Щыгъыным куэд егъэпщкIу

 Дунейпсо щэнхабзэр мазэ зыбжанэ хъуауэ зыпэплъэ, «ШейтIаным щитIагъэр Прадэщ» фильмым и етIуанэ Iыхьэр кинотеатрхэм хуаутIыпщакIэщ. Стрип Мэрилрэ Хэтэуэй Аннэрэ Iэзэу щыджэгуа япэрейр илъэс 20 зэрырикъуам ищIыIужкIэ, хъыбарым пыпщэ хъунуи къыщIэкIащ.

«Срихьэжьащ», - жысIэмэ, пцIыщ. Фильмым уоплъыф, артист Iэзэхэмрэ абыхэм ящыгъ фэилъхьэгъуэ дахэхэмрэ куэд дыдэу уи нэгум щIагъэкI. Ауэ абдежым щеух. «Мыращ фильмым щекIуэкIыр», - жыпIэным нэскъым абы и зэхэлъхьэкIэр. ЗэрыжаIауи, ипэрейр тхылъым къытращIыкIамэ, мыр щхьэхуэу зэхалъхьа сюжетщ. Ауэ а псом дытепсэлъыхьын папщIэ, хъыбарым и пэм дывгъэгъэзэж.

 Фильмыр зытращIыкIар американ тхакIуэ Вайсенберг Лорен и тхылъщ, а цIэ дыдэр зэрихьэу. ИужькIэ тхакIуэ хъуа цIыхубзыр и щIалэгъуэм модэм епха «Вог» журналым щылэжьащ. Гупсысэ нэхъыщхьэу тхылъым къыщыIэтар унафэщI щхьэхуещэм удэлэжьэну зэрыгугъурщ. Иджыпсту зымыщIэ къэнэжакъым тхакIуэм и IэдакъэщIэкIым хигъэхьа Пристли Мирандэ «Вог» журналым и редактор нэхъыщхьэу илъэс куэдкIэ лэжьа Винтур Аннэ зэрытеухуар. ЩыгъыныфIкIэ зызыхуапэ «шейтIан» хъужри аращ. А цIыхубзым и Iулыджыр апхуэдизкIэ инти, уеблэмэ фильмыр щагъэувым дэрбзэр цIырыIуэхэр артистхэм ядэлэжьэну шынэрт.

«Сэ Винтур Аннэкъым къэзгъэлъэгъуар, - пэж шэкъэуэжыр Iэзэу трилъэщIащ Стрип Мэрил. - Сэ Аннэ хуэдэуи сыгубзыгъэкъым, абы хуэдэуи дахэу зысхуапэркъым. Си хьэлыр зытесщIыкIар унафэщIу сиIахэрщ, ахэр псори цIыхухъут».

Фильмым и лъабжьэм щIэлъ хъыбарым унафэщI щхьэзыфIэфI псори уигу къегъэкIыж. «Подиум» журналым и редактор нэхъыщхьэм и секретару ува Сакс Андреа (зыгъэзащIэр Хэтэуэй Эннщ) улахуэ зрат пщылI мэхъу, жэщ-махуэ сыхьэт 24-м и щхьэ Iуэху зэрихуэну Iэмал къыхуэмынэжу. Пщэдджыжь къэс хъыджэбзым и Iэнэм къытридзэ кIагуэм деж щегъэжьауэ, пщэдей хуэдэм къыдэкIыну тхылъыр гуащэм и бынхэм нобэ къахуигъуэтын зэрыхуейм деж щиухыжу, унафэщI кIуэцIрыкъэм хъыджэбзыр гущIэгъуншэу иреудых, ауэ модрейм и IэнатIэр игу пыкIыркъым. СытынкIи хъуну хъыджэбзым апхуэдэ псэукIэр къыщIыхихыр? Щыгъын ехьэжьахэр пщIэншэу къызэрыIэрыхьэми, нэхъ екIуу зихуапэу зэрыхъуами, къилэжь ахъшэми я IэфIыр щIех Андреа и унафэщIым цIыхугъэ зэрыдимылъагъум. «ЦIыхушхуэм псори къыхуэгъупхъэу» къалъытэ нэхъыбэм. Езыри зыкъомрэ абыхэм жаIэм ирегъэкIуэт. Мирандэ и хьэтырыр апхуэдизкIэ инщи, «дэтхэнэ хъыджэбзри зыщIэхъуэпс IэнатIэм» пэлъэщмэ, зы илъэс закъуэкIэ зыкъыIуримыгъэхумэ, тхакIуэ хъуным щIэхъуэпс Андреа и гъуэгу псори зэIукIынущ, зэхъуапсэ журналми къащтэнущ. АрщхьэкIэ игу тригъахуэр къыхуэнэм нэхърэ зэрынэхъыбэм гу лъитэн ипэкIэ, хъыджэбзым и ныбжьэгъури, и щIалэри, и адэ-анэм я арэзыныгъэри, и щIалэгъуэри IэщIокI. Андреа зыкъыщищIэжыр зыми щытхъу зи мыхьэл и унафэщIым: «СыщыщIэлам сызэрыщытам узогъэщхь», - къыжриIа нэужьщ.

Тхыльми абыкIэ ягъэува фильмми мыхьэнэ нэхъыщхьэу щIалъхьэр модэм и дуней щIэращIэм щекIуэкI гъащIэ гущIэгъуншэр наIуэ къызэращIырщ. ИкIэри ипэри щыгъынкъэ апхуэдиз гулъытэ зыгъуэтар? Абы мыхьэнэшхуэIуэ зэрыратыр тIуми я щIагъыбзэ хуэдэу щытщ. Псалъэхэр хэIэтыкIарэ пэт, рекламэншэ мыхъу къуэкIыпIэ щэнхабзэм и IэбэкIэми гу лъумытэну гугъущ. Яуб защIурэ, уи нэм езыхэм я псэукIэр къыщIаIу жыпIэмэ, ущыуэнукъым.

