Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр, адыгеибзэр, убыхыбзэр, абхъазыбзэр, абазэбзэр абхъаз-адыгэ бзэ гупым хохьэ.
Урысейм ди бзэр щызокIуэ Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Краснодар, Ставрополь щIыналъэхэм, Осетие Ищхъэрэ-Аланием и Мэздэгу районым. КъуэкIыпIэ Гъунэгъум и гугъу пщIымэ, бзэр ди лъэпкъэгъу хэхэсхэм щызэрахьэ адыгэхэр нэхъыбэу щыпсэу Тыркум, Иорданием, Сауд Хьэрыпым, Германиемрэ США-мрэ.
1995 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм адыгэбзэр къэралыбзэу щагъэувауэ щытащ(балъкъэрыбзэмрэ урысыбзэмрэ и гъусэу), 1996 гъэм - Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм. Зы бзэ щхьэкIэ, зэлъэпкъэгъухэр зэпэIэщIэу, зэпэжыжьэу зэрыпсэум къыхэкIыу, щхьэж и щIыпIэм псэлъэкIэ щхьэхуэхэр, езым я жыIэкIэ яIэж хъуащ, языныкъуэхэм зэтемыхуэу. Апхуэдэу къыхагъэщ Бахъсэн, Тэрч, Беслъэней, Хьэбэз, Псыжь псэлъэкIэхэр. Бахъсэн псэлъэкIэр щытепщэщ Къэбэрдеишхуэм, Тэрчым - Джылахъстэнейм, Хьэбэз псэлъэкIэр Къэрэшей-Шэрджэсым щыпсэухэм яIурылъщ, Псыжьыр - Адыгэ Республикэм и къуажэхэм (Хуэдз, Блашэпсынэ, Куэшхьэблэ). Беслъэней диалектыр къэбэрдей-шэрджэсыбзэмрэ адыгеибзэмрэ я зэхуаку дэтщ, адыгеибзэм и диалектуи къалъытэ. Ар нэхъ щызэхэпхынущ Беслъэней къуажэмрэ ВакIуэ Жылэмрэ (Къэрэшей-Шэрджэс), Краснодар щIыналъэм и Успен щIыналъэм.
Япэ адыгэ узэщIакIуэ Нэгумэ Шорэ 1832 - 1835 гъэхэм адыгэ алыфбей зэхилъхьауэ щытащ япэщIыкIэ кириллицэр и лъабжьэу, иужькIэ - хьэрыпыбзэкIэ. Апхуэдэу XIX лIэщIыгъуэм къриубыдэу хьэрып хьэрфхэм тет адыгэ тхыбзэм зыбжанэрэ зэхъуэкIыныгъэхэр иIащ. 1924 - 1936 гъэхэм тхыбзэр латиныбзэм тету щытащ. 1936 гъэм щегъэжьауэ нобэр къыздэсым къэдгъэсэбэпыр кириллицэр зи лъабжьэрщ.
ЮНЕСКО-м зэритхымкIэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я бзи 116-рэ дунейм текIуэдыкIыжыну шынагъуэ щыIэщ, ди бзэри яхэтщ, ди жагъуэ зэрыхъунщи. Ауэ зи анэдэлъхубзэр зыхъумэну щIэхъуэпс, абы щхьэкIэ ялъэкI къамыгъанэу а Iуэхум елэжьхэм дащыщу жыпIэ хъунущ. Иужьрей зэманым адыгэбзэкIэ тхыгъэ, роман, пьесэ, Iуэтэж гъэщIэгъуэнхэр нэхъыбэрэ дунейм къытехьэ хъуащ, мультфильм цIэрыIуэхэр зэрадзэкI, адыгэ уэрэдыжьхэр нобэрей гъащIэм къезэгъыу утыку кърахьэж.
Ди щIыналъэм щыпсэухэм я анэдэлъхубзэр джыныр, абы зегъэужьыныр зи къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр институтыр. Адыгэ бзэщIэныгъэм и щIэдзапIэм щытащ узэщIакIуэхэу Цагъуэ Нурий, Елбэрд Хьэсэн, Борыкъуей ТIутIэ, ЩэрэтлIокъуэ Талъостэн сымэ, нэгъуэщIхэри.
Институтым къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ и къудамэм куэд хузэфIэкIащ адыгэбзэм и лексикэр, фонетикэр, морфологиер, синтаксисыр убзыхуа хъуным теухуауэ. Къудамэр зэрылажьэрэ щIэныгъэ грамматикэ зыбжанэ, Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм теухуа монографиерэ тхыгъэу пщIы бжыгъэхэр къыдигъэкIащ. Псори къызэщIекъуэж томитI хъу «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэ» тхылъым. Ар 2006 гъэм, напэкIуэцIи 105-рэ и Iувагъыу, дунейм къытехьащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, бзэщIэныгъэлI гъуэзэджэ Къумахуэ Мухьэдин и унафэм щIэту ягъэхьэзыра а лэжьыгъэм хуэдэ Урысей псом зэрыщымыIэр.
- БзэщIэныгъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэ дыдэу къэплъытэ хъунущ лексикографиер. Абы зэпымычу нэхъ егугъуащ ди къудамэр. Псом хуэмыдэу купщIафIэу а Iуэхум щелэжьар япэ адыгэ-урыс, урыс-адыгэ, адыгэ-урыс фразеологие псалъалъэхэр дунейм къыщытехьа 1950 - 1960, 1990 гъэхэрщ. Абы щыгъуэм елэжьын щIадзат зыгъэнахуэ япэ псалъалъэхэмрэ синоним псалъэхэр щызэхуэхьэсахэмрэ гъэхьэзырынми, - жеIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым къэбэрдей-шэрджэсыбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэБищIо Борис. - ЩIэныгъэлIхэм лингвистикэ и лъэныкъуэкIэ зыхунэса ехъулIэныгъэхэр я щIэгъэкъуэну, а зэманым щIэрыщIэу зэхагъэувэжауэ щытащ къэбэрдей-шэрджэсыбзэм и псалъалъэр. Ар 1999 гъэм Москва къыщыдэкIат. Къудамэм и лэжьакIуэхэм зэхагъэувауэ дунейм къытехьащ еджапIэ курытхэм къыщагъэсэбэп хъуну фразеологие псалъалъэмрэ (Бэрбэч Б.Ч., БищIо Борис, IутIыж Борис, 2001 гъэ) синонимхэмкIэ школ псалъалъэмрэ (Дзыгъуэнэ Ритэ, Шэру Нинэ, 1997 гъэ). Апхуэдэ лэжьыгъэхэм къакIэлъыкIуащ еджапIэхэм папщIэ урыс-адыгэ псалъалъэр (БищIо Борис, Къумыкъу Динэ, ТIымыжь Хьэмыщэ, 2013 гъэ), адыгэбзэр зыгъэнахуэ псалъалъэр (БищIо Борис, 2015 гъэ). Институтым и адыгэбзэ къудамэм щылажьэхэм дежкIэ лъапIэ дыдэщ ди литературэм и классик КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу (2014 гъэм), ди тхакIуэшхуэм и бзэр и лъабжьэу псалъалъэ зэрагъэхьэзырар. Иужьрей илъэсхэм жыджэру яужь дитщ къэбэрдей-шэрджэсыбзэм синонимхэмкIэ и псалъалъэми.
Апхуэдэ лэжьыгъэфIхэр езыгъэкIуэкIхэм я цIэ къиIуапхъэщ. Къудамэм щIэныгъэхэм я доктору цIыхуитI (БищIо Борис, Дзыгъуэнэ Ритэ) щолажьэ. Филологие щIэныгъэхэм я кандидатщ щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьхэу Жылэтеж Хьэжысмел, Къумыкъу Динэ, Токъмакъ Мадинэ, Абазэ Маритэ, Хьэжь Залинэ сымэ. ЩIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщIэщ АфIэунэ Анжелэ. Кандидат лэжьыгъэхэр ехъулIэныгъэкIэ пхагъэкIащ щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэми - Хьэжь Марьянэ, Шэрджэс Заретэ сымэ. Дэтхэнэми я лэжьыгъэ IэнатIэр гукIэ къызэрыхихар, улахуэ ин къыпэмыкIуэми, ахэр я анэдэлъхубзэм и къэкIуэным тегузэвыхьу, гу дзакъэ яIэу я къалэныр зэрагъэзащIэр нэрылъагъущ.
Псалъалъэхэр зэхэгъэувэным къыдэкIуэу, къудамэм и IэщIагъэлIхэм мынэхъ мащIэу гулъытэ хуащI нэгъуэщI Iуэхугъуэми - къэбэрдей-шэрджэсыбзэм зегъэужьыным. Елбэрд Хьэсэн къригъэжьа хабзэм тету, школхэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ зэрыщеджэну тхылъхэр зэхагъэувэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я къэралыбзэу щыт ди анэдэлъхубзэр ефIэкIуа зэрыхъунум теухуауэ я жэрдэмхэр къыщыгъэлъэгъуа программэ хэхахэр республикэм къыщащтэным ахэр йолэжь. ПсынщIэу зызыужь иджырей зэманым бзэр къыкIэрыху зэрымыхъунур хьэкъщ.