Хьэлъэ нэхъыбэ ягъэIэпхъуэ![]() Дызэрыт илъэсым и мазипщIым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъущI гъуэгухэмкIэ хьэлъэ зэхуэмыдэу тонн мин 500-м нэблагъэ ягъэIэпхъуащ. Нэгъабэ и апхуэдэ пIалъэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ проценти 10,8-кIэ нэхъыбэщ ар. Мы гъэм жэпуэгъуэм къриубыдэу яхузэфIэкIащ гъущI гъуэгухэмкIэ хьэлъэ зэхуэмыдэу тонн мин 54,4-рэ нэгъуэщI щIыналъэхэм ирагъэшэн. МазипщIым хьэлъэу ягъэIэпхъуам и нэхъыбэр ухуэныгъэ материалхэрщ – тонн мин 442,3-рэ. Нэгъабэ и щIышылэм – жэпуэгъуэм щыIа бжыгъэхэм нэхърэ процент 19,5-кIэ нэхъыбэщ ар. Абыхэм иужь къакIуэр ерыскъыхэкIхэрщ - тонн мин 42-рэ. Адрейхэр жылапхъэхэмрэ (тонн мин 11-м нэблагъэ) гъущIыкIэжьхэмрэщ (тонн мини 3,2-рэ).
Поделиться:
Читать также:
10.06.2026 - 16:54 →
ПсэукIэр ирагъэфIакIуэ
31.05.2026 - 10:00 →
Сабиигъуэм епха гукъэкIыжхэм я зы пшыхь…
30.05.2026 - 10:36 →
IэщIагъэм хуэIэзэхэм гулъытэ ягъуэт
24.05.2026 - 11:42 →
Музейм и тхыдэм зыщагъэгъуазэ
23.05.2026 - 11:08 →
ЩIыналъэм и зыужьыныгъэм хуэгъэпсауэ
| ||