«Мыр зытеухуар цIыхур лэжьыгъэм зэрипIытIырщ, - жеIэ зи цIэр къытхуэмыгъуэта «юрист гуэрым». – Хъыджэбзыр и гуращэм кIэлъеIэ щхьэкIэ, и гум фIыуэ илъа псори щагъэгъупщэж къыхуагъэув Iэмалхэм. Ипэм деж Андреа гугъу йохь, ауэ абы и гур лэжьыгъэр къызэрехъулIэм, Мирандэ хуэдэ унафэщI ткIийр арэзы зэрищIыфым хегъахъуэ, уеблэмэ зыкъезыгъэщIэжыну хэт и ныбжьэгъухэр къефыгъуэу, зэрехъулIар ягу темыхуэу къыщохъу. АрщхьэкIэ редактор нэхъыщхьэм «сэ узэщхьщ» къыжриIа нэужь, абы цIыхугъэншагъэр гъащIэ хабзэу зыгъэува Мирандэ зэрыдэлэжьэфым и зэранкIэ, и насыпри, и напэри зэрыфIэкIуэдыр къыгуроIуэжри, «хъыджэбз псори зыщIэхъуэпс IэнатIэм» IуокIыж. ИпэжыпIэкIэ «зыужьыныгъэ» абы зыфIищар Мирандэ и дуней тетыкIэрт. Ар арэзы щIын хуей цIыху? Абы узыхишэ дунейр пэж? А упщIэхэр и пащхьэ къиува нэужь, Андреа жэщми махуэми къеуэ и телефоныр псым хедзэри мэтыншыж.

Фильмым и етIуанэ Iыхьэ къыдэкIагъащIэм Мирандэрэ Андреарэ аргуэру щызэIуощIэ. Иджы абыхэм я журналыр тхылъымпIэм къытехуэ тхыгъэхэм пщIэ щамыIэж зэманым кърагъэлыну къапэщылъщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, мы теплъэгъуэ мелуанырыбжэм и пщIэр зэкIуэлIэжыр роль нэхъыщхьитIыр зыгъэзащIэ артисткэхэр Iэзэу зэрыджэгурщ. ЕтIуанэ Iыхьэр Винтур Аннэ и пщIэр яIэтыжым ещхьу зэхалъхьащ. Ауэ ар урысыбзэкIэ зэзыдзэкIахэм яIэщIэкIар сыт жыпIэмэ, роль нэхъыщхьэр «къэзыгъэпсэлъа», Урысейм къыщыдэкI «Вог» журналым и унафэщI Хромченкэ Эвелинэ и макъым Стрип и джэгукIэ Iэзэм фIыуэ зэрыкIэригъэхурщ.

2012 гъэм хъыбар гъэщIэгъуэн къэIуауэ щытащ Стрип Мэрил адыгэ щылъху хуэдэу, зыгъэIуари езырауэ. Мыр зыми и фIэщ тщIыну дыхэткъым, уеблэмэ тфIэгъэщIэгъуэныщэуи щыткъым, ауэ къызэрекIуэкIар жытIэжынщ. Америкэм щыпсэу, Тыркум икIа дохутыр Оз Мехмет зэриIуэтэжымкIэ, езымрэ Стрипрэ «Америкэм и нэкIухэр» нэтыным зэгъусэу хэтати, абы щрагъэкIуэкIа ДНК къэпщытэныгъэм а тIури тырку сулътIан Мэхьмуд ЕтIуанэм и сэрейм щаIыгъа хъыджэбз Айшэ къытехъукIауэ къахутащ. Ар Кавказым, Шэрджэс Хэкум ирашри сулътIаным и хьэрэмым яшауэ арати, I839 гъэм унафэр яхъуэжу хъыджэбзхэр сэрейм щIагъэкIыжа нэужь, Айшэ гъунэгъу мэжджытым и Iимамым дэкIуауэ щытащ. Мыр цIыхухэр ягъэдыхьэшхын папщIэ къагупсыса, хьэмэ нэтыным и пщIэм зрагъэIэтыну хуейуэ зэхалъхьа шыпсэ? Зи фIэщ хъум къэхутэныгъэм пищэну хуитщ. Ауэ Стрип Мэрил пщIэ зыхуэфащэ бзылъхугъэу зэрыщытым и щыхьэт куэд жылагъуэ хъыбархэм къыхохуэ, езыри американ цIыхубэм фIыуэ ялъагъу, Палестинэм къыщхьэщыжхэм язщ.

Зи гугъу тщIы фильмым гу лъыттэн хуей щIэхъуа щхьэусыгъуэми дынэсащ. Андреа и ролыр зыгъэзащIэ Хэтэуэй Энн интервью гуэр итрэ пэт, «Тхьэм жиIэмэ, сэ гъащIэ кIыхь, гъащIэ дахэ къэзгъэщIэну си мурадщ» жиIа хъуащ. «Тхьэм жиIэмэ» псалъэхэр инджылызыбзэм зэрыхэувар «Инша Аллахь» жыIэкIэмкIэти, актрисэр фIыуэ зылъагъу муслъымэнхэм ар гулъытэншэу къагъэнэфакъым, уеблэмэ КъурIэныр тыгъэу зэрыратам и хъыбари интернетым къыщывгъуэтынущ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: