Гупсысэ куукIэ гъэнщIащ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ тхакIуэ, адыгэ драматургием и классик IутIыж Борис и къалэмыпэм къыщIэкIащ усэ купщIафIэ­хэр, новеллэ гъэщIэгъуэнхэр, «ГущIагъщIэлъхэр» зыфIища гупсысэ кIэщI хьэлэмэтхэр, гушыIэ, ауан зыхэлъ тхы­гъэ шэрыуэхэр, пародиехэр, эпиграммэхэр, памфлетхэр, анэ­дэлъхубзэм, ли­тературэм, театрым ятеухуа публицистическэ тхыгъэхэр, сабийхэм яхуитха усэхэр.  Псом хуэмыдэу къыпхуэмылъытэнщ IутIыжым лъэпкъ драматургием хуищIа хэлъхьэныгъэр - сценарийхэм нэмыщI, едзы­гъуэхэурэ зэхэт пьесэу 30-м нэс итхащ. КупщIэшхуэ зыхэлъщ, гупсысэ куукIэ гъэнщIащ абы и прозэу тха усэхэри. Iуэхугъуэ куэдым гу лъыуагъатэу, узыщIагъэгупсысыжу апхуэдэхэщ ахэр. Абыхэм ящыщ зыбжанэм щыгъуазэ фыхудощI.

Тхьэхущынэ Ланэ.

 

Сыхуейт!

ГъащIэр зэрыкIэщI дыдэр хъарзынэу ящIэ дуней фIыгъуэр зиIэу напэ зимыIэжхэми. Напэр нэхъ къулеягъэшхуэу къызыхуэнахэми… Япэм жеIэ: «ГъащIэр пцIащхъуэщ. НапIэзыпIэм пIэщIэлъэтынурэ, мы дуней дахэшхуэм ухэкIыжынущ. Къыхэх! Къыхэтхъ! ЗэлъэфалIэ!  А зэ псэугъуэрщ къуитари, ухущхьэрэ ущатэу иумыхьэкI…» ЕтIуанэм къыпедзыж: «Пэжщ, гъащIэр напIэзыпIэщ. Блэлъэту къытегъазэ зимыIэхэм ящыщщ. Ауэ дуней фIыгъуэр зэплъэфалIэу и кум уитIысхьэжами, уэ нэхърэ нэхъ насыпыфIэу зыкъызолъытэж сэ. Си напэр зэрыкъабзэм щхьэкIэ. Ар зыщэжахэм сызэрыфщымыщым щхьэкIэ…» Сэ гукIи псэкIи етIуанэм срителъхьэщ, ауэ… Ауэ гуащIэмрэ гущIэгъумрэ зи бэу Къытщхьэщытым сеупщIыну сыхуейт: ярэби, цIыху напэр къабзэу зыхъумэм тезыр теплъхьауэ ара, и гъащIэ кIэщ тIэкIур мыгъуэмылIэу ирихьэкIыну? Хьэмэ, пэж дыдэу дуней пэжыр къыщытпэплъэр адэкIэ? Дауи щрет, сэ сыхуейт мы дуней хьэху цIыкIум гупсэхуу тIэкIурэ сыщыхьэщIэну. Зэхэпхрэ, ди Тхьэ, - сыхуейт!

 

ФIэщхъуныгъэ дахэ

Сыт зыхищIэр ажалым и IэмыщIэ ихуа псэм? Сыт зэгупсысыр? КъигъэщIам щыщ гуэрхэр нэгум къыщIыхьэжрэ? IэщIэщIауэ хуэмыгъэзэкIуэжынухэм хущIегъуэжрэ? ЗыщIэхъуэпсауэ къемыхъулIахэм кIэлъыгузасэрэ? Хьэмэрэ, дэтхэнэ псэущхьэми хьэпщхупщми хуэдэу, псэ хэкIым кIэлъыпIастхъэурэ гъащIэр къытеункIыфIэрэ?.. Апхуэдэ дакъикъэхэм деж цIыхур къызэрыгуэкI жыIэзыфIэщыр куэдкIэ нэхъ насыпыфIэу къыщIэкIынущ, щэху куэдыкIейм я жэуапхэр зыщIэ философышхуэм нэхърэ. ФIэщхъуныгъэ зиIэ цIыху къызэрыгуэкIым дежкIэ ажалыр – зыхуэбгъэшэчу къызэбнэкIын хуей гъэузыгъуэ къудейуэ аращ. Абы ублэкIмэ, - адэкIи гъащIэщ!.. Сыту насыпышхуэ пкъымрэ псэмрэ щызэрыутIыпщ дакъикъэ гукъутэхэр псынщIэ пщызыщI апхуэдэ фIэщхъуныгъэ уиIэныр. Ар – дуней мылъкум ублэзыгъэIэбыкIыфын фIыгъуэщ. Ауэ фIэщхъуныгъэм и къуагъми къуэзыгъэплъэфын акъылкIэ Тхьэр зыхуэупса цIыхум а насыпыр IэщIакIагъэххэщ.

 

ЩыIэу пIэрэ ар езыр?

