуэм къыдэкIуэу, абы и хьэлым щызэхуэхьэсат тегушхуэныгъэри, фашистхэм яхуиIэ лъагъумыхъуныгъэри, телъыджэ дыдэхэр езыгъэщIэф лIыгъэшхуэри. Ахьмэдхъан ябгэу бийм ебгъэрыкIуэрт, абы кIуапIи жапIи иритыртэкъым. НапIэдэхьеигъуэт зыхуейр гъэщIэгъуэн гуэр къигупсысын папщIэ. Ар еплъыртэкъым бийр зэрыхъу бжыгъэм». Зауэм зэрыIухьэрэ куэдыщи дэмыкIауэ, Ахьмэдхъан и гъусэ зауэлIхэм хэкум къатхащ: «Фронт псом Къанкъуэщыр къыщацIыху. Дзэ Iэтащхьэхэр абы къыхуэупсащ Бэракъ Плъыжь орденымкIэ». Зауэм Iухьа нэужь еру щхьэкIэ, Ахьмэдхъан и ныбжьэгъухэм щахэтым деж щабэт, бзэ IэфI Iурылът, дэтхэнэми и гукъеуэ, и дзыхь кърагъэзырт, и хьэл-щэн дахэмкIэ цIыхухэр зыщIишэрт. И унагъуэм теухуауэ хъыбар мыщхьэпэ къызыIэрыхьам абы къриIуэтылIэрти, и гур нэхъ зэгъэжырт, сыту жыпIэмэ, апхуэдэхэм деж адыгэ щIалэм ныбжьэгъум жриIэни зэречэнджэщыни къигъуэтыфырт. … «Мессершмиттым» зэребгъэрыкIуэ ди кхъухьлъатэхэр ялъэхъэн ягугъащ, ауэ къикIа щыIэкъым. Ди «Якхэр» бомбэзехьэхэмкIэ яфIэкIуэри, абыхэм уэр хузэхаублати, радиоаппаратым бгъэдэсу мыдэкIэ щIым щыIэ унафэщIыр къэпIейтеяуэ хьэуам хэтхэм йоджэ: «Напэ фиIэщ! Еуэ уэ, шэмэдж! Пыгъэщ, Къанкъуэщ!» УафэхъуэпскIым хуэдэу псынщIащэу йокIуэкI зэхэуэр. МафIэм иса къуажэм я жыг хадэ зэщIэгъагъэхэмкIэ йохуэх «ЮнкерситI». Ещанэм егъэкIэрэхъуэжри, уафэ лъащIэм йохьэж. Ар еху «Якым». «Юнкерсым» ехуэх нэпцI зещI, зэм зегъэхуэм, зэми кIэщIу къегъэкIэрахъуэри, адэ-мыдэкIэ зыщIедз. «Нэхъ лъагэу!» - къоIу ар зыхум и макъыр. Зауэм дихьэха Къанкъуэщ Ахьмэдхъан щыгъупщат зэрыпсалъэ Iэмэпсымэр игъэувыIэжын икIи щIым тетхэм зэхах абы и псалъэхэр: «ЛъыщIэжым фыIэщIэкIыу щIыми зыщывгъэпщкIуфынкъым, уафэми фыщыбзэхынкъым. Адыгэм жеIэ: «Зилъ зыщIэжым и бийр хьэдрыхи къыщигъуэтынщ». ПлIыщIрэ етIуанэ гвардие авиаполкым и унафэщI Грабарец Иван етх: «Командир къэмылэнджэжщ, кхъухьлъатэзехуэ Iэзэщ. Нэмыцэ къашыргъэхэм екIурабгъу къахуегъуэтыф. Уэгум щекIуэкI зауэм и Iэмалхэр ещIэ, лIыгъи зэфIэкIи къыщегъэлъагъуэ. И закъуэ кхъухьлъати 8, гъусэ иIэу щы къриудыхащ, нэгъуэщIитхуи зэхикъутащ». Куэд дэмыкIыу Къанкъуэщ Ахьмэдхъан ТIалэ и къуэр Совет Союзым и ЛIыхъужь ящI. А унафэр дунейм къытохьэ I943 гъэм фокIадэм и 2-м. Зы илъэс закъуэщ Къанкъуэщ Ахьмэдхъан зауэм зэрыхэтар. А зэман кIэщIым абы нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм хэщIыныгъэшхуэ ирет. 1943 гъэм Къанкъуэщым и кхъухьлъатэр Керчь деж къыщраудыхащ. Ауэ абы и щIыхьым, и пщIэм бийм зыри хуещIакъым.
Поделиться:
Читать также:
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
06.09.2026 - 10:01 →
Мэржэхъу ФатIимэ и ехъулIэныгъэ
06.09.2026 - 09:58 →
ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм
05.09.2026 - 11:18 →
Мамырыгъэм и уасэр зыхрагъащIэ
04.09.2026 - 15:38 →
Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ
| ||




