КъБР-м щыIэ МВД-м къет

                                                       

КъБР-м щыIэ МВД-м къет

                                       

Сом мелуани 4,5-м щIигъу IэщIахащ

 Урысей МВД-м Дзэлыкъуэ районым щиIэ къудамэм зыхуигъэзащ илъэс 47-рэ зи ныбжь, щIыпIэм щыпсэум икIи    махуэ зыбжанэ ипэкIэ имыцIыху гуэр абы и деж   псалъэу, езыр   «Роскомнадзор»-м и лэжьакIуэу щыту,     и ахъшэ гъэтIылъыгъэр бзаджащIэхэм IэщIагъэкIыну хэту  къыжриIащ. 

И мылъкур гъэпцIакIуэхэм ящыхъума хъун папщIэ,  зыкъыпызыщIам ар тригъэгушхуащ и ахъшэр «мышынагъуэ счет» жыхуиIэм игъэкIуэну. ГъэпцIакIуэм дзыхь хуищIри, цIыхухъум къыхуагъэлъэгъуа реквизитхэм  Iыхьэ-Iыхьэурэ сом мелуани 3,6-рэ игъэкIуащ.

Апхуэдэуи  гъэпцIакIуэхэм я лей къытехьащ илъэс 40 зи ныбжь налшыкдэсым. ЦIыхухъум къигъуэтащ гъущIхэкIхэр зэратхъунщI Iэмэпсымэ зэращэм теухуа хъыбар.   Ар зыщэ хуэдэм зыпищIэри, Iыхьэ зыбжанэурэ сом  1050000-рэ хуиутIыпщащ, адэкIэ  ар къепсэлъэжакъым, хъыбарегъащIэри ирихыжащ.     

  Уголовнэ Iуэхухэр къаIэтащ.    

 Хабзэхъумэ лэжьакIуэу зыкъагъэлъагъуэри

Налшык и полицэм зыхуэзыгъэза  къалэдэс  цIыхубзым  зэрыжиIамкIэ, гъэпцIакIуэхэм сом мелуан 12-м щIигъу IэщIагъэкIащ.

 Абы и деж имыцIыхур къэпсалъэщ, «Роскомнадзорым» и лэжьакIуэу жиIэри,  «Госуслуги» порталым щиIэ   аккаунтыр зэрыщакъутамкIэ хъыбар къригъэщIащ.  БзаджащIэм  тригъэщIащ цIыхубзым    и  банк счетхэм илъ ахъшэр хуит ямыщI    IэнатIэхэм я счетхэм ягъэкIуэну зэрыхэтам.    Махуэ зыбжанэкIэ   цIыхубзым деж  къэпсэлъахэщ  хабзэхъумэ органхэмрэ къэрал IэнатIэхэмрэ  я лэжьакIуэхэу къыжезыIахэр.    Ахэр къытегуплIэрт,  и мылъкур террорист зэгухьэныгъэхэм яхуиутIыпщыну зэрыхэтамкIэ шэч къыхуащIу. Апхуэдэ щIыкIэкIэ, лей зытехьам и гъэтIылъыгъэхэм щыщ Iыхьэр  «счет шынагъуэншэ» жыхуиIэм иутIыпщащ, къэнар  къыхуэкIуам Iэрылъхьэу иритащ.    ЦIыхубзым  фIэкIуэдащ сом мелуан 12-рэ мин 680-рэ.   

 Урысей МВД-м и Налшык управленэм    уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и 159-нэ статьям и 4-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ.

КъБР-м щыIэ МВД-м  къызэритщи, фи  ахъшэр «хъумэн» папщIэ  здэвгъэкIуэну  «шынагъуэншэ»,  счет хэхахэр щыIэкъым. 

 Урысейм и банкым, «Росфинмониторинг»-м, «Роскомнадзор»-м я лэжьакIуэхэр зэи псалъэркъым апхуэдэхэр хуагъэлъагъуэу.  

Къарузехьэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэри  цIыхухэм я деж псалъэркъым,  ягъэхьэзыр гъэпцIагъэм «щахъумэу»  я ахъшэр хъума хъун папщIэ  мышынагъуэ счет хуэдэм ягъэкIуэну хуагъэлъагъуэу.  

Къэрал IуэхутхьэбзэхэмкIэ е  БжыгъэхэмкIэ министерствэм я лэжьакIуэхэм я сервисыр къэзыгъэсэбэпхэм телефонкIэ  зыпащIэркъым, я кодхэм щIэупщIэркъым,  ссылкэхэм хуэкIуэнуи щIэлъэIуркъым.      

Хабзэхъумэ IэнатIэхэм е нэгъуэщI къэрал IуэхущIапIэхэм  я лэжьакIуэхэм къыфхуагъэлъэгъуэфынукъым  е къыфхуагъэувыфынукъым банк счетым ахъшэр къифхыу Iэрылъхьэу зыгуэрым  ефтыныр. 

 Набдзэгубдзаплъэу фыщыт, гъэпцIакIуэхэм защыфхъумэ!                           

  БАХЪСЭН Азэмэт.

Поделиться: