Ныбжьэгъугъэ нэсырЦIыхумрэ псэущхьэмрэ ныбжьэгъу пэж зэхуохъуф. Егъэлеяуэ зейм хуэпэжхэм ящыщщ хьэхэр. Унагъуэхьэхэр, щакIуэхьэхэр, мэлыхъуэхьэхэр… - езыхэм загъэлIэфынущ цIыхур ямыгъэщIэхъун щхьэкIэ. ЦIыхумрэ хьэмрэ я зэхуаку дэлъ пэжагъым теухуа тхыгъэхэр хэтщ адыгэ литературэм. Балигъри дихьэхрэ сабийми гъэщIэгъуэн щохъу ГЪУБЖОКЪУЭ Лиуан и «Къапхъэнрэ Борэнрэ» рассказыр. Ар хахуагъэ къызэрымыкIуэ къызыкъуэзыхыфа, мэл хъушэр дыгъужьым щызыхъума, сымаджэ хьэлъэри къезыгъэла хьэхэм - Къапхъэнрэ Борэнрэ - ятеухуащ. Езы тхыгъэм дыкъевгъаджэ. ГЪУЭТ Синэ Къапхъэнрэ Борэнрэ МэлыхъуэхьэфI зимыIэ мэлыхъуэри фочыншэ щакIуэри зэхуэдэщ. Сызэрымэлыхъуэри сэ мэлыхъуэхьэ мащIэ згъэунэхуакъым, мащIэри абыхэм си мэлыр дыгъужьым кърагъэлакъым. Ауэ сэ хьитI сиIати, мис ахэр нэсауэ мэлыхъуэхьэ хъурт. Дыгъужь щылъхуу ябж зы мэлыхъуэхьэ лъэпкъыфI гуэрым къилъхуауэ къысIэрыхьэри сахуэсакъыурэ спIат а тIур. Абыхэм цIэуэ яфIэсщат Къапхъэнрэ Борэнрэ. А цIэхэр ауэ сытми яфIэсщатэкъым сэ абыхэм. Къапхъэн баш хуэбдзамэ, ар дзапэкIэ иубыдырти иIыгът, и гъусэ Борэн къэсу къыдэIэпыкъуху. Сэ сыхуейт, ещхьыркъабзэу Къапхъэн Дыгъужь куэпкъыр къыIэрыхьэмэ, Борэн нэсу зытридзэху имыутIыпщыну. Къапхъэнрэ Борэнрэ сазэрыщыгугъа дыдэу къыщIэкIащ: мэл гуартэм къебгъэрыкIуэ дыгъужь зыбжани хагъэщIат зэгъусэу. Псом хуэмыдэу сигу къинэжащ абыхэм къытхуащIа зы Iуэхутхьэбзэ. Къущхьэхъу дыкъикIыжагъащIэт. Ди уэтэрыр Псыгуэнсу Iуфэ Iутт, къуажэм фIыуэ пэIэщIэу. Дыгъужьри бийти, псэхугъуэ къыдатыртэкъым. Си мэлыхъуэгъу Хьэбашэ сымаджэ хьэлъэу хэлъти, къулейсызыгъэ къылъысынкIэ сыгузавэри, дохутыр къэсшэну сехыжын хуей хъуащ. Ауэ сщIэртэкъым мэлыр къызыхуэзгъэнэнур. - Къапхъэнрэ Борэнрэ яхъумэнщ укъэсыжыху… Зыри къэхъунукъым укъэмыгувэмэ, кIуэ, кхъыIэ… - жиIэу лъаIуэрт сымаджэу хэлъ си мэлыхъуэгъур. Ди мэлыхъуэхьэхэм мэлыр зэрахъумэфынур сщIэ пэтми, абыхэм я закъуэ мэл гуартэр къахуэзгъэнэн сытегушхуэртэкъым. Сэ шэми шхуми сисырт: сымаджэри дохутыр хуейт, мэлхэри хьэхэм нэхъ хъумакIуэ ямыIэу къэзгъэнэни дзыхь сщIыртэкъым. Сытми, цIыхур нэхъапэти, Къапхъэнрэ Борэнрэ къахуэзгъэнащ. Абыхэм я ныбэ изу згъашхэри, чэтым и лъэныкъуэ зырызымкIэ увыIэпIэ щахуэсщIащ. Ахэр езыхэри жыIэдаIуэт. Псалъэ къагурымыIуэми, чэт гъунэм деж гъэтIыс закъуэ - сакъыу плъырынут. Арати, мэлыр хьитIым «анэмэт» яхуэсщIри, пшапэр зэхэуа къудейуэ, къуажэм сыкIуэну сежьащ. Къуажэм сынэсри, дохутыр къэзгъуэтащ. Ар сщIыгъуу сымаджэ къызэрырашэкI машинэмкIэ уэтэрым сыкъыщытелъэдэжам, зэманыфI дэкIат. ЩэIуу хэлъ Хьэбашэ и щхьэр къысхуигъазэри, ерагъыу къыдришейуэ къызжиIащ: - Хьэхэр зыгуэрым епщэфыIа сфIощI, чэтыр къэплъыхьыт… Дохутырым къызэрилъытамкIэ, Хьэбашэ сымаджэ хьэлъэти, машинэм итлъхьэри псынщIэу ишащ къуажэ сымаджэщым. Сэ чэтымкIэ сунэтIащ, уэздыгъэ сIыгъыу. ЯпэщIыкIэ мэлхэм сахэплъащ: лажьэ щыIэ хуэдэтэкъым. ИтIанэ сызыIууар Борэнщ. Ар щыст къызэрызгъэнауэ, и гупэр дыгъужь къэкIуапIэмкIэ - псыхъуэмкIэ - гъэзауэ. Къызэплъыххэртэкъыми, сызэрыгувам щхьэкIэ зыкъысхуигъэгусэми ярейт абы. АдэкIэ сыкIуэмэ - зы фIыцIагъэшхуэ гуэр кIыфIым хызолъагъуэ. Зэ IуплъэгъуэкIэ си гугъащ Къапхъэн жеяуэ щылъу, арщхьэкIэ зэпэсплъыхьри - дыгъужь хьэдэт. Узижагъуэным и махуэу зэхэфыщIат ар. СапэкIэ ирабза нэхъей, и ныбэгури и пщэри сыпат. Куэд щIагъэнутэкъым ар хьэхэм зэралIрэ: и хьэдэр иджыри диятэкъым. И плIэ лъакъуэхэр щIиукъуэдиикIыжарэ, дзыгъуэ ещэ джэдууэ, зы лъэныкъуэкIэ сакъыу плъэуэ чэтым и адрей гъунэм Iуст Къаплъэни. Хьэхэр къезджэри мэлхэр хэкIуэдыкIыншэу зэрахъумам щхьэкIэ фIыщIэ яхуэсщIу сателъэщIыхьащ. Хьэбаши иужькIэ хуэсщIыжащ Къапхъэнрэ Борэнрэ зэрахьа хахуагъэм и гугъу. Мис апхуэдэу дэIэпыкъуэгъушхуэу сиIащ Къапхъэнрэ Борэнрэ.
Поделиться:
Читать также:
15.05.2026 - 14:55 →
Ухуэмыхукъэ - улъагъугъуейщ
15.05.2026 - 12:49 →
Хъуэжэ и хъыбар Iущхэр
14.05.2026 - 15:04 →
ГъащIэм и тхылъ
07.05.2026 - 12:26 →
Франджы усакIуэм и лъэIур
30.04.2026 - 17:49 →
УсакIуэм и гъуэгу
| ||