ЛIы Iущ гуэрым жиIэу зэхэсхащ: «ЦIыхубэр джэдкъурт быным хуэдэщ: щыкъуныр зыIыгъым и лъабжьэм къакъэрэ пщIыпщIу щызэрызохьэ, здипхъымкIэ мажэхэр»… ЛIы Iущхэм жаIэ псоми хуэдэу, мыри пэж дыдэщ… Лъагъуныгъэм я нэхъ иныр къыпхуиIэу щытми, ущымыгугъ цIыхубэм уэ укъыхихыну, щыкъуныр зыIыгъымрэ уэрэ къыфхагъэдэнкIэ хъумэ… ЦIыхубэр игъащIэми мэмэжалIэ. МэжалIэм и нэри и псэри здэщыIэр щыкъунымкIэщ, игъафIэри зыфIэлIыкIри ар зыIыгъхэращ… ЗигъэнщIамэ, и мэжалIэр икIамэ, хэт ищIэрэ, уэри гуапэу къыпхуеплъэкIынкIэ хъунт а цIыхубэр, бэм я щыжакIуэ. ФIыщIэ къыпхуимыщIыпэми, гу лъитэнкIэ хъунт а цIыхубэр пфIэпсэкIуэд зэпытрэ щыкъуныр къэзылэжьхэм яIэщIэлъыжын зэрыхуейм зытебухэу узэрыпсэум… Ауэ щыкъуныр зыIэщIыхьауэ зыIыгъхэм фIы дыдэу ящIэ цIыхубэр зэи ирибгъэкъу зэрымыхъунур. Ирикъумэ, зэщIэдэIукIыу, зэщIэгупсысыкIыу зэрыщIадзэнур. Тхьэпэлъытэу къыщагъэхъуа гуэрхэр цIыху щытыкIэми зэрынэмыхъусар къащIэнкIэ зэрышынагъуэр… Ауэ щыкъунтетхэр щхьэусыгъуэншэу ирогузавэ абы: щыкъуныр зи пщIыхьэгъу зэпытурэ къекIуэкI цIыхубэр есэжакIэщ хуапхъым ирипсэууэ, абы зы гурыфIыгъуэ гуэр къыхихыу. А щытыкIэр зэпхъуэкIыну ухуежьэмэ, псом япэу къыпхуэзымыдэнур а езы цIыхубэ дыдэрауи къыщIэкIынущ…  ЩыIэу пIэрэ а цIыхубэр езыр? Хьэмэ ари жытIэм-жытIэурэ ди фIэщ хъужа мифхэм ящыщ?..

 

Лъагъуэ

Алэрыбгъу иным трапхъа налкъут хьэдзэ куэду, вагъуэ цIыкIухэр уафэм щолыд. Къыпщохъу ахэр зэIущащэ. Нащхьэ къыпхуащI. КъыпщыгуфIыкI. Зи дахагъэм иригушхуэж тхьэIухуд пцIанэу, мазэр уткум исщ. Ар нуркIэ мэгуашэ… ЩIылъэри зиукъуэдияуэ щылъщ, а жэщ уафэм худоплъейри. Тхьэгъэлэджхэр щыусэ губгъуэри, щэху Iэджэ зыгъэпщкIу мэз Iуври, а псом къащхьэщытыж къурш лъагэри – псори, псори хосыхь псысэ дахагъэкIэ гъэнщIа жэщ мамырым…

Мыпхуэдэ жэщыр къызхуигъэщIар лъагъуныгъэрщ. Хьэуам щыткIу псалъэхэрщ. Малъхъэдисыр зыщIэт нэхэрщ. Лъэнтхъуийуэ зыкъозышэкI Iэхэрщ. Дыгъэ хъуаскIэу укъэзыс бахэрщ…

Ауэ сэ си закъуэщ ныжэбэ… Си закъуэ дыдэщ… СокIуэ.. Согупсысэ… Зэуи ГукъэкIыжхэм сахуозэ… СогуфIэ… Сонэщхъей… Сощыгъуэ… Ауэрэ къызбгъэдохьэ Гугъэр… Ар си дамэм къытоуIуэ… Си Iэблэр еубыд… Срешажьэ… Сыплъэмэ  - лъагъуэщ… Мазэгъуэ жэщым хэкIуэдэж нурыбэ лъагъуэщ…

 

КIыфIыгъэ зэфэзэщ

Тхьэмахуищым щIигъуауэ уэлбанэщ. Къошхри-къошх. ЩIыIэщ. ПсыIэщ. Жагъуэщ… ЗэщIэдияуэ къэна щIыгу псыфри абы тепсэухьхэри поплъэ хуабжьу къэгува хуабэ кIапэм… Ауэ пшагъуэ Iувыжьхэм апхуэдизкIэ уафэр зэщIакудащи, дыгъэр зэи, зэи къыкъуэмыкIыжыным хуэдэщ… «СыныкъуэкIми, слъагъунур фэракъэ?!» жыпIэмэ, си гум укъипсэлъыкIат, дыгъэ… Дипкъхэр щIэбэг щхьэкIэ, дигухэр хуэныкъуэу си гугъэкъым сэ а уи нурым. Пшагъуэм, жэщым, кIыфIым – ахэм нэхъ ятегъэпсыхьауэ къыщIэкIынущ нобэрей цIыхум и гупыжхэр… КIыфIым къыхэкIахэр, кIыфIым дыщыIэбэрабэурэ, кIыфIым дыхохьэж.

 

Поделиться:

Читать также:

13.08.2026 - 10:51 Адэм и гущыщIэ
12.08.2026 - 16:36 УзэщIакIуэ цIэрыIуэ
12.08.2026 - 15:33 Гъуэгуанэ тхыгъэхэр
03.08.2026 - 19:28 Уэрэд