Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэми хабзэу къекIуэкIащ зауэ губгъуэм ит сэлэтхэм сыт и лъэныкъуэкIи защIэгъэкъуэныр, зыхуэныкъуэхэр – лъэпэд, щыгъын хуабэ – яхуегъэшэныр, зыпэрыт мафIэм псэууэ къыхэкIыжын папщIэ тегъэгушхуэныр, я гур хэгъэхъуэныр. А хабзэ дахэм ноби къыпещэ икIи къэралри цIыхубэри зэкъуэту иджырей сэлэтхэм зыщIагъакъуэ. Абы и щапхъэ дахэу къэпхь хъуну куэд исщ ди республикэм.
Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым иIэщ псэукIэмкIэ дэIэпыкъуэгъу хъу IэщIагъэлIхэр, чэнджэщэгъухэр. НобэкIэ а гупышхуэр цIыху мин зыбжанэм щIегъу, абыхэм ящыщу 1000-р е дзэ Iуэху хэхам къикIыжа ветеранхэрщ, е абыхэм я унагъуэхэм щыщхэрщ.
2025 гъэм «Хэкум и хъумакIуэхэр» урысей фондым щыIэ социальнэ IэщIагъэлIхэм я бжыгъэр цIыху мини 5-м нэблэгъащ.
- Социальнэ координаторхэр ди фондым и псэщ. Къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм къыщызэдгъэпэща къудамэхэм щолажьэ гущIэгъу зыхэлъ, Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI, псэемыблэж цIыхухэр. Ахэр сыт щыгъуи хьэзырщ ди лIыхъужьхэм ядэIэпыкъуну. Социальнэ координаторхэм я Iыхьэ плIанэр зауэлIхэмрэ абыхэм я Iыхьлыхэмрэщ: анэхэр, адэхэр, щхьэгъусэхэр, шыпхъухэр, пхъухэр. Абыхэм зыми хуэмыдэжу къагуроIуэ ди лIыхъужьхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ къахукъуэкI гугъуехьхэр зыхуэдэр, ахэр псынщIэу зэрызэфIахынури ящIэ. Ветеранхэм сыт щыгъуи япыщIар а IэщIагъэлIхэрщ.
Сэлэтхэмрэ абыхэм я Iыхьлыхэмрэ IэщIагъэм, спортым, гъуазджэм, хэкупсэ гъэсэныгъэм, нэгъуэщI IэнатIэхэми я щхьэ Iуэху щыдагъэкIынымкIэ Iэмалхэр къахузэзыгъэпэщыр ахэращ. Апхуэдэ лэжьакIуэхэр гурэ псэкIэ щогуфIыкI IуэхукIэ зыпыщIа лIыхъужьхэм я дэтхэнэ ехъулIэныгъэми, ар гурэ псэкIэ къалэным зэрыбгъэдэтым и щыхьэт нахуэщ», – жиIащ УФ-м зыхъумэжыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ - статс-секретарь, «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и унафэщI Цивилевэ Аннэ.
ПсэукIэмкIэ дэIэпыкъуэгъу хъу IэщIагъэлIхэр дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэмрэ дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда лIыхъужьхэм я унагъуэхэмрэ упщIэ псори зэфIагъэкIыху ящIыгъущ. Къапщтэмэ, пщIэншэу психологие, юридическэ дэIэпыкъуныгъэ ягъуэтынымкIэ ядоIэпыкъу, зауэм и ветераным и удостоверенэр гъэхьэзырынымкIэ, хуагъэува льготэхэмрэ ахъшэхэмрэ зэрагъэпэщынымкIэ, я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэнымкIэ, технологие лъагэ зиIэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр ягъуэтынымкIэ, санаторэ-курорт тхылъхэр къаIэрыхьэнымкIэ, егъэджэным, лэжьапIэ гъэувыным ехьэлIа IуэхухэмкIи сэбэп мэхъу.
Апхуэдэ лэжьыгъэм и щапхъэ наIуэщ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщ социальнэ координатор Гындыгъу Наталье и IуэхущIэкIэр. И лэжьыгъэ нэхъыщхьэм къыдэкIуэу, Наталье и жэрдэмщIакIуэу къызэрагъэпэщащ «Дэ дызэгъусэщ» зэгухьэныгъэр икIи абы и унафэщIу мэлажьэ. Абы псынщIэу лэжьэн щIидзащ икIи Iуэхум фIыуэ зэрыщыгъуазэм къыхэкIыу, я нэхъ упщIэ гугъуми и жэуапыр икIэщIыпIэкIэ къигъуэтыфу зэтриублащ лэжьыгъэр.
Наталье я пашэу зэкъуэува гупым я деж зэхэщIыкIрэ гумащIагърэ щагъуэт дзэ Iуэху хэхам хэкIуэда лIыхъужьхэм я анэхэм, я щхьэгъусэхэм, Iыхьлыхэм. Гузэвэгъуэ къызылъыса цIыхум и гуауэр дагъэпсынщIэ къудей мыхъуу, Iуэху пыухыкIахэмкIэ, чэнджэщ щхьэпэхэмкIэ зыщIагъакъуэ, псом нэхърэ нэхъыщхьэращи, къалъыкъуэкIа нэщхъеягъуэм и хьэлъэр я щхьэ закъуэу ягъэвыну къагъанэркъым.
- «Дэ дызэгъусэщ» зэгухьэныгъэр гуп гущIэгъулы къудейкъым, атIэ псоми зэхуэдэу къеуз «узым» зэкъуигъэува, зэдэIэпыкъуныгъэм зэришэлIа унагъуэщ. Ди къалэныр зы ани, зы щхьэгъуси и гузэвэгъуэм и закъуэу къыхуэдмыгъэнэнырщ. Псоми зэгъусэу зыдогъасэ лIыхъужьхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ къахуэсэбэпыну Iэмалхэр къэдгъуэтурэ дэтхэнэми и гугъуехьыр зы мащIэкIэ нэхъ мыхъуми щхьэщытхыфу, хэкIуэдам и фэеплъыр тхъумэу. Языныкъуэхэм деж «сэ къызгуроIуэ» е «сэ суригъусэщ» псалъэ къызэрыгуэкIхэм къарыкIыр куэдкIэ нэхъыбэщ дэIэпыкъуныгъэ нэрылъагъум нэхърэ», – жеIэ Гындыгъу Наталье.
Мы бзылъхугъэр зэрыIэщIагъэлI лъэрызехьэм и мызакъуэу, къуиплIым я анэщ, абыхэм ящыщу щым иджыпсту къалэн щагъэзащIэ дзэ Iуэху хэхар щекIуэкI щIыпIэм. Наталье лIыгъэшхуэ зыхэлъ, анэ лъагъуныгъэмрэ хэкум, лъэпкъым хуэлэжьэнымрэ зы зыщIа цIыхубзщ, и псэм и къарур бгъэщIагъуэу. Къыщалъхуа щIыпIэм зэрыхуэпэжыр и лэжьыгъэм занщIэу къыхощ, гузэвэгъуэ, зыгъэв унагъуэхэм ядоIэпыкъу. Социальнэ дэIэпыкъуныгъэр псом япэ зэрыригъэщым, хабзэм и лъэныкъуэ псори куууэ зэрищIэм, цIыхум и псэр фIыуэ зэрызыхищIэм ар куэдым къахегъэщхьэхукI.
- Абы къыдалъхуа хьэл-щэнхэмрэ и псэ хуабагъымрэ и IэщIагъэ телъыджэм докIу. Апхуэдэ IэщIагъэлIхэр гъуэтыгъуейщ икIи ехъулIэныгъэшхуэщ уиIэныр», - жеIэ «Хэкум и хъумакIуэхэр» фондым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщI Дадэ МуIэед. - Наталье и лэжьэкIэм и щэху нэхъыщхьэр - цIыхухэр зэрызэкъуигъэувэфырщ, зым и хьэлъэр адрейм зэрыдигъэпсынщIэфырщ. Ар ипэжыпIэкIэ гупым и псэ, хэкIуэда лIыхъужьхэмрэ ветеранхэмрэ я унагъуэхэр къыдэзыхьэхыф цIыху щыпкъэщ. Бзылъхугъэм и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэщащ зэпсэлъэнымкIэ, зэдэIэпыкъунымкIэ, гугъуехьхэр псынщIэу зэфIэхынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ къару хъуа «Дэ дызэгъусэщ» гупышхуэр. Наталье районым и хэкупсэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэ псоми я къызэгъэпэщакIуэщ икIи куэдым къацIыху, пщIэ хуащI.
«Сэ си лэжьыгъэм къриубыдэу си унагъуэкIэ, си щхьэкIэ къызэхъулIэну сызыхуейм хуэдэ нэгъуэщI унагъуэхэм яхуэсщIэу аращ: абыхэм цIыхухэр зэрахуэсакъыр, зэрагъэлъапIэр зыхащIэну сыхуейщ. Дэ ар дымыщIэмэ, хэт зыщIэнур?», - жеIэ езы Гындыгъум.
Къыхэгъэщыпхъэщ социальнэ координатор къулыкъур дзыхь зыхуащIыр РАНХиГС-м щрагъэдж программэ хэхар къэзухахэр зэрыарар. Ахэр лэжьапIэ ува нэужь, IэщIагъэлIхэм я нэIэ щIэту мазищкIэ мэлажьэ. Апхуэдэу дэтхэнэ лэжьакIуэщIэми езыр зиужь итыну Iуэхухэр хуагъэбелджылы. ЛэжьэхукIэ, социальнэ координатор псоми я щIэныгъэм зэпымыууэ хагъахъуэ.