Iэщу ягъэхъум хагъахъуэ

2025 гъэм и щIышылэм – жэпуэгъуэм къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту мэкъумэш продукцэу къалэжьащ сом мелард 71,5-рэ и уасэ е нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм яхузэфIэкIам проценти 105,7-кIэ хуэкIуэу. Апхуэдэ хъыбар иджыблагъэ зэбгригъэхащ Кавказ Ищхъэрэм СтатистикэмкIэ и управленэм.

Къапщытэж пIалъэм къриубыдэу лырэ джэдкъазылу абыхэм зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъым (псэууэ шэчауэ) проценти 8,9-кIэ, гъэшым процент 0,3-кIэ, джэдыкIэм процент 1,4-кIэ хэхъуащ.

Апхуэдэуи дызэрыт илъэсым и мазипщIым къриубыдэу республикэм и мэкъумэш, фермер, уней IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ зэхэту Iэщышхуэу щхьэ бжыгъэ яIыгъам процент 0,1-кIэ, абы щыщу жэмым - процент 0,3-кIэ, мэлрэ бжэным - проценти 2,4-кIэ, джэдым - проценти 6,7-кIэ хагъэхъуащ.

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться: