АдыгэбзэкIэ лъэпкъым и дунейм тепсэлъыхьыну зыфIэфIхэм къызэрагъэпэщащ «Псалъэ» клубыр. Гупыр тхьэмахуэ къэс зэхуос, лъэпкъым и гурыгъузхэм, бзэм, щIэныгъэм, литературэм, гъуазджэм, щэнхабзэм, адэжь щIыналъэм анэдэлъхубзэкIэ тепсэлъыхьын папщIэ. Мыбдеж дэтхэнэми и еплъыкIэ тыншу щыжеIэ, гукъэкIыжхэм щыхохьэж, щочэнджащэ, щогупсысэ, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ щызэпелъыт.
«Псалъэ» клубым и зы зэхуэсыгъуэм щытепсэлъыхьащ сабиигъуэм: а зэманым нэхъ лъапIэу хэтхэм, сабиигъуэ гукъэкIыжхэм балигъ гъащIэм щаубыд увыпIэм, адыгэ сабийр нэхъ зыхуэгъэсапхъэхэм, нэгъуэщIхэми. Сабиигъуэ хъуэпсапIэхэм, дэтхэнэми щыцIыкIум IэщIагъэу къыхихыну хуеямрэ къыхихамрэ зэтехуэу хэтхэм, сабиигъуэм нэхъ зыдихьэхыу щытахэм я гугъу ящIащ. Къэдгъэлъэгъуэну дыхуейщ зэхуэсахэм я гупсысэ щхьэхуэхэр.
Сирием къиIэпхъукIыжа Хьафиз (Тхьэркъуахъуэ) Хъалид щыцIыкIум макъамэ Iэмэпсымэхэм дахьэхырт. Скрипкэм зыхуигъэсауэ щытащ, иужькIэ гитарэри къигъэIэрыхуащ.
- Илъэсих сыхъуу арагъэнт макъамэ Iэмэпсымэхэм къизгъэкIыфIауэ зезгъэсэну сыщехъуэпсам. Ди унэм щIэтт синтезатор - ар зэзгъэщIащ япэу. Ауэрэ, си къуэш нэхъыжьым гитарэ къищтати, абыи сыдэплъеящ, - жеIэ.
Сирием къикIыжу Хэкур псэупIэ зыхуэхъужа макъамэдж, уэрэджыIакIуэ, егъэджакIуэ Аппеш Бибарс и сабиигъуэ хъуэпсапIэу щытащ космонавт хъуну. Абы нэмыщIи, унафэ щIыныр игу ирихьырти, президент хъунуи хуейт.
- Сирием дохутыр IэщIагъэр щыцIэрыIуэщ, ар куэдым я хъуэпсапIэщ. Сэ абы сыдихьэхакъым зэи. Си гупсысэхэр уэгумкIэ щыIэрейт сыщыцIыкIум - уафэр, вагъуэхэр, мазэр си нэгум щIэтт, - жиIащ абы.
- Си адэшхуэри си анэри университетым щылажьэрт, тхыдэр ирагъэджырт. Абыхэм сакIэлъыплъурэ егъэджакIуэ IэщIагъэм сесат сэри. СыщыцIыкIум куэдрэ сыздашэрт университетым. Си адэ къуэшым ипхъумрэ сэрэ дыщыцIыкIум «школ» фIэтщауэ зы джэгукIэ диIэт. Сыхъуащ егъэджакIуэ. Си анэшхуэр радиом щылажьэрти, абы сыкIуэрт, сыкIэлъыплъырт, сфIэгъэщIэгъуэнт ищIэхэмрэ жиIэхэмрэ. Журналист лэжьыгъэми сыпэрытащ. ЗыгуэркIэ филологиер къыхэзмыхамэ, гъуазджэм нэхъ тезгъэщIэну къыщIэкIынут. Интернет напэкIуэцIхэр цIыхухэм ягъэлэжьэну Iэмал щыIэ зэрыхъурэ, сэ ар къызогъэсэбэп - каналхэр согъэлажьэ, щIэныгъэм, литературэм, гъащIэм сытопсэлъыхь, - жеIэ филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, урыс хамэ къэрал литературэмрэ журналистикэмкIэ кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ.
Шэру Залинэ ехъуапсэу щытащ артист е юрист хъуну. ЕгъэджакIуэ хъуащ.
- Си адэ шыпхъум и щхьэгъусэр нэмыцэт, макъамэджт. Япэ дыдэу пшынэ цIыкIу къыщытхуихьам щыгъуэ илъэситху сыхъуу арат. Си дэлъхухэмрэ сэрэ «концерт программэ» зэхэдгъэувэрт, тхылъымпIэ напэм теттхэрти, хьэблэм пшыхь цIыкIу къыщызэдгъэпэщт. Нэхъ дыкъыдэкIуэтея нэужь, «ди концертым» тфIэфIу хэдгъэхьауэ щытащ «Си къуэш-си пщафIэ» уэрэдыр, - игу къегъэкIыж Залинэ.
