Гулъытэ лъапIэхэрКъэбэрдей-Балъкъэрым Лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, 2025 гъэм къриубыдэу республикэм щыщу 48835-м социальнэ дэIэпыкъуныгъэ зэхуэмыдэхэр иратащ икIи псори зэхэту Iуэхутхьэбзэу мелуани 7-м щIигъу абыхэм хуалэжьащ. Гулъытэ хэха хуащIащ а дэIэпыкъуныгъэхэм нэхъыбэу хуэныкъуэхэм. Апхуэдэ гупым цIыху 7323-рэ хэгъэхьэн хуейуэ нэгъабэ къалъытащ икIи ахэр министерствэм щатхащ, Iуэхутхьэбзэхэри хуалэжьащ. Зи ныбжьыр хэкIуэтахэр щаIыгъ интернатымрэ махуэкIэ абыхэм щакIэлъыплъ стационархэмрэ ягъэкIуэну цIыху 87-м лъэIухэр ятхащ, а Iуэхугъуэхэм щхьэкIэ чэзухэр ди республикэм щымыIэу щытми.
Поделиться:
Читать также:
13.09.2026 - 12:27 →
Псыгуэнсудэсхэм зэдагъэдэха пшыхь
13.09.2026 - 11:18 →
ГъащIэр лъапIэщ
13.09.2026 - 09:58 →
Уи бзэр уи псэу, уи дунейуэ
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
| ||




