Адыгэбзэр тIурылъынырщ нэхъыщхьэрАдыгэ Iуэхум зигури зи псэри хэзылъхьэ ди лъэпкъэгъухэр щымащIэкъым ди лъэпкъэгъуу мелуаниблым нэс зэрыс Тырку къэралыгъуэм. Абыхэм ящыщщ сыт щыгъуи къытпыщIауэ, зи лэжьыгъэхэм дыхэзыгъаплъэ, хэхэсхэм къахуэсэбэп Iуэху куэд зи Iэдакъэ къыщIэкI Брам Алатин. Ар Узун-Яйла къыщыхъуащ. Алатин и фIыгъэкIэ къыдощIэ нобэ Тыркум ис ди хэкуэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэр зыхуэдэр, бзэмрэ хабзэмрэ хъумэным и Iуэху зыIутыр, хэхэс адыгэхэм я щыщIэныгъэхэр, нэгъуэщIхэри. Езым абы щыпсэухэм, я бзэр, хабзэр яIэщIэмыхунымкIэ, я лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр яхъумэу къэгъуэгурыкIуэнымкIэ лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI. Хэкупсэу лъэпкъым къыхэкIа цIыху щыпкъэхэм ящыщщ Алатин. «Адыгэбзэмрэ сэрэ хамэ дызэхуэхъуфынутэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, си нэр къызэрызэтесхрэ адыгэбзэщ зэхэсхар, аращ псэлъэн зэрыщIэздзари. ИтIанэ, школым сыкIуа нэужь, тыркубзэр зэзгъэщIэжащ. ЗдэкIуам Тхьэм щигъэтынш, си адэшхуэр хьэщIэщ унэм ису, къуажэ Iуэху, лъэпкъ Iуэху зэрихуэу игъащIэми къекIуэкIащ. Ар щIыжысIэр, адыгэ щэнхабзэр, псэукIэр тлъагъуу, тхыдэ хъыбархэр зэхэтхыу дыкъыдэкIуэтеящ. Балигъ сыхъури, университетым сыщIэтIысхьащ, школхэм, лицейхэм егъэджакIуэу сыщылэжьащ. Инджылыз, хьэрып, фарси (къэжэрыбзэ), тырку, адыгэ – а бзихым иужь ситащ. Зы лъэхъэнэ гуэрым дунейпсо эпосыр едгъэджт. Ауэ абы ди нарт эпосыр хэттэкъым. Дунейм япэ дыдэу къытеха эпосыр «Гильгамеш теухуа эпос»-ращ. Ар шумер хъыбархэм къытращIыкIыжри, аккадскэбзэкIэ ятхыжауэ щытащ. Зи гугъу сщIы эпосыр къагъуэтыжщ, тыркубзэкIи зэрадзэкIыжри, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я программэм хагъэхьат. Ар щезгъэджым, куэд щIэзджыкIащ сэри, икIи Гильгамеш теухуа хъыбарым адыгэбзэм хэт псалъэ куэд хэслъагъуэри, къэстIэщIым-къэстIэщIурэ мы Iуэхум сыхишащ», - жеIэ абы. Лэжьыгъэ нэхъыщхьэмрэ Хасэ Iуэхумрэ екIуу зэдехь Алатин Бандырма Хасэм и тхьэмадэуи щытащ зы зэман гуэркIэ. 2006 гъэм абы къыщызэIуахауэ щытащ адыгэбзэкIэ езыгъэджэнухэр щагъэхьэзыр курсхэр, ар илъэсищкIэ хъарзынэу лэжьащ. Абы екIуалIэхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэху гуэри ящIэртэкъым, ауэ зэхуэс къудейуэ арат адыгэбзэкIэ зэдэуэрэшэрын щхьэкIэ. Абы щыгъуэми иджыри Алатин псом япэ иригъэщыр бзэр зэгъэщIэнырщ, абыкIэ цIыкIуи-ини игъэпсэлъэнырщ. Хамэ къэралхэм щыпсэу адыгэхэр зыхэсхэм яхэмышыпсыхьын щхьэкIэ мыхьэнэ нэхъыбэ зэтыпхъэу, япэ игъэщыпхъэу Брамым иубзыхуахэр цIыхубэм яхихьэным хущIэкъуу мэпсэу, мэлажьэ икIи сыт щыгъуи Хасэхэм я лэжьыгъэм и нэIэ тету, защIигъакъуэу апхуэдэщ. - Пэжым ухуеймэ, илъэс 15-20 ипэкIэ дызэрыта щытыкIэм нэхърэ куэдкIэ нэхъыфI хъуащ ди Iуэхур. Тыркур къапщтэмэ, нобэ къэралым зыкъытщIигъакъуэ хъуащ. Гулъытэ хэха къытхуещIри, абы ди Iэмалхэр нэхъыбэ ещI, - жеIэ Алатин. - Нобэ Тыркум и сыт хуэдэ къали Хасэ щолажьэ, абы бзэр щрагъэдж. УзыщыгуфIыкIын Iуэхущ мыр, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, нэхъапэм Хасэм щызэхуэс адыгэхэр тыркубзэкIэ я лъэпкъ, я щхьэ Iуэхум тепсэлъыхьу щытамэ, иджы зэрыпсалъэр адыгэбзэщ, ар бзэр егъэджыным къиша Iуэхущ. ЩIалэгъуалэм я гугъу пщIымэ, нэхъыбэм бзэр яIурылъкъым, ауэ хуэмейуэ, яужэгъуауэ аракъым, атIэ зэрамыщIэр ягу къеуэу, зэрагъэщIэну я нэ къикIыу апхуэдэщ. Илъэс 40 хъу щIалэр лэжьыгъэ нэужьым, жэщ курсым Хасэм макIуэ и анэдэлъхубзэр зригъэщIэн щхьэкIэ. Ар хъарзынэкъэ?! ЕтIуанэрауэ, 2010 гъэм щегъэжьауэ къэрал школхэм адыгэбзэ щебгъэджыну хуитыныгъэ щыIэ хъуащ, ауэ абы папщIэ сабиипщI классым щIэсын хуейщ. 5-нэ, 6-нэ, 7-нэ классхэращ ар щрагъэджри, а классищми зэгъусэу адыгэ ныбжьыщIи 10 къыхэпшыфмэ, ирагъэджэфынущ. Ахэр зэредгъэджэн тхылъхэр къыдэдгъэкIынымкIэ, къэтщэхунымкIэ къэралыр дэIэпыкъуэгъу къытхуэхъунущ. ДызыщыгуфIыкIа Iуэхухэм ящыщщ Дюзджэ къалэм дэт къэрал университетым анэдэлъхубзэм зэрыщыхурагъаджэр. Адыгэ литературэмрэ тхыдэмкIэ факультет щхьэхуэщ ар, илъэс зыбжанэ хъуауэ мэлажьэ. Зы илъэсым цIыху 20 хуэдиз къащтэ. 20I7 гъэм япэ гупым къаухащ. ЦIыху 17-м диплом иратыжащ. ЦIыху 20-р къэрал ахъэшэкIэ еджэну къащтэ, езым и ахъэшэкIэ еджэну щIэтIысхьэнуи хуитыныгъэ яIэщ. Магистратурэ, щIэныгъэ лэжьыгъэ щыпхыбгъэкI къудамэ иIэщ. Иджыри зы хуитыныгъэм и гугъу фхуэсщIынт. Сыт хуэдэ Iуэхум удихьэхми, цIыхуипщI узэрыгъэхъумэ, курс къызэIупхыу, узыхуей IэщIагъэм ущыхуеджэ хъунущ, школми университетми емыпхауэ. Апхуэдэуи бджы хъунущ адыгэбзэр, зыри пэрыуэгъу къыпхуэхъунукъым. Школым, университетым ущеджэнри хъарзынэщ, ауэ анэдэлъхубзэр пIурылъыныр къыщежьэр унагъуэращ. Дунейм уеплъмэ, зэманым зыдихъуэжурэ макIуэ. Лъэпкъри апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм демыкIумэ, адрей лъэпкъхэм якIэщIыхьэнукъым. Къуажэхэм дыщыдэс лъэхъэнэм, дэ бзэ зэгъэщIэным теухуауэ зы гугъуехьи дыхэтакъым уеблэмэ нэгъуэщIыбзэ щыIэу дымыщIэу дыкъэхъуащ ди школ кIуэгъуэ хъуху. Зэманыр кIуэурэ цIыхур псэун, еджэн щхьэкIэ, къалэхэм Iэпхъуэу хуежьащ. ЗдэIэпхъуам и щхьэ къатым тесри, и лъабжьэм щIэсри, къыбгъурысхэри нэгъуэщI лъэпкъыу зэрыщытым къыхэкIкIэ, нэгъуэщIыбзэкIэ упсэлъэн хуей мэхъу. Телевиденэм адыгэбзэ къызэримытым, школым узэрыщеджэр зэрыхамэбзэм ипкъ иткIэ, уэри абы нэхъ хуэшэрыуэ уохъу, ухуейми ухуэмейми. Иджыпсту бзэр нэхъ зыIурылъыр нэхъ ныбжь зиIэхэращ. Ахэр къуажэм зэрыдэсаращ апхуэдэу щIыщытыр. Си анэшхуэм тыркубзэкIэ «къакIуэ» псалъэмрэ «кIуэ» псалъэмрэ зэхимыгъэкIыфу дунейм ехыжащ. Ар щIыжысIэр, абыхэм адыгэбзэ фIэкIа ямыщIэу Тыркум зэрисаращ. Иджы дунейр нэгъуэщI хъуащ. Къалэ зэмылIэужьыгъуэхэм щызэбгрыкIащи, езыхэр зэхуэзэркъым, нэхъыбэм зэрахьэ бзэр къагъэсэбэп хъуащ. Интернет къудейм фIэкIа хэмытми, зэхъуэкIыныгъэкъэ?! Дыщыпсэу лъэхъэнэм и нэхъ революцэ ину къэслъытэр Интернетыр къызэрагупсысарщ. Абы Iуэху куэд дегъэкI, псэукIэр ирегъэфIакIуэ. Дэри ди лъэпкъым ифI къыпытхыфу къытхуэгъэсэбэпынут ар. Бзэр хъума хъунымкIэ, лъэпкъыр лъэпкъыу къызэтенэнымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэщ уи бзэкIэ къыдэкI газет, телевиденэ, радио лажьэу уиIэныр. Тыркуми къыщыдокI лъэпкъым и тхыдэр, щэнхабзэр, бзэр хъума хъунымкIэ тхыгъэ хьэлэмэт куэд къызытехуэ газет. Брам Алатин абыхэм ядолажьэ: «Сэ «Жьынэпс» газетым зы плIанэпэ сиIэу сыщотхэ. Мазэ къэс зэ къыдокI а газетыр, нэхъыбэу щэнхабзэращ зытепсэлъыхьыр. Сэ адыгэбзэкIи тыркубзэкIи согъэхьэзыр си тхыгъэхэр. Бзэм, псалъэм и къэхъукIэм щэнхабзэм теухуа тхыгъэхэр къытохуэ. Ди бзэм гуащIэшхуэ иIэщ. 2009 гъэм Мейкъуапэ щекIуэкIа конференцым сыхэтащ сэ. ЦIыху 26-рэ хуэдиз къыщыпсэлъащ абы, жаIари тхылъу къыдэкIыжащ. Сигу хэхъуауэ сыкъэкIуэжащ абы щыгъуэ. Илъэси 126-рэ дэкIат сэ си адэжьхэр хэкум зэримысыжрэ, сэ адыгэбзэм сыхуеджатэкъым, итIани шапсыгъ, къэбэрдей, нэгъуэщI диалектхэри къызгурыIуэу сыщIэсащ абы. Ар сэракъым зи фIыгъэр, бзэм и гуащIэращ зи фIыгъэр. Уи анэдэлъхубзэм зыкъыуегъащIэ, зыкъыпхуеIуатэ, зы псалъэм и мыхьэнэ дыдэр умыщIэми, къыбгуроIуэ. «Жьынэпсым» хуэстхыр нэхъыбэу зытеухуари аращ - бзэм зиужьа зэрыхъунырщ, лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнырщ, адыгэбзэр тIурылъынырщ».
Поделиться:
Читать также:
17.05.2026 - 11:34 →
КъБР-м щыIэ МВД-м къет
16.05.2026 - 12:26 →
ЗэпыщIэныгъэхэр Къэзан щагъэбыдэ
16.05.2026 - 10:00 →
Терроризмэм щэнхабзэр и бийщ
15.05.2026 - 17:26 →
Адыгэм и хьэщIэр быдапIэ исщ
15.05.2026 - 11:58 →
IэнатIэм зрагъэужь
| ||




