Абрэдж Iэдиб Кыщпэк къуажэм щыIащБахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Абрэдж Iэдиб лэжьыгъэ IуэхукIэ Кыщпэк къуажэм щыIащ. Абы зыщигъэгъуэзащ социальнэ инфраструктурэм и щытыкIэр зыхуэдэм, лъэпкъ пэхуэщIэхэр зэрагъэзащIэ щIыкIэм, яIущIащ къуажэдэсхэмрэ творчествэ гупхэмрэ.
Абрэджым япэщIыкIэ зригъэлъэгъуащ къуажэ администрацэм и хэщIапIэр, ЩэнхабзэмкIэ унэр, модельнэ библиотекэр, къуажэ утыкур. ЩIэупщIащ творчествэ зэгухьэныгъэхэр я лэжьыгъэм зэрехъулIэм, зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къызэрызэгъэпэщам, Iуэхугъуэ зыхэтхэм, нэгъуэщIхэми.
ИужькIэ ар щыIащ ТекIуэныгъэм и Паркым. Ар «ПсэупIэмрэ къалэ щыIэкIэмрэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ къызэIуахащ. Зригъэлъэгъуащ абы къедза щIыпIэм и теплъэр зыхуэдэр, сабийхэм я джэгупIэхэр, зыгъэпсэхупIэхэр икIи псомкIи арэзы хъуащ.
Бахъсэн щIыналъэ администрацэм и унафэщIыр яхуеблэгъащ КъБР-м и япэ Президент КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм, зригъэщIащ еджакIуэ цIыкIухэр шхын пщтырхэмкIэ къызэгъэпэща зэрыхъур, ерыскъыр зэрахъумэ щIыкIэр, адэ-анэхэм ахэр я нэIэ зэрыщIагъэтыр: сабийхэр фIагъ лъагэ зиIэ шхынхэмкIэ къызэгъэпэщыныр къалэн нэхъыщхьэхэм хохьэ.
Абрэдж Iэдиб щыIащ нэгъабэ и фокIадэм школым къыщызэIуаха мэкъумэш классым. ЕджакIуэ цIыкIухэм хьэщIэм ирагъэлъэгъуащ я япэ къэпщытэныгъэ лэжьыгъэхэр, зэдэгуэшащ я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ икIи зэгъусэу мэкъумэш жылэхэр хащIащ. Абрэджыр цIыкIухэм ехъуэхъуащ фIыуэ еджэну, я IэщIагъэм хагъэхъуэну: АПК-м и къэкIуэнур зэлъытар щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ IэщIагъэлIхэрщ.
ЗэIущIэм и кIэм къуажэ администрацэм и унафэщIхэм ягъусэу ар тепсэлъыхьащ жылэм дэлъ Iуэхугъуэхэм, абыхэм къапэщылъ къалэнхэм, нэгъуэщIхэми.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
13.09.2026 - 11:18 →
ГъащIэр лъапIэщ
13.09.2026 - 09:58 →
Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
| ||