СурэтыщI Жэбалы Заирэ щыцIыкIум и хъуапсапIэт тхакIуэ, макъамэдж е егъэджакIуэ хъуну.
- СыщыцIыкIум зэзэмызэ усэ цIыкIухэр стхыуэ, къэзгупсысурэ шыпсэхэр зэхэслъхьэу щытащ. Ауэ зэи зыми сыкъехуеджэртэкъым - згъэпщкIурт. Макъамэ къэгъэIурыщIэнми сехъуапсэрти, пианинэ сеуэу зезгъэсащ - илъэскIэ сфIэфIу сыхуеджащ абы гъуазджэмкIэ школым. Си анэр зэрыегъэджакIуэм къыхэкIыу, а IэщIагъэми сехъуапсэрт. Сурэт щIыным сыдихьэхырт сытым дежи - дэтхэнэ хъыджэбз цIыкIуми и хьэл си гугъэщ къэрэндащхэр иIыгъыныр. Мы зэманым сурэт щIыныр си IэщIагъэщ, сурэт щIыным сабийхэр хузогъасэри, сыегъэджакIуэуи жыпIэ хъунущ. Сурэту сщIыхэм лъабжьэу яIэщ псысэ цIыкIухэр, ауэ ахэр сэ зэи зыщIыпIэ деж щыстхыркъым, си щхьэм илъ мыхъумэ.
Жэбалы Заирэ и сурэтхэр республикэм щыпсэухэм ягу дохьэ, ящэху. Ар ядолажьэ гъуазджэм дихьэххэми. Псалъэм папщIэ, зыбжанэрэ абы и сурэтхэмкIэ игъэщIэрэщIащ макъамэ альбом.
- Япэ классым дыщыщIэсым егъэджакIуэр къыдэупщIырт псоми «хэт фыхъуну фыхуей ин фыхъумэ?» жиIэу. Дохутыр, егъэджакIуэ, мылицэ, гузехуэ, пщафIэ хъуну хуейт си ныбжьэгъу цIыкIухэр. «Сэ дахэ сыхъуну сыхуейщ», жысIэу сыщыст абы щыгъуэ сигукIэ. Ауэ къыщызэупщIым, сыукIытэри, сызыхуэмей гуэр жысIауэ щытащ. ЕплIанэ класс сыхъуа нэужь, сехъуапсэу щIэздзащ журналист сыхъуну. Уеблэмэ зэгуэр сочиненэм хэстхауэ щытащ Усамэ бен Ладен интервью къеIысхыну сызэрыщIэхъуэпсыр. Ди унагъуэм сыщыцIыкIум «къыщыдэзгъэкIырт» «БищIо» зыфIэсща газетыр, - и гукъэкIыжхэмкIэ зэхуэсахэм ядэгуэшащ адыгэбзэмкIэ егъэджакIуэ БищIо Ася.
Ася и шыпхъу нэхъыщIэ БищIо Азэ щыцIыкIум тыкуэнтесу джэгуу щытащ. И адэм Iэнэ цIыкIу ищIати, ар уэрамым къыдихырт, хьэпшыпхэр тригуашэрти, езыри пэрытIысхьэжырт.
Къэжэр Хъадижэ егъэджакIуэщ, филологие щIэныгъэ иIэщ.
- УщыцIыкIум деж IэщIагъэ куэдым уохъуапсэ. Сэри сиIащ сабий гупсысэ куэд. Си адэр еплъыну фIэфIт Брюс Ли зыхэт кинохэм. Арати, сэри каратем сехъуапсэрт. Си адэм интерьер проектхэр ищIырти, сытым дежи сурэт тхыпхъэхэр иритхъэу слъагъурт. Аурэ, сэри сурэт сщIыну сфIэфI сыхъуат. Си анэр дэрбзэрти, сэри а IэщIагъэм сыхуейуэ жысIэрт. Ауэ зэи сегупсысакъым егъэджакIуэ сыхъуну. Ебланэ классым сыщIэсу сурэт щIынымкIэ, къафэмкIэ щыIэ гупхэм сыкIуащ тIэкIурэ. Ауэ апхуэдэ дыдэу нэхъуеиншэу сыдихьэхакъым. - жеIэ.
«Псалъэ» клубым щызэхуэсахэм жаIащ сабиигъуэм епха гукъэкIыжхэм ухэзышэж уэрэдхэм уедэIуэну, таурыхъхэм уеджэну, джэгукIэхэр уи нэгу къыщIэбгъэхьэжыну зэрыгуапэр.