Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Хэкум и хъумакIуэм и махуэм техуэу къэрал дамыгъэ лъапIэхэр ЛIыхъужьхэм Кремлым щаритащ. Апхуэдэ щIыхь къэзылэжьахэм яхэтщ Осетие Ищхъэрэ-Аланием щыщ адыгэ щIалэ, подполковник Джэрий Инал.
«Урысейм и ЛIыхъужь» цIэ лъапIэр къызыфIаща ди лъэпкъэгъу щIалэр КъуэкIыпIэ дзэ округым и 5-нэ дзэпсо армэм и 57-нэ гвардие мотострелковэ бригадэ щхьэхуэм и ебгъэрыкIуэ гупым и командирщ.
ЛIыхъужьым и Дыщэ Вагъуэр абы къыхуагъэфэщащ Запорожскэ фронтым и дзэ щIыпIэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ Гуляйполь хуит къэщIыжынымкIэ и къалэнхэр ехъулIэныгъэшхуэхэр иIэу зэрызэфIигъэкIам папщIэ. Мэздэгу адыгэхэм къахэкIа щIалэщIэр Ставрополь крайм и Курской районым хыхьэ Серноводское къуажэ цIыкIум къыщалъхуащ, иужькIэ Мэздэгу Iэпхъуэжащ, абы дэт курыт школ №7-р къиухащ. Новосибирск дэт дзэ команднэ училищэ нэхъыщхьэр къиухри, Хабаровск крайм дзэ къулыкъум щыпэрыхьащ. 2022 гъэ лъандэрэ офицер щIалэщIэр дзэ Iуэху хэхам щыIэщ. Абы и япэ дамыгъэ лъапIэри - ЛIыгъэм и орденыр - Путиным Кремлым къыщритауэ щытащ 2023 гъэм.
Урысейм и Президентым дзэ Iуэху хэхам хэт лIыхъужьхэм псалъэ гуапэ яжриIащ я тхьэрыIуэм зэрыхуэпэжым, Урысейр зыхъума ди адэжьхэм я Iуэхум къызэрыпащэм щхьэкIэ.
«ФIыщIэ фхузощI, пщIэ зыхуэсщI ныбжьэгъухэ, къэвгъэлъэгъуа хахуагъэм, фи тхьэрыIуэр зэрывгъэпэжым, ди ветеран лъапIэхэм, илъэс зэхуэмыдэхэм Урысеишхуэр зыхъума псоми я IуэхущIафэхэр зэрывгъэкIуатэм папщIэ», - щыжиIащ Путиным УФ-м и ЛIыхъужьхэр Кремлым щыщагъэлъапIэ гуфIэгъуэ зэхыхьэм. - Урысейр и къэкIуэнум, щхьэхуитыныгъэм, пэжыгъэмрэ захуагъэмрэ щIозэу, а бэнэныгъэм псом япэ иту пэрытыр фэ фхуэдэ цIыху лъэщхэрщ, хахуэхэрщ, псэемыблэжхэрщ».
Осетие Ищхъэрэ-Аланием и Iэтащхьэ Меняйло Сергей и телеграм-каналым щехъуэхъуащ Джэрий Инал къэрал дамыгъэ лъапIэр къызэрыратамкIэ, Осетие Ищхъэрэр Урысейм и ЛIыхъужьымрэ абы и лIыгъэмрэ зэрыригушхуэр къыхигъэщу.