Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Ныкъуэдыкъуэхэм я IуэхухэмкIэ щыIэ советым, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 2015 гъэм шыщхьэуIум и 24-м къыдигъэкIа Указ №110-УГ-мкIэ къищтам, зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэным и IуэхукIэ
 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
 

1. Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Ныкъуэдыкъуэхэм я IуэхухэмкIэ щыIэ советым, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и деж Ныкъуэдыкъуэхэм я IуэхухэмкIэ щыIэ советым хагъэхьэхэм ятеухуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм 20I5 гъэм шыщхьэуIум и 24-м къыдигъэкIа Указ №110-УГ-мкIэ къищтам, мы къыкIэлъыкIуэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэн: 
а) Советым хэгъэхьэн мы къыкIэлъыкIуэхэр: 
Бэрэгъун Р.Хь. - «Ныкъуэдыкъуэхэм я Урысейпсо зэгухьэныгъэ» Урысейпсо жылагъуэ организацэм и Къэбэрдей-Балъкъэр республикэ къудамэм и унафэщIыр (зэрызэгурыIуам тету)
Бозий А.Р. - КъБР-м бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ, связымрэ цIыхубэ зэпыщIэныгъэхэмкIэ и министрыр 
Дал Д.П. - Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэ и лъэныкъуэкIэ къащхьэщыжынымкIэ и министрым и къуэдзэр (Советым и секретарщ);
Майоровэ Т.В. - «Нэфхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэ» ныкъуэдыкъуэхэм я урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм, ГуащIэдэкI Бэракъ Плъыжь орденыр зезыхьэм, и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэр (зэрызэгурыIуам тету)
б) Советым къыхэгъэкIыжын ВэрылI В.З., Романовэ Е.В., Шэрджэс Л.И. сымэ. 
2. Мы Указым къару егъуэт абы Iэ щыщIэздза махуэм щегъэжьауэ. 

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ  КIУЭКIУЭ Казбек
Налшык къалэ
2026 гъэм гъатхэпэм и 18-м
№24-УГ

Поделиться: